Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, ща­гъэ­лъагъуэ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ художник, 2000 гъэм щыщIэдзауэ ­УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Хъуажь Рэмэзан и лэжьыгъэхэр.
 
Сурэтхэр, пхъэм къыхищIыкIа, тхыпхъэхэр зыхиу­хуэна и лэжьыгъэ гъэщIэ­гъуэнхэр - художникым и Iэ­рыкI 60-м щIигъу выставкэм къызэщIеубыдэ. 
- Урысейми нэгъуэщI къэ­ралхэми фIыуэ къыщацIыху Хъуажь Рэмэзан ди щIыналъэм къызэрытхуеблэгъар ди гуапэщ. СурэтыщIым и лэ­жьыгъэхэм гу лъыуагъатэ, дэнэ щIыпIэ дыщымып­сэуми, адыгэхэм зы лъабжьэ, хабзэ, бзэ, тхыдэ зэрыдиIэм, - жиIащ КъБР-м щэн­хаб­зэм­кIэ и министрым и къуэ­дзэ Тау Ритэ гъэлъэ­гъуэныгъэр къыщызэIуихым. - Псом хуэ­мыдэу Рэмэзан пхъэм къыхищIыкIа и Iэ­да­къэ­щIэкIхэм я дахагъэр, а­хэр зэры­зэщ­хьэщыкIыр умы­гъэ­щIэ­гъуэнкIэ Iэмал иIэ­къым. Абыхэм ди лъабжьэм, дыкъызыхэкIам ды­хуа­шэж, жьымрэ щIэмрэ зэпащIэ.
КъБР-м и цIыхубэ сурэ­тыщI Жылэ Анатолэ и псалъэм къыхигъэщащ сурэт щIын­ми пхъэм къыхэIущIы­кIынми зэхуэдэу Хъуажьыр зэрыхуэIэзэр зэригъэщIа­гъуэр, апхуэдэ зэфIэкIым зэ­рыригушхуэр, лэжьыгъэ­хэм купщIэ зэращIэлъыр, узэрагъэгупсысэр, гъэлъэгъуэныгъэр республикэм и щэнхабзэ гъащIэм и къэхъугъэ дахэу зэрыщытыр.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэ­гухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ и гуапэу жиIащ Адыгейм щыкIуам Хъуажь Рэмэзан и лэжьыгъэхэм зыщигъэгъуэзауэ зэрыщытар, абыхэм ­хуабагъэ къазэрып­къ­ры­кIыр,­ псэр зыхуэпабгъэ сабиигъуэм узэрыхашэжыр. Абы щIигъужащ гъуазджэм дихьэх цIыхухэм гъэлъэгъуэ­ныгъэм зыкърагъэхьэлIэну, лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм еплъыну зэрыщыгугъыр. 
- Мейкъуапэ си лэжьыгъэ­хэр щысшам къэсцIыхуа цIы­ху гуапэ куэдым язщ Рэ­мэзан. И IэдакъэщIэкIхэм сы­щыгъуазэми, ар нобэ етIуанэу къэсцIыхуауэ жы­п­Iэ хъунущ. Ар IэпщIэлъапщIэ нэсу зэрыщытыр и лэ­жьыгъэхэм хыдолъагъуэ. Рэ­мэзан и IэрыкIхэм я гъэ­лъэгъуэныгъэ Къэбэрдей­-Балъкъэрым зэрыщек­Iуэ­кIым срогуфIэ икIи со­хъуэхъу дяпэкIи ехъулIэныгъэ иIэну, - жиIащ УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ­РАХ-м и академик СэвкIуий Хьэмид. 
КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм я къэрал музейм Кавказ ­Ищхъэрэм щиIэ къудамэм (Мей­къуапэ дэтым) и щIэныгъэ-узэщIыныгъэ къудамэм и унафэщI ХъуакIуэ Ларисэ къытеувыIащ Адыгейм и Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу Рэмэзан щы­щы­та зэманым зэфIиха ­Iуэ­ху щхьэпэхэм, гъуазджэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъ­хьэныгъэхэм. Апхуэдэу щIигъужащ илъэс зыбжа­нэкIэ ищIа лэжьыгъэхэр Нал­шык къишам зэрыхигъэ­хьар, гъуазджэр зи псэм хэлъ­хэм ахэр ягу зэрыды­хьэнум шэч зэрыхимылъа­гъуэр. 
- Си лэжьыгъэ нэхъыфI ды­дэхэм щыщхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызгъэ­лъэгъуэну си хъуэпсапIэти, къызэхъулIащ. Абы папщIэ, Адыгейм иджыпсту щы­мыIэ, хамэ къэралхэм щахъумэ языныкъуэ си IэдакъэщIэкIхэм къатесщIыкIыжащ. Мыбдеж щыфлъагъу лэжьыгъэхэм яхэтщ сызы­хуимытыж куэд, сылъаIуэу выставкэм папщIэ зэ­хуэс­хьэсыжауэ. Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэ­лIа­хэм­рэ псалъэ гуапэ къыс­хужызыIахэмрэ фIыщIэ фху­зощI! – жиIащ Рэмэзан.
Хъуажь Рэмэзан Урысейм иджырей сурэтыщI гъуаз­джэ­хэмкIэ и лъэпкъ саугъэтыр (дыжьын медалыр) 2011 гъэм Москва къыщы­хуагъэфэщащ. УФ-м и Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и «Духовность. Традиции. Мас­терство» дыщэ медалыр 2013 гъэм Москва къыщ­ратащ. «Искусство рисует дорогу к Миру» лъэп­къыбэ зэпеуэм и саугъэтыр Париж 2021 гъэм къыщихьащ. Ар хэтащ «Природа-экология 2010», «Античность-Россия» (Сочэ. 2010, 2012 гъэхэм), «Россия-XII, XIII» (Москва. 2014, 2019) урысейпсо художественнэ академическэ гъэлъэ­гъуэ­ныгъэхэм. Хъуажь Рэмэзан и IэдакъэщIэкIхэр щахъумэ Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музейм (Мейкъуа­пэ), КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэхэмкIэ я къэрал музейм и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм (Мей­къуапэ), Адыгэ Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и минис­терст­вэм и СурэтыщI гале­реем, Анкара къалэм Кавказ щэнхабзэм теухуа и къэхутэныгъэ фондым, Истамбыл къалэм Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэмкIэ щы­Iэ зэгухьэныгъэм. Къинэ­мыщIауэ, Рэмэзан и лэжьыгъэхэм дахьэххэу Урысейм, хамэ къэралхэм щыпсэухэм зэхуахьэс.
«Соприкосновение» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэр щэкIуэгъуэм и кIэ пщIон­дэ екIуэкIынущи, абы еплъыну гупыж зыщIхэм иджыри зэман фиIэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.