ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ ди щIыналъэр пашэщ

«Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, КъБР-м и Парламентым ще­дэIуащ «КъБР-м дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным и IуэхукIэ» рес­публикэ Законыр зэрагъэзащIэм. 

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, щIыналъэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ къыхалъхьа Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр: «Урысей Федерацэм и Президентым мызэ-мытIэу къыхигъэщащ щIыуэпс зэIузэпэщыныгъэр лъэпкъ шына­гъуэншагъэмрэ жылагъуэ зэпIэзэры­тыныгъэмрэ къыгуэхыпIэ зимыIэ я Iыхьэу зэрыщытыр. Дыкъэзыухъу­реихь дунейр хъумэным къэралми жылагъуэми я къарур щызэщIагъэу­Iуэн ­хуейщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр ­хъумэнымрэ абы и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ ехьэлIа Iуэхухэр зэфIагъэкI федеральнэ, республикэ хабзэхэмрэ мардэхэмрэ тету, УФ-м и Президентымрэ Правительст­вэмрэ пщэрылъ къытщащIахэр и лъабжьэу. Псалъэм папщIэ, «ЩIыуэпс зэIузэ­пэщ» къэрал программэр ягъэзащIэ. Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр мэкъумэш-турист щIыналъэу къалъытэ. Промышленнэ IуэхущIапIэ инхэмрэ кIэрыхубжьэ­рыху­хэм епха гугъуехьхэмрэ зэры­щымыIэм и фIыгъэкIэ республикэм щIыуэпсыр хъума щохъу. Ауэ абы къыдэкIуэуи зэфIэхын хуей гугъуехьхэр щыIэщ. Ар, псом япэрауэ, псыхэр зэрауфIейрщ, псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэм я щытыкIэрщ. Гугъуехь  зыпыщIащ жы­лагъуэм и кIэрыхубжьэрыхухэр гъэ­кIуэдыныр. Абы епхауэ мыхьэнэшхуэ иIэщ мы гугъуехьхэр зэфIэхыным жылагъуэ псор ткIийуэ елэжьыным, Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр къагъуэ­тыным. СызэреплъымкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр къэкIуэну щIэблэхэм апхуэдэу фIэкIа яхуэтхъу­мэфынукъым», - къыхигъэщащ Егоровэм.
КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс республикэм и ехъулIэ­ныгъэхэр къыщигъэлъагъуэм, къы­хигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рыр иджы япэу Урысейм и щIыналъэхэм я Лъэпкъ экологие рейтингым пашэ зэрыщыхъуар. Абы зэрыжиIамкIэ, къэралым япэ увыпIэр къихьыфащ республикэ унафэщIхэмрэ хабзэубзыхухэмрэ зэгурыIуэу зэрызэ­дэла­жьэм и фIыгъэкIэ. 
Министерствэм егъэзащIэ «Мэзхэр хъумэн», «Урысейм ипсхэр», «Дегу­гъуу зэлъыIудох» щIыналъэ Iуэхухэр. А лэжьыгъэхэр хохьэ «ЩIыуэпс ­зэ­­Iу­зэпэщ» лъэпкъ проектым. Къэп­сэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр урысейпсо рейтингым зэуэ увыпIиблкIэ щыдэкIуеящ, къэралым мы IуэхухэмкIэ нэхъ жыджэр щIыналъэхэм я деж ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Республикэм щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа Iуэхугъуэ 400-м щIигъу щрагъэкIуэкIащ, цIыху мин 240-м щIигъу къызэщIрагъэубыдэу.

Министрыр тепсэлъыхьащ «Дегугъуу зэ­лъыIудох» федеральнэ Iуэхум кърикIуахэми. ЩIыуэпсым зэран зэрыхуэхъур къалъы­тауэ, иджыпсту дэфтэрхэр ягъэхьэзыр Алътуд, Дей, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэхэм щыIэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр (хабзэм къе­мы­зэгъыу) зэрагъэсеижыным теухуауэ. А Iуэхугъуэр траухуащ 2027 гъэм и япэ мази­щым.
Шаваевыр къытеувыIащ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэпызыуд къэхъукъащIэ­хэм зэрыпэщIэтым, псом хуэмыдэу Тырны­ауз къалэм щыщыIэ щытыкIэм. 2025 гъэм абы къыщыхъуам и лъэужьхэр ягъэ­кIуэ­дыжын папщIэ, министерствэм Герхожан-Су псым лэжьыгъэшхуэхэр щызэфIигъэкIащ. ЯтIэпсыр къехынкIэ хъуну шынагъуэ зэры­щыIэм къыхэкIыу, ар зэраунэтI ухуэныгъэри псыжапIэри гъэкъэбзэным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я япэ Iыхьэр 2026 гъэм и етIуанэ мазищым зэфIагъэкIащ. Iуэхур пIалъэ кIыхькIэ зэпIэзэрыт ящIын пап­щIэ, Бахъсэн псым и жапIэр зыхуей хуэгъэ­зэным теухуа дэфтэрхэри ягъэхьэзыращ. А Iуэхугъуэмрэ Герхожан-Су псыр гъэкъэбзэ­ным и етIуанэ Iыхьэмрэ мылъку хухэхыным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм УФ-м и Правительствэм зыхуигъэзащ ахъшэ къратыну.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, щIыналъэ мыхьэнэ иIэу хэхауэ яхъумэ щIыпIэу республикэм 28-рэ иIэщ, ар и нэIэм щIэтщ «КъБР-м и ООПТ» къэрал IуэхущIапIэм. 
Мы зэманым щIыуэпсым и фэеплъ 15-мрэ заказникиплIымрэ я гъунапкъэхэр ягъэбелджылащ. Хъумэн хуейуэ ягъэуващ щIыуэ­псым и фэеплъу иджыри 13. Шаваевым жи­Iащ щIым щекIуэкI гъащIэм и зэмы­лIэу­жьы­гъуагъ псори хъумэнымкIэ КъБР-м и Тхылъ плъыжьыр зэрысэбэпыр. Мы зэманым йолэжь абы и къыдэкIыгъуэщIэм (2028 гъэм дунейм къытехьэнущ). 
КъБР-м и Парламентым зэхъуэкIыныгъэ­хэр хилъхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щхьэхуэу яхъумэ и щIыпIэ хэхахэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым. ЗэхъуэкIы­ны­гъэщIэхэм япкъ иткIэ, щIыналъэм хуитыныгъэ иIэнущ зэран хъу къэкIыгъэхэр и чэзум къэхутэнымрэ гъэкIуэдынымрэ теу­хуауэ. 2030 гъэ пщIондэ министерствэм гулъытэ хэ­ха хуищIынущ КъБР-м щыпсэухэр щIы­-уэп­сыр зэрахъумэм хэгъэгъуэзэным. ЩIы­уэп­сымрэ мэзгъэфIэнхэмрэ я фIагъхэм цIыху­хэр щыгъэгъуэзэнымкIэ лэжьыгъэфIщ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щхьэ­хуэу яхъумэ и щIыпIэхэм ятеухуауэ» сурэт альбомыр къызэрыдагъэкIар. 
- Сыт щыгъуи хуэдэу, ди къалэн нэхъыщ­хьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр тхъумэнырщ, ди цIыхухэм я гъащIэр шы­нагъуэншэ, тынш тщIынырщ, - дыщIигъуащ министрым жиIам.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ хабзэм къе­мызэгъыу республикэм кIэрыхубжьэрыху идзы­пIэхэр зэрыщыIэм, Герхожан-Су деж ятIэпсыр зрижэ хьэкхъуафэр гъэкъэбзэ­ным, щIэгъэкъуэн блынхэр зэгъэпэщы­жы­ным ехьэлIа Iуэхухэм, «КъБР-м дыкъэзыу­хъуреихь дунейр щыхъумэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законыр къэгъэсэбэпыным пы­-щIа гугъуехьхэм, мэз мафIэсхэр къэмыхъун щхьэкIэ щытыкIэр зэрырагъэфIэкIуэным, щIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр хабзэм ­къе­мызэгъыу къыщIэхыным пэщIэтыным, вулкан яжьэр къыщIэхынымкIэ лицензэхэр еты­ным, нэгъуэщIхэми. 
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш Iуэху­хэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, эко­логиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр ­хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Те­кIушэ Артур жиIащ псы къабзэкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщыныр, кIэрыхубжьэрыху идзы­пIэхэр гъэкIуэдыжыныр, цIыхухэм я псэу­кIэм и фIагъым хэхъуэныр щIыуэпсым зэ­гъусэу зэрелэжьым зэрелъытар. Абы зэрыжиIэмкIэ, министерствэм и къалэнхэр тэ­мэ­му егъэзащIэ, арщхьэкIэ Iуэхугъуэ зы­б­жанэ иджыри щыIэщ хабзэкIэ елэжьыпхъэу. 
Зытепсэлъыхьам теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмхэр къэлъытауэ, КъБР-м и Парламентым и Президиумым унафэ къищтащ жэуап зыхь IуэхущIапIэхэм яхуэгъэза чэнджэщхэр къыщыгъэлъэгъуауэ.

КъБР-м и Парламентым и
 пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.