Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ. Иджыблагъэ а еджапIэ нэхъыщхьэм ирагъэблэгъащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. КъулыкъущIэр яхуэзащ университетым и егъэджакIуэхэрэ студент щIалэгъуалэмрэ.
«СтIол хъурей» мардэм иту къызэрагъэпэща зэIущIэм кърихьэлIащ КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и студентхэр. IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэпщэ Светланэ зи пашэ щIалэгъуалэм упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыхуагъэзащ министрым. Абыхэм я упщIэхэм щыщ куэд ехьэлIат еджэныр къаухмэ зыпэрыувэну егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм я улахуэм, абыхэм яIэ хуитыныгъэ хэхахэм.
Министр Езауэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуищIащ ди республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и зэхэлъыкIэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэмрэ. Абы зэрыжиIамкIэ, иджырей курыт школхэр, сабий гъэсапIэхэр хуэныкъуэщ зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, хэлъэт зиIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыувагъащIэхэм IэмалыфI куэд яIэщ ябгъэдэлъ зэфIэкIым, щIэныгъэм адэкIи хагъэхъуэну. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэми унэтIакIуэ хэха зэраIэр, курс зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыхузэрагъэпэщыр, «ЩIыпIэ егъэджакIуэ» программэм хыхьэну зэрыхуитыр, нэгъуэщIхэри. Диплом «плъыжькIэ» еджэныр зэфIэзыххэм я улахуэм хущIагъу хабзэщ. ЩIыпIэ пхыдзахэм лэжьапIэ кIуэхэр псэупIэкIэ къызэрагъэпэщ, нэгъуэщI IэмалхэмкIи лэжьыгъэр щагъэпсынщIэ.
ЗэIущIэр хьэлэмэту икIи купщIафIэу екIуэкIащ. Студентхэм фIыщIэ ин хуащIащ министр Езауэ Анзор, зэман къигъуэту къазэрыхуэкIуам папщIэ. Зэхуэсым и фэеплъу абыхэм къулыкъущIэ лъагэм тыгъэ дахэ хуащIащ: Езауэхэ я лъэпкъ дамыгъэр зытет хэдыкI иратащ. Ар гуапэ дыдэ щыхъуащ министрым икIи хэдыкIыр IэдакъэщIэкI щIалэгъуалэм фIыщIэ яхуищIащ.
ТАМБИЙ Линэ.