ЩIэныгъэ ират къудейкъым![]() Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджакIуэхэр. Абыхэм папщIэ екIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъащ иджыблагъэ районым и унафэщIу хаха ХъуэкIуэн Мурат. Абы къыхигъэщащ дэтхэнэм дежкIи егъэджакIуэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыт хуэдэ IэщIагъэми ар щIэдзапIэ зэрыхуэхъур. - Си IэнатIэм сыщыпэрыува япэ лэжьэгъуэ махуэр ди егъэджакIуэфIхэм фхуэгъэза хъуэхъукIэ къызэрыщIэздзэр сэркIэ лъапIэщ. Ди районым щылажьэ егъэджакIуэхэм сабийхэм щIэныгъэ ират къудейкъым, атIэ абыхэм яхуохъу гъуэгугъэлъагъуи, чэнджэщэгъуи, щапхъи. ЕджакIуэхэр гъащIэм хэзэгъэнымкIэ, я гупсысэр къагъэлъагъуэф есэнымкIэ, я зэфIэкIхэр ягъэунэхужынымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу я егъэджакIуэхэр. Ди егъэджакIуэ лъапIэхэ, фэ щIэблэр гъуэгу тывогъэувэ, Тхьэм фигъэпсэу! – жиIащ абы. ГУГЪУЭТ Заремэ. Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и унафэщI ХъуэкIуэн Муратрэ Каменномост къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м и егъэджакIуэ Мырзэбэч МуIэедрэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










