Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр![]() Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Окладников Сергей. КъулыкъущIэ лъагэхэр тепсэлъыхьащ статистикэм лъабжьэ хуэхъу хъыбархэр зэхуэхьэсыныр къызэрызэрагъэпэщымрэ ахэр зэхэджыкIыным епха лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIымрэ. Унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщащтэкIэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ ящI хабзэ статистикэр мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэу зэрыщытыр къэплъытэмэ, а лэжьыгъэхэм набдзэгубдзаплъэу яхущытын зэрыхуейр къыхагъэщащ псалъэмакъым.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










