Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

«Си гуми си псэми къабгъэдэкIыу, пщIэ зыхуэсщI егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм и махуэшхуэмкIэ сехъуэхъуащ, фIыщIэ яхуэсщIащ къытщIэхъуэ щIэблэр зэрагъасэм папщIэ, - щетхыж КIуэкIуэ Казбек и напэкIуэцIым. - Егъэджэныгъэм щылажьэу цIыху мин 11-м ­щIигъу диIэщ. Лъэпкъ проектхэмрэ къэрал прог­раммэ­хэмрэ я фIыгъэкIэ, егъэджэныгъэр зэ­-пы­щIауэ зэрылажьэ инфраструктурэ зыдогъэпэщ. 
Школ 25-рэ щIэуэ дыухуащ 2018 гъэм щегъэжьауэ, 100-м нэс зэдгъэпэщыжащ. Сабий мин 64-рэ пщэдджыжь кIуэгъуэу школым макIуэ. Илъэсыр имыух щIыкIэ, иджыри школ 37-рэ зыхуей хуэдгъэзэнущ. 
Гулъытэншэу къэдгъанэркъым зэрызащIэд­гъакъуэ Iэмалхэри: проценти 10-кIэ улахуэм ­хэдгъэхъуащ, физикэр, химиер, информатикэр езыгъэджхэм, школитI-щым щылажьэхэм, ­егъэджакIуэу лэжьэн щIэзыдзагъащIэхэм ­щIыналъэм къыбгъэдэкIыу улахуэм яхущIы­догъу.
ШколакIуэхэм папщIэ урысейпсо олимпиадэхэм щытекIуа е тыгъэ къыщызыхьа сабийхэр езыгъаджэхэм яхуэтщI тыгъэр тIукIэ нэхъыбэ тщIащ. Дызэрыт илъэсым егъэджакIуэ нэхъыфIи 10-м дэтхэнэми саугъэту сом мин 200 иратащ, гъэсакIуэ 210-м - Урысейм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI тыгъэ лъа­пIэ къыхуа­щIащ. 
«Къуажэ егъэджакIуэ» программэм ипкъ иткIэ, 2020 гъэ лъандэрэ лэжьапIэ къа­гъуэтащ IэщIагъэлI 59-м. Я щIэныгъэр щыхагъахъуэ курсхэр зэи зэпыуркъым. 
Ди зэIущIэр щIэщыгъуэу екIуэкIащ. IэщIагъэлI къэгъуэтыным, инфраструктурэм, адэ-анэм ядэлэжьэным, къыпызыщэ гупхэм, спортзалхэр, ОБЗР-мкIэ кабинетхэр зэраухуэм, къуажэм щылажьэ егъэджакIуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным датепсэлъыхьащ.
ФIыщIэ яхузощI сызыIущIа егъэджакIуэхэм, гуапэу дызэрызэпсэлъам папщIэ. Узыншагъэ быдэ яIэу, зэи мыкIуэдыжыну я IэщIагъэм и ­хъер дяпэкIи ялъагъуну си гуапэщ».

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.