ЕхъулIэныгъэм хущIэкъухэр

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Фе­дерацэмкIэ и Советым ЩIалэгъуалэ п­алатэм хэтхэм я зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы ирихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутат Марьяш Нинэ.

ФедерацэмкIэ Советым и унафэщI Матвиенкэ Валентинэ илъэситху хъуауэ палатэм хэтхэм ехъуэхъуащ. Абы къыхигъэщащ щIалэгъуалэм а зэманым къриубыдэу я Iуэху еплъыкIэмрэ мурадхэмрэ пхагъэкIыфу зыкъызэрагъэлъэгъуар. Мат­виенкэ Валентинэ жиIащ я щхьэ Iуэху закъуэм трамыщIыхьу, щIалэгъуалэр сэ­бэп хъуну зэрыхущIэкъур, жылагъуэ, политикэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтыр.
«Политик ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым­рэ жэуаплыныгъэмрэ елъытащ Урысейм къэ­кIуэну зэманым зэрызиужьынур», - къыхигъэщащ абы.
Матвиенкэ палатэм хэтхэм фIыщIэ яхуи­щIащ сабиигъуэр, щIыуэпсыр хъу­мэным, унагъуэщIэхэм защIэгъэкъуэ­ным, нэгъуэщI Iуэхухэми ахэр жыджэру зэрыхэлэжьыхьам папщIэ. ЕхъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэу абы къигъэлъэгъуащ «Урысей Федерацэм и къэ­рал щIалэгъуалэ политикэмрэ щIалэ­гъуалэмрэ ятеухуауэ» Федеральнэ Законым и проектым ахэр зэрелэжьар икIи къэкIуэну зэманым Урысейм и Прави­тельствэр абы хэплъэу Къэрал Думэм иригъэхьыну зэрыщыгугъыр.
КъищынэмыщIауэ, Матвиенкэ Валентинэ къыхилъхьащ къэралым и щIыналъэхэм щIалэгъуалэ политикэр щегъэ­фIэкIуэным ехьэлIауэ хабзэр зэрырагъэфIэкIуэнум ахэр егупсысыну. Абы зэрыжиIамкIэ, щIалэгъуалэм нэхъ мы­хьэнэ иIэу къыхалъхьэ жэрдэмхэр пхагъэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъунущ сенаторхэри, комитет хэхахэм хэтхэри, ФедерацэмкIэ Советым и аппа­ратри.
ЩIалэгъуалэр тепсэлъыхьащ «Сабиигъуэм и илъэсипщI» программэм иджы­-ри хагъэхьэ хъунумрэ абы теухуауэ щыIэ хабзэм дэщIыгъужыпхъэхэмрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.