Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм и ветеран Къаншыкъуей Риммэ илъэс 80 зэрырикъуамкIэ ехъуэхъуащ

Нобэ илъэс 80 щрикъу юбилей махуэр егъэлъапIэ егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм и ветеран, СССР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ Къаншыкъуей Риммэ.

Риммэ Хьэмид и пхъум илъэс 50 лэжьыгъэ гъуэгуанэ кърихьэкIащ, абы щыщу илъэс 33-кIэ Аруан районым хыхьэ  Нарткъалэ  дэт  курыт  еджапIэ  №1-м  щылэжьащ, нэгъуэщI къэралыбзэ егъэджынымкIэ абы зэхилъхьа методикэр къэрал псом къыщалъытащ. Къаншы-                      къуей Риммэ ди республикэм и цIыхухэм ящыщу игъэсар щIэблэ зыбжанэ мэхъу, абы иджырей егъэджа­кIуэхэр доплъей.
«Илъэс куэдкIэ хьэлэлу зэрылэжьам папщIэ ГуащIэ-дэкI Бэракъ Плъыжь орденыр къратащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахащ. 1986 гъэм ар иратхащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и ГуащIэдэкI щIыхь» республикэ щIыхь пхъэбгъум. Узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэ­ныгъэ, гукъыдэж уиIэну, насыпыфIэу илъэс куэдкIэ упсэуну си гуапэу сынохъуэхъу!», - къыщыгъэлъэгъуащ щIыналъэм и унафэщIым и хъуэхъу тхыгъэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа УказымкIэ Къаншыкъуей Риммэ Хьэмид и ­пхъум иратащ республикэм и наградэ нэхъыщхьэр - «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIы­щIэм папщIэ» орденыр.
 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.

18.07.2026 - 13:25

ЗыгъэпсэхупIэхэр къагъэщIэрэщIэж

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ ирагъэкIуэкIащ къэралым и Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъэм и

18.07.2026 - 09:03

Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссар Пахомов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ «мобилизационный резерв» зыфIаща Iуэхур республикэм зэрыщекIуэкIым. 

18.07.2026 - 09:03

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.