УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгущIэхэр къыщызэIуаха дауэдапщэм.
Къэрал къулыкъущIэхэм я нэIэ щIэту, Къэбэрдей-Балъкъэрым кIуэцIрыкI «Новопавловск - Прохладнэ - Мэздэгу» гъуэгущIэр хабзэкIэ къызэIуахащ. Ар хохьэ Урысейм и гъуэгу зэрыIыгъхэм икIи Ищхъэрэ-Ипщэ унэтIыныгъэм зы Iыхьэу хоувэ.
Дауэдапщэм хэтащ щIыналъэм гъуэгум щелэжь министерствэм, Прохладнэ районым, «Управдор»-м, унафэр зыгъэзащIэ IуэхущIапIэм я лэжьакIуэхэр. Гъуэгур зыхуей хуагъэзащ Президент Путин Владимир къыхилъхьа «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.
«Хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр зэрылъ хьэлъэзешэхэр яхэту, мыбдежым щыблэж автомашинэхэм я бжыгъэр махуэ къэс мини 10-м зэрынэсыр къыхэзгъэщыну сыхуейщ, - щетх КIуэкIуэ Казбек и интернет напэкIуэцIым. - Мы гъуэгу Iыхьэм куэд щызэтрехьэ икIи абы Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Ставрополь крайр, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэр зэпещIэ».
Зэрыхабзэу, щIэрыщIэу яухуэжа гъуэгум техникэ машинэшхуэхэр ирижащ. IэщIагъэлIхэм къэралымрэ министерствэмрэ я саугъэтхэр иратащ. «ФIыщIэшхуэ яхузощI абыхэм, - етх Iэтащхьэм, - Iуэхум фIыуэ зэрыхащIыкIым, лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэрагъэзэщIам папщIэ. Къару, щIэныгъэ, гулъытэ, IэкIуэлъакIуагъ уимыIэу, а псор пхузэфIэгъэкIынукъым».
Республикэм пхыкI Новопавловск - Прохладнэ - Мэздэгу гъуэгум елэжьын 2025 гъэм щIадзауэ щытащ. Прохладнэм хиубыдэу, километри 6,5-рэ зыхуей хуагъэзати, иджыпсту абы къыхэхъуащ иджыри километри 7,6-рэ.
Махуэ къэс лэжьыгъэр щекIуэкI объектым техникэ Iэмэпсымэу 50-м нэс, лэжьакIуэ 40 екIуэлIэн хуей хъурт. Ягъэува пIалъэм нэхърэ зы мазэкIэ нэхъ пасэу ар зэраухар Iуэхур фIыуэ къызэрызэрагъэпэщам и фIыгъэщ.
Илъэсыр имыух щIыкIэ, гъуэгур къызэрахухь ухуэныгъэ метр 224-м нэс зыхуей хуагъэзэнущ. Ахэр щIэрыщIэу ящIу жыпIэ хъунущ, километри 2-м нэс екIуэлIапIэхэр хэту.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу хозяйствэр илъэси 100 щрикъу илъэсым ар, шэч хэмылъу, уи щхьэр лъагэу щIэпIэт хъуну лэжьыгъэщ. ДяпэкIи гъэзэщIапхъэ псоми яужь дитынщ», - щетх КIуэкIуэ Казбек и напэкIуэцIым.