хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэжьыгъэхэмрэ дыщигъэгъуэзэну ди корреспондентым иджыблагъэ зыхуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хьэры-чэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ АфэщIыж Юрэ.
- Урысейм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ, ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм и федеральнэ IуэхущIапIэм трагъэуващ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Промышленностым елэжьхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я урысей зэгухьэныгъэм и унафэщI Шохин Александр.
- Дунейпсо IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым и Iэтащхьэм и лIыкIуэ щхьэхуэ Титов Борис 2012 - 2022 гъэхэм а къулыкъум щыпэрытам, хэлъхьэныгъэфI хуищIащ хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, хьэрычэтыщIэхэмрэ къэралымрэ купщIафIэу зэдэгъэлэжьэным, къапщтэмэ, уполномоченнэхэм я IуэхущIапIэм зегъэужьыным.
Дызэрыт илъэсым и мэкъуауэгъуэм ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэхэм ятеухуа Федеральнэ законым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ ягъэбелджылащ Урысейм ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и лэжьыгъэр, ар псом хуэмыдэу хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэмрэ хабзэкIэ я сэбэп зыхэлъхэмкIэ къэралыр шэсыпIэ зэрыхъум и фIагъыр къэIэтыным зэрыхуэунэтIар. А закон дыдэм къегъэув уполномоченнэм и къулыкъум пэрыувэ цIыхур УФ-м и сенатору, УФ-м и Къэрал Думэм е УФ-м и щIыналъэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм я депутату щытыну зэрыхуимытыр.
IуэхущIапIэм хьэрычэтыщIэм и хуитыныгъэхэр къызэпызыуд Iуэхухэр икIэщIыпIэкIэ къызэтригъэувыIэну иIэ хуитыныгъэм зихъуэжащ. Иджы ар судкIэ фIэкIа пхуэгъэзэщIэнукъым. Апхуэдэуи яубзыхуащ федеральнэ уполномоченнэм и лэжьапIэ аппаратыр къэ-рал IуэхущIапIэу зэрыщымытри.
- ЗэхъуэкIыныгъэхэр щIыналъэхэм ялъэIэсыну?
- Къулыкъум пэрыхьа уполномоченнэм и къалэн нэхъыщхьэу къегъэлъагъуэ зыкъызэрыхуагъазэхэм хэплъэныр къызэгъэпэщыныр, хьэрычэт Iуэхум хэлъ гугъуехьхэм ятеухуа унафэ- хэр гъэхьэзырыныр, хьэрычэтыщIэхэм ядэлэжьэныр, щIыналъэ уполномоченнэхэм япыщIауэ щытыныр. Дэ, щIыналъэ уполномоченнэхэращи, зэрыхабзэу, дэтхэнэми ди къалэнщ хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр тхъумэныр, гугъуехьхэр къэхутэнымрэ ахэр зэфIэхынымкIэ хэкIыпIэхэр къэлъыхъуэнымрэ. ЩIыналъэ зыбжанэм щаубзыхуащ щIыналъэ уполномоченнэр къулыкъум пIалъитI зэкIэлъхьэужьу щытыну хуиту. Мы Iуэхум теухуауэ щIыналъэхэм дяпэкIэ езыхэм пIалъэр ягъэбелджылыуэ ящIу хъуну къыщIэкIынщ.
- Адрей щIыналъэхэм дауэ фадэлажьэрэ?
- Зыкъызэрытхуагъазэхэм дызэрыхэплъэ Iэмалхэм, щIыналъэхэм ди къарур зэщIэдгъэуIуэным, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ зыр адрейм сэбэп зэрыхуэхъу зэпыщIэныгъэхэр диIэщ. Мы гъэм уполномоченнэхэм я щIыналъэ зэхуэсхэм зи гугъу щащIа Iуэхугъуэ зыбжанэ щапхъэу къыфхуэсхьынщ. Псалъэм папщIэ, абыхэм къыхэщащ налог зэхъуэкIыныгъэхэр хьэрычэт Iуэхум къызэрытехьэлъэр: НДС-р процент 22-м, фейдэм техьэ налогыр процент 25-м нэсу драгъэкIуеящ. Абы къыдэкIуэу ФНС-м хьэрычэт лэжьыгъэр Iуэхугъуэ 55-кIэ къэпщытэныр къыхилъхьащ.
Дыхэплъащ къэрал, муниципальнэ щэхуэкIэм ехьэлIа хабзэхэр къызэрагъэсэбэпым, уголовнэ жэуаплыныгъэ зыпыщIахэм, хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным ехьэлIа зэныкъуэкъухэр судым нэмыс щIыкIэ зэфIэгъэувэжыным, нэгъуэщIхэми. Уполномоченнэхэм я щIыналъэ зэхуаку зэIущIэхэм къыщащтэ чэнджэщхэр УФ-м и къэрал къулыкъущIапIэхэм я деж нагъэс икIи къыподжэж.
КъищынэмыщIауэ, УФ-м и Къэрал Советым и комиссэм и зэIущIэм къыщаIэтащ хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэмрэ ахэр къезышэкIхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэр езым Iурагъэшыжу щымытмэ, хабзэм къигъэув мардэхэм тету къэралым яIих ахъшэр и чэзум зэрамытам къыхэкIыу занщIэу къуэды трамылъхьэу, япэщIыкIэ хъыбар ирагъэщIэныр зэрафIэкъабылыр. Сыту жыпIэмэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм сом мин 250-рэ, IуэхущIапIэхэм сом мин 500-м къыщыщIэдзауэ ятын хуейуэ къыхуагъэув къуэдыхэм абыхэм я лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIэнкIэ шынагъуэ къагъэхъу. Ар къыхэзгъэщауэ щытащ 2025 гъэм зэфIэдгъэкIахэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм хуэзгъэхьэзыра докладым.
- Сыт хуэдэ гугъуехьхэмкIэ зыкъыфхуагъазэрэ, ахэр дауэ зэхэвгъэкIрэ?
- Зыкъызэрытхуагъазэхэр нэхъыбэу теухуащ щIымрэ мылъкумрэ ехьэлIа зэхущытыкIэхэм, къэрал, муниципальнэ зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэр зэрагъэзащIэм, кредитым, къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэ унафэхэр зезыхьэхэм, хабзэхъумэ, налог, суд, къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ IуэхущIапIэхэм я унафэхэм е IуэхущIафэхэм хьэрычэтыщIэхэр арэзы къызэримыщIым, нэгъуэщIхэми.
Апхуэдэхэм деж къызыдогъэпэщ IэщIагъэлIхэр зыхэт лэжьакIуэ гуп. Я хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудар пэжмэ, ахэр ягъэзэкIуэжыным иужь йохьэ. А Iуэхум къызэщIеубыдэ щIыналъэ унафэщIхэм, къулыкъущIэхэм, прокуратурэм, судым захуэгъэзэнри. Языныкъуэм дежи къулыкъущIапIэхэр зэгъусэу зэлэжьыпхъэ Iуэхухэри къыхокI. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ къэрал Iуэхутхьэбзэхэмрэ мэкъумэш IуэхукIэ къагъэсэбэп щIыхэр бэджэнду къызэращтэмрэ папщIэ ятын хуей уасэм ехьэлIа гугъуехьхэр. Дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI зэманым промышленностым, гъэсыныпхъэ-энергетикэ, мэкъумэш про- мышленнэ IэнатIэхэм, хъумапIэхэм, связымкIэ центрхэм я сэбэп зыхэлъ IуэхухэмкIэ республикэм и прокуратурэм псынщIэу дызэрыдэлэжьэнур зэтедухуащ.
Апхуэдэу, Wildberries-м и хъумапIэхэм цIыху зэрымыс кхъухьлъатэ мыинхэмкIэ хэщIыныгъэшхуэ зрата промышленность псынщIэмрэ щэкIым елэжь IуэхущIапIэхэмрэ я лъэIухэр республикэм и прокуратурэм Iэрыдгъэхьащ. Хьэпшыпхэм къыщIахыну зыщыгугъа ахъшэр яфIэкIуэдыныр абыхэм я дежкIэ хэщIыныгъэшхуэ хъуащ, уеблэмэ я лэжьыгъэр къызэтригъэувыIэным нэсауэ. Абы къыдэкIуэу, КъБР-м и Сату-промышленнэ палатэм и гъусэу, дгъэхьэзыращ зэран зэкIа хьэрычэтыщIэхэм дэIэпыкъуным теухуа чэнджэщхэр.
Сэ къызэрыслъытэмкIэ, хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъума зэрыхъуну Iэмал нэхъыщхьэр зыкъытхуэзыгъазэхэм я Iуэхухэм жэуаплыныгъэ тхэлъу дыхэплъэнымрэ прокуратурэм дыдэлэжьэнымрэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, дэ мазэ къэс зэгъусэу цIыхухэм даIуощIэ. Гугъуехь зыпылъ Iуэху нэхъ инхэм дыщыхоплъэ КъБР-м и Прокуратурэм хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ дэлажьэ гупымрэ (хьэрычэт зэгухьэныгъэхэм, министерствэхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр хэтщ) Хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ хъумэнымкIэ жылагъуэ советымрэ я зэIущIэхэм.
Ди мурадщ хьэрычэтыщIэхэр Iуэхухэм хэзыгъэгъуазэ зэIущIэхэр ядедгъэкIуэкIыну. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, зэпыщIэныгъэ диIэн, хэкIыпIэу тлъагъухэм теухуауэ дызэчэнджэщын папщIэ.
- ХьэрычэтыщIэ Iуэхум теухуа къэрал политикэр зэтеублэным дауэ фыхэлэжьыхьрэ?
- Ар, псом япэрауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ чэнджэщэгъу гупхэм хэтынырщ, хьэрычэт Iуэхум хабзэ, экономикэ щытыкIэфIхэр къыхузэгъэпэщыным, республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIынухэр къешэлIэным елэжьынырщ. КъБР-м и Парламентым, Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэм, щIыпIэ унафэр зезыхьэхэм дадэлажьэкIэрэ, хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэм епха хабзэхэм ятеухуауэ чэнджэщхэм дыхэплъэныр къызэгъэпэща мэхъу. Гулъытэншэу къанэркъым хьэрычэт Iуэхум теухуа федеральнэ хабзэхэри. Проектхэм теухуауэ зэгурыIуэу зы Iуэху еплъыкIэ къэгъэлъэгъуэным хуэунэтIауэ щIыналъэ уполномоченнэхэр абыхэм хоплъэ. Апхуэдэу, мы илъэсым и пэщIэдзэм щыщIэдзауэ къару зыгъуэта хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьэм, IэмалыщIэхэм зэрытехьэнур нэхъ тынш ящIыну къыхэтлъхьащ, ар къыддаIыгъащ.
- Хьэрычэт Iуэхум дежкIэ гугъуехь нэхъыбэ къэзышэр, шэч хэмылъу, налогхэращ…
- Абы и закъуэкъым. КъуэкIыпIэ экономикэ зэхыхьэшхуэм и зэIущIэм къыщыщыпсалъэм, Урысейм и Президент Путин Владимир хьэрычэт Iуэхум егъэлеяуэ кIэлъымыплъыну къыхигъэщащ. «ХьэрычэтыщIэхэм я Iуэхур зылъахъэ бюрократие лъэпощхьэпохэр гъэкIуэдын хуейщ… НалогхэмкIэ хуэгъэкIуатэ хуэпщIрэ, иужькIэ къэпщытэныгъэ лейхэмкIэ абы зытебгъэхьэлъэжмэ, мыхьэнэ иIэжкъым узэрыдэIэпыкъуам.
Зыгъэхьэзырар
БАГЪЭТЫР Луизэщ.