Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ хъупIэхэм хабжэу мы гъэм дыздынэсахэм ящыщщ «Хьэмащэ» жыхуаIэ щIыпIэм къедза Iэбгъэ зыбжанэмрэ абыхэм я щхьэжкIэ щыIэ пщыIэ зытIущымрэ. А псоми зэуэ я гугъу зэрытхуэмыщIым къыхэкIыу, мы тхыгъэм хыдогъэхьэ Нэхущ Руслан «Рассвет-Н» ООО зи фIэщыгъэ и IуэхущIапIэм хыхьэ гъэш фермэм и тхьэмадэ Щокъуий Албэч дыщепсэлъам къыджиIам щыщ пычыгъуэхэр.
Махуэ псом гъуэгу зэдытетахэр Iэбгъэр зэрыт сэтейм гъунэгъу дыщыхуэхъуар шэджагъуэ нэужьыфI хъуауэти, зэуэ гу лъыттащ къэхухьа абы и егъэзыпIэм ит дэтхэнэри щхьэж и Iуэху зэрыпэрытым.
Ухуэныгъэ нэхъыщхьэм шхапIэ папщIэу хэт пэш Iэхуитлъэхуитым дыщыщIашэм, абдежым дэ, къызэрыхэдгъэщащи, псэлъэгъу къыщытхуэхъуащ Щокъуий Албэч.
- ДыздэщыIэр гъэш фермэщ. Iэщыр Нэхущ Руслан зи пашэ IуэхущIапIэм ейщ. Дэ а щIалэм дрилэжьакIуэщ. Илъэс бжыгъэфI хъуащ мыбы сызэрыщыIэрэ. Жэм къашу 450-м щIигъу тIыгъщ, шкIащIэхэри щынэ цIыкIухэри диIэщ, - я Iуэху зыIутым дыхегъэгъуазэ Щокъуийм.
- Мы гъэм сыт хуэдэ мазэм фыкъыдэкIа, Албэч?
- ХэдгъэкIэсауэщ. Гъатхэр, фэри зэрыфщIэщи, техьэтекIыу икIи щIыIэбжьу щытащ. Абы къыхэкIыу гувауэщ, бадзэуэгъуэр къихьауэщ дыкъыщыдэкIар. Ди Iэщи мэли къетхужьэн ипэ, ахэр зыщIэдубыдэн бэкхъхэмрэ хьэщпакъхэмрэ зэдгъэпэщыжащ.
- Мы IуэхущIапIэм укъэмыкIуэ ипэкIи Iэщ гъэхъуным упэрыта, Албэч?
- 1984 гъэм къыщегъэжьауэ мы Iуэхум сыхэтщ. Сыкъыщыхъуар Къулъкъужын къуажэрщ, си унагъуэр зэрыс лъапсэр здэщыIэри аращ. Совет зэманым XX парт съездым и цIэр зезыхьа колхозым Iэщыхъуэу сыхэтащ. Къэралым и ухуэкIэр нэгъуэщI гуэрым трашэу, уней лэжьэкIэр куэд щыхъум, дэри, дыкъызэрыфлъагъущи, ди IэнатIэр тхъуэжауэ мыбы дыщыIэщ.
- Iэбгъэм пыщIа фи лэжьакIуэхэм сыт я къалэн?
- Хэти Iэхъуэщ, мыдрейхэр жэмышщ, пщафIэ къалэныр зи пщэ дэлъи диIэщ.
- Фермэм къыщыфш шэр здэфшэр дэнэ?
- ШкIащIэхэм ирафынумрэ дэ езым къэдгъэсэбэпынумрэ къызыхудогъанэри, адрейр, пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми бгым къыдэкIыу шэ къызэрырашэкI машинэ диIэщи, абы ирешэх. Дэри мыбдежым шэр зэмыкIуэкIыу зэрыт щIыIалъэ щыдиIэщи, абы ди Iуэхур къытщегъэ- псынщIэ. Жэм къэзышхэри IэмэпсымэкIэщ зэрылажьэр.
- Жэщ-махуэм хуэзэу жэмхэм сыт къыватрэ шэуэ?
- Литр 15-м нэблагъэ къащIыдош.
- Я унагъуэ имысу, гугъу зезыгъэхьу, Къущхьэхъум итхэр улахуэкIэ, ерыскъыкIэ дауэ фыхъурэ?
- ЛэжьапщIэкIи шхынкIи дыкъызэгъэпэщащ. Жэмышхэм я улахуэр къашым теухуащ.
- Фызыгъэгузавэу, фигу хуэныкъуэу, мыр нэхъыфI хъуарэт, едгъэфIэкIуарэт хужыфIэну фи щыIэкIэ-псэу-кIэм сыт хэлъыр?
- Апхуэдизу дыщIэпIейтеин диIэкъым. Дызыхуэлажьэм, и напэр тедмыхыу дызэрыбгъэдэтым ещхьыркъабзэу, езыри къытпыкъуэкIыжу дызэхэтщ, нэхъыфIыжкIи догугъэ.
- Мобдежым къыщиж псынэпсыр къызэрыфлъэIэсыр дапхуэдэу?
- КъыщIэжыпIэм къыщегъэжьауэ бжьамиишхуэр дукъуэдиящи, псыр езыр-езыру абы кърокIуэ.
- Фи унагъуэхэм фахыхьэжыфрэ?
- Мазэм техуэу зы тхьэмахуэкIэ, уеблэмэ нэхъыбэжкIи зыдгъэпсэхуну хуитыныгъэ диIэщ, мыбдежым щыIэн хуей цIыху бжыгъэм елъытауэ. Iэбгъэм къыпыщIахэр дызэрогъэпэж, дахэуи дызэдокIуэкI.
- Албэч, мы Iуэхуми щIэупщIапхъэу къыщIэкIынщ: фи Iэщымрэ мэлымрэ хьэIуцыдз, дыгъужь, бажэ хуэдэхэр зэран къахуэхъуркъэ?
- Хьэуэ, зылъэдгъэIэсыркъым.
- Iэщым ефхьэлIэ хущхъуэр ирикъуу вгъуэтрэ?
- Iэбгъэр зей Нэхущ Руслан хущхъуэкIи и чэзум дыкъызэрегъэпэщ. Iэщым мастэ халъхьэ, хущхъуэ ирахьэлIэ ар зи пщэрылъхэм. ШкIащIэхэм, щынэ цIыкIухэм зэпыу димыIэу дакIэлъоплъ, жэм къашым дахэт зэпытщ. КъыжыIэпхъэщ Iэщым къефыкI узыр цIыхум къыбгъэдыхьэнкIи зэрыхъунур, къыщIаш и гъэшымрэ и лымрэ дэщIыгъуу. Аращи, Iэщым цIыхур къамыцIэлэн папщIэ, а тIум я зэхуакум дэ дыдэтщ.
ПщыIэ нэхъыщхьэм и тхьэмадэ Щокъуий Албэч щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, «Рассвет-Н» ООО-м, псори зэхэту, Iэщышхуэу минитIым нэблагъэ иIэщ, и мэлхэм я бжыгъэр мини 7-м нызэрохьэс, шыхэр 550-м щIегъу. IэнатIэм и Iуэхур кIуэ пэтми нэхъыфIыж зэрыхъур, дауи, зейри щылажьэхэри зыгъэгушхуэщ.
Республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IэнатIэм къызэритамкIэ, гъэ дызэрытым бгыщ-хьхэм щаIыгъащ Iэщышхуэхэм ящыщу мин 96-м щIигъу, мэлхэмрэ бжэнхэмрэ ящыщу мин 84-м нэблагъэ, шыуэ мини 4,6-м нызэрыхьэс. Псори зэхэту щагъэхъум я бжыгъэр нэгъабэрейм елъытауэ проценти 6-кIэ нэхъыбэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и реестрым хъупIэрэ мэкъупIэу 600-м нэблагъэ щатхащи, абыхэм, псори зэхэту, гектари 140-м щIигъу къызэщIаубыдэ. ЩIы кIапэу 345-р (гектар мин 90-м нызэрыхьэсыр) Дзэлыкъуэ щIыналъэм итщ, 157-р (гектар мин 35-м нэблагъэр) Iуащхьэмахуэ районым щыхатхыкIащ. Адрейхэр Хъазнидон, Псыгуэнсу, Шэрэдж я псыхъуащхьэхэм дэтщ.
Зи кIэ диплъэ мы илъэсми бгыщхьэхэм щыIэ хъупIэхэр зэрахьащ, псори зэхэту, цIыху 1300-м нэблагъэм. Ахэр, зэрыфщIэщи, Iэщыхъуэ-мэлыхъуэхэрщ, ветеринар, медицинэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэрщ, энергетикхэрщ, гъуэгум кIэлъыплъхэрщ.
Бгыщхьэхэм щагъэхъу Iэщым и нэхъыбэр, гъэ къэси хуэдэу, жэпуэгъуэм икухэм кърахухыжащ. Мыдрей къэнахэр дунейм и щытыкIэм елъытауэщ зэрыщаIыгъынур.
Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.