Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэрихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэдыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ.
Школ музейхэм я зэхьэзэхуэр, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу, «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщащ, Урысейм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. КIэух Iыхьэр жэпуэгъуэм и 8 - 10-хэм Москва щекIуэкIащ. Курп Ипщэ школым и Дзэ щIыхь музейр щытекIуащ «Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъым теухуа гъэлъэгъуэныгъэ нэхъыфI» Iыхьэм. Музейм и Iуэхухэм утыкум щытепсэлъыхьащ школым и унафэщI Шэрий Раметэ.
Музейм и иджырей текIуэныгъэм и фIыгъэкIэ, къыIэрыхьэнущ я гъэлъэгъуэныгъэ пэшыр зэрырагъэфIэкIуэну иджырей Iэмэпсымэхэр. Мы музейр зэгъэпэщыныр Курп лъагапIэхэм къыщагъуэтыжа хьэпшып зыбжанэкIэ къыщIадзащ - сэлэт каскэхэр, флягэхэр, цIэ медальонхэр, гильзэхэр щIэлъу.1960 гъэхэм абы и жэрдэмщIакIуэу, апхуэдэуи къыкIэлъыкIуэ илъэс пщIы бжыгъэхэм зэпымыууэ абы и унафэщIу щытар музейм зи цIэр фIаща егъэджакIуэ, гъэсакIуэ Iэщыж Лолэт. ГъэтIылъыгъэхэр иджы мини 2,5-м щIегъу. Апхуэдиз илъэс дэкIами, Курп Ипщэ школым и гупым хуэсакъыу яхъумэ лъыхъуакIуэхэм зэхуахьэса хьэпшыпхэр. Школ пщIантIэм дэт фэеплъым тетхащ зауэм хэтахэм я унэцIэхэр, апхуэдэуи хэкIуэда зауэлI 367-м я къуэшыкхъэри абдеж щыIэщ (мы къуажэм щыщу зауэм дэкIат цIыху 380-рэ, къэзыгъэзэжар 58 къудейщ).
- Ди музейм дэтхэнэ сабийми Iэмал щиIэщ блэкIам зыщыщигъэгъуэзэну, езыхэми къэралым и къуэкIуэнур зэрелъытар щызыхащIэну, - жеIэ Шэрий Раметэ. - Музейр лIэщIыгъуэ ныкъуэ хъуауэ къогъуэгурыкIуэри, абы щIэлъхэр зырызыххэурэ зэхуихьэсауэ щытащ Iэщыж Лолэ. IуэхущIапIэм школакIуэхэм яхуэгъэзауэ къалэнышхуэ егъэзащIэ. Къыхэзгъэщынут, «Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектым и фIыгъэкIэ, ди музейр иджырей IэмалхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуари. Школ музейм щылажьэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зэгъусэу ядж дзэ Iуэхухэр зэрекIуэкIам и журналыр. НапэкIуэцI 500-м щIигъу хъу тхылъым къыщыхьа дэфтэрхэм зыщагъэгъуазэ. НыбжьыщIэхэр дэфтэрхэм хэплъэн щIадза нэужь, уеблэмэ къыпхубгъэдэшыжыркъым, апхуэдизкIэ тхыдэр зрагъэщIэну яфIэхьэлэмэтщи. Апхуэдэ Iуэхум щIэблэр зэретшалIэр зэрыщхьэпэм къищынэмыщIа, ар икIи лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнщ. Ди сабийхэр жыджэру хэтщ егъэджэныгъэ, хэзыгъэгъуазэ Iуэху зэхуэмыдэ куэдым икIи сыт щыгъуи къыхожаныкI.
ЗэрытщIэщи, Курп лъагапIэхэм километр 22-кIэ зэуапIэм зыщиубгъуауэ щытащ. Бийм и къару нэхъыщхьэмрэ и дзэ техникэмрэ абдеж щызэщIигъэуIуат, ауэ 317-нэ фочауэ гупыр лIыгъэ хэлъу абыхэм япэщIэтащ, уеблэмэ зэрыпхъуакIуэхэр къигъэувыIащ. Курп лъагапIэхэм щекIуэкIа зэхэуэхэм Дзэ Плъыжьым и зауэлI, офицер минхэм я щхьэ халъхьат.
Курп лъагапIэхэр хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм. 1943 гъэм абдеж щыщIадзащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ирахужын, щIыналъэр щхьэхуит къащIыжын.
- ХэкIуэдахэм я унагъуэхэм дазэрыпыщIар нобэми дгъэкIуэдыркъым. Ди музейм щIэлъхэм яхэтщ хэкIуэда лIыхъужьхэми къэзымыгъэзэжахэми я хьэпшыпхэр. Дэ Хэкур щхьэхуит къэзыщIыжахэм я фэеплъыр дыхуэсакъыу дохъумэ, - жеIэ музейм и унафэщI Шагъыр Мадинэ.
Музейм тхыдэ дэфтэрхэмрэ хьэпшыпхэмрэ зэрыщахъумэм и мызакъуэу, еджакIуэхэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэми хашэ. 2022 гъэм ТекIуэныгъэм и музейм (Москва къалэ) и къэпщытакIуэ гупым и унафэкIэ, мы еджапIэр хагъэхьащ Урысейм и школ музейхэм зэрызрагъэужь и программэм.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ нэгъабэ мы IуэхущIапIэм щыщыIам къыхигъэщат: «Мы музейр егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми я лэжьыгъэшхуэм и Iэужьщ. Апхуэдэ щIыпIэхэм щIэрыщIэу драгъэгупсысыж ТекIуэныгъэ Иным дызэрыхуэкIуа гъуэгуанэ хьэлъэм. КъыдгуроIуэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыту жыпIэмэ тхыдэм и пэжыпIэр зэрахъуэкIыну, совет цIыхубэм ТекIуэныгъэ Иным хэлъхьэныгъэу хуищIар щIахъумэну иужь итхэр щыIэщ. Тхыдэр зэрахъуэкIыну хэт къудейуэкъым, атIэ текIуэныгъэм зи гъащIэ щIэзытахэм я фэеплъыр зыгъэулъий Iуэхуущ къызэрыдгурыIуапхъэр. Аращ мыпхуэдэ лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ щIиIэр».
ЛIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэным, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм хуэфащэ пщIэ яхуэщIыным гулъытэ егъуэт ди зэманым. А псоми, шэч хэмылъу, лъабжьэ яхуэхъунур ди цIыхубэр сыт щыгъуи зэкъуэту, Хэкум хуэпэжу къызэрыгъуэгурыкIуам нобэрей щIэблэр щIэпIыкIынырщ, ахэр хэкупсэу, я тхыдэр ящIэу къэгъэхъунырщ. Мы школ музейм и лэжьыгъэр къызэрехъулIэм и щыхьэту къэбгъэлъагъуэ хъунущ ар Урысейм и щIыналъэ 26-м ящыщу «Зи зэманыр имыкI» Iуэхум зэрыхагъэхьари. Нобэ музейм и лэжьыгъэр лъагапIэщIэм хуокIуэ, урысейпсо зэпеуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ дэIэпыкъуныгъэ иIэнуми фIы къызэрыхудэкIуэнум шэч къытетхьэркъым.
БАГЪЭТЫР Луизэ.