Афганистан - мыкIыж уIэгъэ.

Советыдзэхэр Афганистаным къы­зэ­рырашыжрэ мазаем и 15-м илъэс 31-рэ ирикъуащ. А махуэм ирихьэлIэу республикэм и къалащхьэм, щIыналъэхэм щекIуэкIащ абы теухуа Iуэхухэр.
Урысей МВД-м Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм и кадет классым щеджэхэмрэ Нарткъалэ и курыт еджапIэ №6-м и «НыбжьыщIэ армэ» зэщIэхъееныгъэм хэтхэмрэ пап­щIэ къызэрагъэпэщащ «Афганистан - мыкIыж уIэгъэ» зыфIаща лIыгъэм и дерс.
Iуэхум кърихьэлIащ Афганистаным ­ще­кIуэкIа зауэм и ветеранхэу, лейтенант нэхъыжьу полицэм къыхэкIыжа Бе­къул Аслъэн, Зыхьэ Арсен, Iусен Мустэфа, Жылэтеж Мухьэмэд сымэ.
Дзэм хэтахэм школакIуэхэр ща­гъэ- ­гъуэзащ а зэман мытыншым, ядэгуэшащ зэхэуэхэм щыIам ягъуэта гъэунэхуныгъэмкIэ, теп­сэ­лъыхьащ Афган зауэм и мыхьэнэм. ­Абыхэм къытщIэхъуэ щIэблэр къыхураджащ мамырыгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта ­зауэлIхэм я фэеплъым пщIэ хуа­щIыну.
Къызэхуэсахэр едэIуащ «Голубые береты» гупым игъэзэщIа уэрэдым. Кадет классым и унафэщI Рябкинэ Татья­нэ еджакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ яхутеп­сэлъыхьащ 1985 гъэм Афганистаным къы­­щызэрагъэпэща 350-нэ полкым и десантхэр зыхыхьэ «Голубые береты» гу­пым, ар цIэрыIуэ зэрыхъуам.
Ветеранхэм я дежкIэ а зэхыхьэр хъуат гу­къэ­кIыжхэм я махуэ Къызэхуэсахэм фIыщIэ хуащIащ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ, полицэм и майорхэу ЛIыжьыкъуэ Азнауррэ Къармэ На­тальерэ.

Дыгулыбгъу Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.