Къэрал дэIэпыкъуныгъэр зэрыщытам хуэдэу къэнэн папщIэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм  хэтхэм  ягъэзэщIэн щIадзащ ­ пенсэ ныбжьым нэблэгъахэр социальнэ дэ­Iэ­пыкъуныгъэрэ льготэкIэ къызэ­гъэ­­пэщыным ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыхъумэным теухуауэ УФ-м и Президент Путин Владимир къахуищIа пщэ­рылъхэр.

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къуда­-мэм и секретарь, КъБР-м и Парламентым  и УнафэщIым и къуэдзэ АфэщIа­гъуэ Михаил жиIащ фракцэм хэтхэм ­къазэрыгурыIуэр пенсэм щысхэм гулъытэу хуащIымрэ зэрадэIэпыкъумрэ егъэ­фIэкIуэн зэрыхуейр.
- УФ-м и Президент Путин Владимир 2018 гъэм шыщхьэуIум и 29-м цIыхухэм Зэрызахуигъэзам къыщытеувыIащ къэ­ралым и пенсэ ухуэкIэр нэхъ тынш зы­щIыну зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэм. Абыхэм ящыщ зыр льготэхэр зэратым теу­хуащ, - жиIащ АфэщIагъуэм. - Къэралым  и   УнафэщIым  къыхилъхьащ пен­сэр зэрагъэув хабзэм халъхьэ зэ­хъуэкIыныгъэхэр и кIэм нэсу зэтеувэху, 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 31 пщIондэ тещIыхьауэ лажьэ федеральнэ льготэхэр зэрыубзыхуам хуэдэу къагъэнэжыну. Абы щыгъуэм льготэхэр пенсэм кIуа и ужькIэ мыхъуу, илъэс бжыгъэ хэхам щынэсым ягъэувыну хуитщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, льготэ яIэну хуитщ  цIы­хубзхэр илъэс 55-рэ ирикъуа нэужь, цIыхухъухэр - илъэс 60. Абы къикIращи, абыхэм я унэм, фэтэрым, жыг хадэм щхьэщатыкI налогыр пенсэм мыкIуэ щIыкIэ ятынукъым. Мыпхуэдэ Iуэху бгъэ­дыхьэкIэм арэзы техъуащ Урысей Фе­дерацэм и щIыналъэхэм я унафэщIхэри «Урысей зэкъуэт» партым и лIыкIуэхэ-        ри. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­­кIуэ Юрий мы Iуэхум теухуауэ жиIащ «ди лъэныкъуэкIи псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, унэхэр зэрызэрагъэпэщыжым щIат уасэм, хущхъуэ къэщэхуным трагъэкIуадэм, нэгъуэщIхэми епхауэ яIэ ­льготэхэр зэрыщытам хуэдэу къызэрынэнур».
«Зи ныбжь нэсахэм (илъэс 60 хъуа цIыхухъухэмрэ илъэс 55-рэ ирикъуа цIы­хубзхэмрэ) республикэ унафэкIэ щыIэ хуэгъэкIуатэхэр яхуэгъэувыным теухуауэ» АфэщIагъуэ Михаил къэпсэлъа нэужь, «Урысей зэкъуэт» партым и де­путатхэр зэгурыIуащ КъБР-м и Парламентым къыщыхалъхьэну «Пенсэ ныбжьым нэмысахэм къэрал дэIэпыкъу­ныгъэу ягъуэтынум теухуауэ» КъБР-м и Хабзэм и проектыр.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жи­Iащ: «Нобэ ди къалэн нэхъыщхьэр пенсэ ныбжьым нэблэгъахэм защIэдгъэ­къуэнырщ. Абы къыхэкIыу тфIэкъабылщ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыху щхьэхуэхэм къэрал социальнэ ­дэ­Iэпыкъуныгъэ етыным теухуауэ» Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХабзэмкIэ цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэр ­пенсэ ныбжьым нэса иужькIэ мыхъуу, илъэс бжыгъэ хэхам тещIыхьауэ къагъэсэбэпыфу тщIыну, ахэр зыхуэдэнур дгъэбелджылыну».
Зи гугъу ящIа Хабзэм и проектым хэплъэнущ фокIадэм и 27-м, КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэм.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.