НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м Нар­котикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъы­п­лъынымкIэ и управленэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ департаментым щыщхэмрэ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и медицинэ IэщIагъэлI­хэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу. 

ЗэIущIэр щыщщ наркотикхэкIхэр хабзэм ебакъуэу ирагъэкIыным пэщIэтыным хуэу­нэтIа «Ажалыр щащэр жыIэ» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм. 
ШколакIуэхэм жраIащ а Iуэхум балигъ мыхъуахэр зэрыхашэ щIыкIэр, зэпкърыхауэ гурагъэIуащ наркотикхэр зэхьэлIэным, хъумэным, гъэхьэзырыным, щэным зыпызыщIэхэм административнэ, уголовнэ жэуапхэр зэра­хьынур. Гулъытэ хэха хуащIащ наркотик­хэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэ­хэмрэ цIыхум и узыншагъэм зэранышхуэ зэрыхуэхъум.
КъинэмыщIауэ, гурагъэIуащ наркотикхэр зыщэхэм ятеухуа хъыбарыр жэщ-махуэ имы­Iэу лажьэ «линэ пщтырым упсалъэу яжепIэ зэрыхъунур. 
НыбжьыщIэхэр Iуэхум жыджэру хэтащ, жаIащ наркотикхэм зэрибийр, узыншагъэм нэхъ лъапIэ зэры­щы­мыIэр щIалэгъуалэм щIэх-щIэхыу зэхегъэхын зэрыхуейр. 

ДЫГУЛЫБГЪУ  Жануэс.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.