КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-мрэ РСФСР-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын и фэеплъым деж щэкIуэгъуэм и 1-м пэкIу щекIуэкIащ. Ар ирагъэхьэлIащ балъкъэр литературэм и классикыр къызэралъхурэ илъэси 109-рэ зэрырикъум.
УсакIуэшхуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым деж щызэхэта пэкIум цIыху куэд къекIуэлIат. Зэхыхьэр къызэIуахащ республикэм и курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэр Кулиев Къайсын и усэ цIэрыIуэхэм бзищкIэ – урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ – къеджэу. Ар и нэщэнэкъэ щIыналъэм исхэм я зэкъуэтыныгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэ щIэин къулей зэраIэм?!
- Кулиев Къайсын и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, и щIэинхэр, и дуней еплъыкIэр ноби лъапIэщ, ноби куэдым зыхуагъазэ. Ар нэгъуэщI щIыпIэхэм, хамэ къэралхэм щыцIэрыIуэщ, – жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. – Тхыдэм уриплъэжмэ, нэхъ зэман гугъу дыдэхэми абы и къалэмыр хуигъабзэрт цIыхухэм я лъапIэныгъэхэм, жылагъуэр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхугъуэхэм: мамырыгъэм, напэм, захуагъэм, хэку, анэ лъагъуныгъэм, нэгъуэщIхэми. И усэ купщIафIэхэм къахощ зыщыщ лъэпкъми зэрыт динми емылъытауэ цIыхухэм яхуиIэ лъагъуныгъэр. Аращ дэтхэнэ зыми абы и усэхэр и гум щIынэсыр. Апхуэдэ усакIуэхэр мылIэжыныпсэщ, игъащIэкIи тщIыгъунущ, гуапагъэрэ гъащIэм и фIыпIэкIэ гъэнщIа я щIэинхэм щIэблэм зыхуагъэзэху.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр, усакIуэр къэзыцIыхуу щытахэр, и гуащIэр фIыуэ зылъагъухэр.
ПэкIум хэтхэр XX лIэщIыгъуэм и усакIуэшхуэм зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуа нэужь, и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Зэхыхьэм щыпащащ усакIуэм и фэеплъу Шэджэм щыIэ унэ-музейм, республикэм и щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм.
БжьыхьэлI Розэ.