Пенсэ ныбжьым нэблэгъахэм зыщIагъэкъуэн папщIэ

КъБР-м и Парламентым и Прези­диумым 2018 гъэм и бжьыхьэ лэжьэ­гъуэм и япэ зэIущIэр екIуэкIащ. Ар къы­щызэIуихым, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ бжьыхьэ сессиер нэхъ кIэщIми, ар ­Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIауэ зэрыщытынур.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Пенсэ ныбжьым нэблэгъахэм ягъуэтыну къэ­-рал дэIэпыкъуныгъэм теухуауэ» КъБР-м и Хабзэм и проектым. «Урысей зэкъуэт» фракцэм и Iэтащхьэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ АфэщIагъуэ Михаил жиIащ а законопроектым къызэрыщыгъэлъэгъуар «Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и цIыху щхьэхуэ­хэм къэрал, социальнэ дэIэпыкъуныгъэу иратым теухуауэ» КъБР-м и Хабзэм щIигъэбыдэ хуитыныгъэр цIыхухъур илъэс 60, цIыхубзыр - илъэс 55-рэ хъуамэ зэ­раIэрыхьэнур. Законопроектым елэжьа нэужь, КъБР-м и Парламентым и зэIущIэм щыхэплъэнущ.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ КъБР-м и ­хабзэхэм я проект зыбжанэм: «Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и къэрал ­къулыкъухэм я Реестрым зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъхьэным теухуауэ», «ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ цIыхубэ кIэлъыплъыныгъэм ехьэлIауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Хабзэм къару имыIэжу къэ­лъытэным и IуэхукIэ», «Пенсэм социаль­нэ ахъшэ дыщIагъун папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм пенсэм щыс и цIыхур 2019 гъэм ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинур убзыхуным ­теухуауэ», нэгъуэщIхэми. ИужьреймкIэ я мурадщ КъБР-м пенсэм щыс цIыхур 2019 гъэм ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ ды­-дэу зыхуей ахъшэр УФ-м и федеральнэ законым щагъэбелджылам хуэдиз ящIыну.
Депутатхэр хэплъащ «Урысей Федерацэм и граждан процессуальнэ кодексым и 63-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным и IуэхукIэ» федеральнэ законым. Законопроектыр теухуащ судым и унафэр зэрагъэзащIэ щIыкIэр пыухыкIауэ зэрамыгъэбелджылам къишэ гугъуехьхэр гъэзэкIуэжыным.
ЗэIущIэм щызэпкърахащ федеральнэ хабзэхэм я проектхэр, законодательнэ жэр­дэмхэр, УФ-м адрей и щIыналъэхэм КъБР-м и Парламентым зыкъызэрыхуа­гъэзахэр.
КъБР-м и Парламентым къыкIэлъыкIуэ и зи чэзу зэIущIэр фокIадэм и 27-м ще­кIуэкIынущ.
 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.