Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ пэкIу.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Казбек, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав, бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ министр Бозий Аскэр, республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым, дин IуэхущIапIэхэм щыщхэр, ветеранхэр, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, полицэм и кадет классхэм щеджэхэр.
ПэкIур яублащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу хэкIуэдахэм я цIэхэр зырызыххэу къраIуэнымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым къарузехьэ IэнатIэхэм IэщэкIэ зэщIэузэдауэ къатеуа щIэпхъаджащIэхэр убыдыным хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ 35-м я гъащIэр щIатащ.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым къыщыпсалъэм къыхигъэщащ:
- Нобэ пщIэ яхуэтщIу дигу къыдогъэкIыж я гъащIэм емыблэжу, лIыгъэ яхэлъу республикэр щIэпхъаджащIэхэм ящызыхъума хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. Абы щыгъуэ террористхэм яIэщIэукIащ цIыху мамырхэри. Ноби ди республикэм щыщ куэд лIыгъэ яхэлъу дзэ Iуэху хэхам хэту неонацизмэм пэщIэтщ.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав жиIащ жэпуэгъуэм и 13-р гуауэшхуэу икIи лIыгъэм и махуэу зэрыщытыр.
- Ар дигу къэзыгъэкIыжщ къулыкъу етхьэкIым и мыхьэнэр: ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыпсэухэр я гур мамыру лэжьапIэм кIуэныр, сабийхэр школым яшэныр, зыгъэгузавэ щымыIэу унэм къагъэзэжыныр. Бзаджагъэм зиубгъуну, и щхьэ къиIэтыну Iэмал епт хъунукъым. Псалъэ къыпхуэгъуэтынкъым гуауэр нэхъ щабэ ищIыну. Ауэ фщIэ дэ дызэрыфщIыгъур, хэкIуэдахэр зэрытщымыгъупщэр икIи абыхэмкIэ дызэрыгушхуэр. Фэ гуауэр зэрывгъэвыр фи къуэхэм, адэхэм, къуэшхуэм, щхьэгъусэхэм зэрахьа лIыгъэм къыкIэрыхуркъым, - къыхигъэщащ Крючков Вячеслав.
Къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ, дзэ Iуэху хэхам хэта, дзэм къыхэкIыжа капитан Шэшэн Елдаррэ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м и къалэнхэр игъэзащIэу хэкIуэда, мылицэм и капитан Тэмазэ Ибрахьим и къуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Тэмазэ Рэмэзанрэ.
- Илъэс 21-рэ ипэкIэ къэрал псом илъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхъумэхэм зэрахьа лIыгъэр, я псэм зэремыблэжар. Ахэр я щхьэм егупсысакъым - яхъумащ къалэр, цIыхухэр, я къалэным пщэрылъ къащищI псори. Си адэри абыхэм язщ.
ЦIыхур псэущ ар ящымыгъупщэху. Нобэ зыхызощIэ си адэр мыбдеж зэрыщыIэр - ар тщыгъупщэркъым, къалэным, лэжьыгъэм, ныбжьэгъухэм, цIыхухэм дазэрыхущытын хуеймкIэ ди щапхъэщ. Фэеплъым я нэхъыфIыр - ар ди лэжьы-
гъэрщ: пэжу, дыкъэмыланджэу, гугъуехьхэм дыкърамыгъэкIуэту ди IэнатIэм дыпэрытынырщ, - къыхигъэщащ Тэмазэ Рэмэзан.
ПэкIум къыщызэхуэсахэр, хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу, дакъикъэкIэ щымащ. ИтIанэ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, мы зэманым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.