КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ иджыблагъэ екIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ лэжьапIэ лъыхъуэу нэгъуэщI щIыналъэхэмрэ къэралхэмрэ къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къакIуэхэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Жанатаев Сэлимрэ Къардэн Муратрэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэр, районхэмрэ къалэ округхэмрэ лэжьапIэ IэнатIэхэмкIэ я центрхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, зи гугъу тщIы комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен жиIащ мы зэманым мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ къызэраIэтар, лэжьыгъэ щхьэкIэ цIыхухэр Iэпхъуэшапхъуэу зэрыщытыр къэплъытэмэ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ Iэпхъуэшапхъуэр щымыкуэдми, IэщIагъэ щхьэхуэхэм я лэжьакIуэхэм республикэр хуэныкъуэщ. Депутатым къыхигъэщащ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэным хуэунэтIауэ, иджыблагъэ КъБР-м и Парламентым и зэIущIэм республикэр зыхуэныкъуэ лэжьакIуэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициентыр 3,3-уэ зэрыщагъэувар. Къэжэр Хъусен зэрыжиIамкIэ, а бжыгъэр Кавказ Ищхъэрэми Урысей Федерацэ-ми щынэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщщ. Апхуэдэу ягъэбелджылыныр къызыхэкIар лэжьапIэ IэнатIэхэр псом япэу щIыпIэм щыпсэухэм къалъысын папщIэщ.
Къэпсэлъам къихьа бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, нэгъабэ Iэпхъуэшапхъуэхэр цIыху мини 5-м щIигъуу щытащ, мы гъэм - мини 4-м. Бжыгъэр процент 14 хуэдизкIэ ехуэхами, 2026 гъэм и мазибгъум къриубыдэу КъБР-м и бюджетым сом мелуан 344-м щIигъу къыIэрыхьащ, ар нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэм нэхърэ нэхъыбэщ. Къэжэрым зэрыжиIэмкIэ, мы Iуэхум республикэм и министерствэ, IуэхущIапIэ псоми я нэIэ тетщ Iэпхъуэшапхъуэм я бжыгъэр зыхуэдизын хуейр зыгъэбелджылы хабзэр зэрагъэзащIэм.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт Анатолэ. Ар къытеувыIащ визэкIэ фIэкIа къыздимыкIыф къэралхэми визэншэхэми щыщ IэщIагъэлIхэм лэжьэну хуит зыщI тхылъхэр зэрырат щIыкIэмрэ бжыгъэхэмрэ, Iэпхъуэшапхъуэм ехьэлIа бгъэдыхьэкIэм щIэуэ халъхьэм.
ЗэIущIэм я Iуэху еплъыкIэ къыщагъэлъэгъуащ КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Бэрсэдж Руслан, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт сымэ.
Апхуэдэуи къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лэжьыгъэм теухуауэ щыIэ хабзэм ебакъуэр къызэрыщIагъэщым, хабзэм къемызэгъыу щIыналъэм къихьэхэр къызэрахутэ щIыкIэм, хуит зыщI тхылъхэр ирамытыныр къызыхэкI щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм.
Депутатхэр хэплъащ хамэ къэралхэм къикI цIыхухэм ди щIыпIэм щалэжь щIэпхъаджагъэхэм, гражданствэ къаIэрыхьэн папщIэ, нэчыхь нэпцIхэр зэрырагъэтх, УФ-м къыщалъыхъуэ щIэпхъаджащIэ яхэт-яхэмытыр зэрызэхагъэкI щIыкIэм, нэгъуэщIхэми.
«СтIол хъурейм» кърикIуахэм япкъ иткIэ, IуэхущIапIэхэр зэлэжьыпхъэхэр ягъэбелджылащ.