КIуэкIуэ Юрий Собянин Сергей ехъуэхъуащ Москва и Iэтащхьэм и хэхыныгъэм зэрыщытекIуамкIэ

«ПщIэ зыхуэсщI Сергей Семён и къуэ!
Къэбэрдей-Балъкъэрым ­и Парламентымрэ Правитель­ствэмрэ я цIэкIэ, си щхьэ-кIэ сэ къызбгъэдэкIыу си ­гуапэу сынохъуэхъу хэхы­ныгъэм ущытекIуэу Москва и Iэтащхьэу аргуэру узэрыхахыжамкIэ.
ХэхакIуэхэр узэрителъхьэр и щыхьэтщ Москва щып­сэу­хэм я гъащIэр егъэфIэкIуэ­ным хуэгъэзауэ ебгъэкIуэкI лэжьыгъэр нэрылъагъуу къы­зэрыбдаIыгъым.
Уэ уи унафэм щIэту Москва дуней псом щыIэ къалащхьэ нэхъ дахэхэм икIи иджырейхэм ящыщ хъуащ. Лэжьыгъэшхуэ йокIуэкI ар зэIузэпэщ щIыным, и тхыдэ теплъэр ­хъумэным, транспортымкIэ инфраструктурэм зегъэу-жьы­ным, инвестицэ, социаль­нэ проект инхэр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ.
Мамырыгъэ, насып, ефIэ­кIуэныгъэ уиIэну, зыхуэбгъэувыжа къалэнхэр нэсу бгъэ­зэщIэну си гуапэщ!», - къыщыгъэлъэгъуащ хъуэхъу тхыгъэм.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.