Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ Црым Руслан и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. «Дыгъэм къегъэзэж» зыфIища сурэт гупыр (сериер) гъэщIэгъуэнщ, гупсысэу щIилъхьам уимыгъэпIейтейуи къанэркъым.
Пэш Iэхуитлъэхуитым узэрыщIыхьэу нэм къыIуедзэ дыгъэм и нур щабэр къызыпкърыкI, щхъуэкIэплъыкIэ дахэу, дамыгъэрэ итхъауэ зэхэт лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ахэр «итщ», лъакъуэ щIэту, я гупэхэр зэхуэгъэзауэ щыт фIэдзапIэхэм, Малевич Казимир и «ЗэпэплIимэ фIыцIэр» («Чёрный квадрат») уигу къэзыгъэкIхэм. Сыту пIэрэ мыбыхэмкIэ сурэтыщI цIэрыIуэм къыджиIэну зыхэтыр? Дыгъэм къыщригъэгъэзэжкIэ ар зэгуэр зыщIыпIэ ягъэкIуащ, адыгэ IуэрыIуатэм зэман-зэманкIэрэ ар благъуэм зэрыIэщIэкIуадэу щытам ещхьу. Зыдоплъыхь, дызыщIодэIукI, дахагъэ гуэрым дыкъыхэхутащи, ди гур, ди псэр гуапагъэмрэ фIыгъуэмрэ щогугъ.
Зы блыным фIэлъщ Руслан рецептуализм жыпхъэм зэрыхуэкIуам, гъэлъэгъуэныгъэмкIэ жиIэну зыхуейм, дыгъэр дамыгъэ лъапIэу зэрыщытым, нэгъуэщI куэдми ухэзыгъэгъуазэ тхыгъэшхуэ. ЦIыхухэр къэувыIэурэ абы йоплъ, ходжыхь. Шэч хэлъкъым нэм илъагъумрэ зыхащIэмрэ нэхърэ нэхъыбэ къащIэну ахэр зэрыхущIэкъум. Сэри абыхэм сащыщщ. КъыхызоджыкI Мэзлохэ Эдуардрэ Русланрэ Црымым рецептуализмыр зи лъабжьэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэр къыдэзыIыгъ-дэзыгъэкIуатэу зэрыщытыр, «ЗэпэплIимэ фIыцIэм» ехьэлIа гукъэкIыр, Матюшкинымрэ Кручёныхымрэ я гъусэу 1913 гъэм «Победа над солнцем» футурист оперэм щелэжьым, а гупсысэр Малевич къызэрыхуэкIуэгъар, нэгъуэщIхэри. Мыхьэнэм трещIыхьри, оперэм и сценографием щелэжьым, Дыгъэм «тогуплIэ», «зытекIуам» и дамыгъэр зэпэплIимэ фIыцIэм «иреубыдэ».
ГъэлъэгъуэныгъэмкIэ къэдгъэзэжынщи, ар езыгъэкIуэкIа, «Платформа» IуэхущIапIэм и арт-куратор Шыбзыхъуэ Дианэ купщIафIэу, гугъэзагъэу тепсэлъыхьащ зэIущIэмрэ ар зи саулыкъумрэ.
- Нобэ ди гуфIэгъуэ махуэщ, сурэтыщI гъуэзэджэ, философ, гъащIэм, гъуазджэм зи еплъыкIэ щхьэхуэ хузиIэж Црым Руслан и гъэлъэгъуэныгъэр къызэIудох. Усыгъэ, щIагъыбзэ фIэщыгъэ гъэщIэгъуэн иIэщ гъэлъэгъуэныгъэм икIи, езы сурэтыщIым зэрызыкъиумысыжащи, мы сурэт гупым я къыщIэдзапIэр дыгъэр гъэр зыщIа, цIыхухэм ящызыгъэпщкIуа Малевич и «ЗэпэплIимэ фIыцIэращ». Руслан и IэдакъэщIэкIхэмкIэ Iуэхур къызэригъэдзэкIри цIыхухэм дыгъэр къахуригъэпсыжащ. Гу зэрылъыфтащи, мы лэжьыгъэхэм щIэ куэд къахэхъуащ, мыпхуэдэу ар иджыщ япэу утыку къыщрихьэр. Езы Црымыр дыгъэм хуэдэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы хуабагъэ, гуапагъэ къыпкърокI, и гукъэкIхэр къызыгурыIуэ, къыдэзыIыгъ цIыхухэр зэпымыууэ къыкъуэтщ, и хуабагъэр дэтхэнэ зыми къытлъысу мэпсэури, и бзийхэм иджыри куэдрэ дадэхуэбэну си гуапэщ, - жиIащ Дианэ икIи дыщIигъужащ гъэлъэгъуэныгъэм папщIэ Мэршэнкъул Астемыррэ Жолдашев Анзоррэ макъамэ дахэ зэратхар, выставкэр екIуэкIыху пэшым ар къызэрыщеуэнур.
- Сэ куэд щIащ Црым Руслан сурэтыщI къудейуэ къызэрызмылъытэжрэ, абы гъэдэщIыдэм, цIыху щхьэхуэм ехьэлIа и философиер куэдым япэгъунэгъущ. А философием и хьэтыркIэ блэкIами къэкIуэнуми, нэрылъагъуми нэкъыфIэщIми зэуэ хопсэукIыф, холэжьыхьыф Руслан. Абыхэм къахих-къапкърихыр дэ иджыри къыдгурыIуэн хуейщ. Ар икъукIэ къалэн гугъущ. «Дыгъэм къегъэзэж» фIэщыгъэр езыр философие псысэм хуэдэщ, и лъабжьэр мифологием, нарт эпосым, адыгэ хабзэм хуэкIуэжу. Дыгъэм къызэригъэзэжым сэ хызолъагъуэ кIыфIыгъэм къыхэкIауэ къытхуэкIуэ зы нэхугъэ гуэр, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ащхъуэт-Тау Ритэ. - Руслан и щIыхьыцIэхэмрэ и дамыгъэ гуэрхэмрэкъым ди дежкIэ нэхъ лъапIэу сэ къэслъытэр, атIэ и гупсысэ щхьэхуэм утришэну зэи зэрыхущIэмыкъурщ. Сыхуейщ уи гъуазджэм и дыгъэр зэи мыужьыхыну, Руслан.
ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, икусствоведенэмкIэ доктор Астраханцевэ Татьянэ Налшык щыIэу ирихьэлIащ гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым.
- ИкъукIэ сыщогуфIыкI уи етIуанэ гъэлъэгъуэныгъэ сызэрыхуэзэр, ар си дежкIэ насыпышхуэщ. Мы пэшыр икъукIэ сигу ирохь, зыми емыщхьщ, хуитщ, нэхущ. Иджыри Iуэху куэд щевгъэкIуэкIыну, зывузэщIыну си гуапэщ. Сэ нобэ слъагъур цIыху зэпIэзэрытым, зи къэухьым куэд дыдэ къызэщIиубыдэм, дунейм лъэныкъуэ псомкIи къыщеплъыф сурэтыщIым и гупсысэщ, - жиIащ абы. АдэкIэ ар гупсэхуу тепсэлъыхьащ Руслан постмодернист сурэтыщIу, и гъуазджэм мифхэмрэ лъэпкъ дамыгъэхэмрэ я лъабжьэу зэрыщытым, и гуащIэр куууэ къызэрыщIэгъэлъам.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч хужиIэн и куэдщ и ныбжьэгъум. «Зыми ещхькъым Руслан, «сэ езыр сегупсысащ, сэ езым сщIащ, къикIыр сэ езым къывгурызгъэIуэнщ» лэжьэкIэм тетщ ар. ЦIыхухэм я нэхъыбэм я хьэлщ зэгупсысыр хэIущIыIу ямыщIыщэу. Руслан абыхэм ящыщкъым, и Iуэху еплъыкIэр, и Iуэху лъагъукIэр къигъэнэIуэну зэи шынэркъым, «сакъыгурыIуэнкъым» жиIэуи пIейтейкъым. Ар IэщIагъэлI нэсым и лэжьэкIэщ», - жиIащ Заурбэч.
- Франджы сурэтыщI цIэрыIуэ Матисс Анри жиIэгъащ: «СурэтыщIым и гуащIэр, и инагъыр къызэралъытэр абы къызэIуихыу ди дунейм къихьэса дамыгъэхэм я куэдагъырщ». Си гуапэщ мы зэIущIэм кърихьэлIа псоми Анри и гупсысэр нэсу къыфпкърыхьэну, ехъулIэныгъэ фиIэну, - жиIащ сурэтыщI, егъэджакIуэ Мэзло Эдуард.
Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ къыхигъэщащ «Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэр Малевич и гупсысэм пэщIэуэу къызэрилъытэр. «Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дыгъэм текIуауэ абы къызэрилъытэрэ илъэси 113-рэ дэкIа иужь, Руслан а дыгъэр къытхуихьыжащ. Псори зыгъэхуабэ, зыри зытемыкIуэ дыгъэм хуэдэу укъытщхьэщытыну ди гуапэщ, Руслан, - зыхуигъэзащ абы сурэтыщIым.
Езы Црым Руслан псалъэ щратым, Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуа дэтхэнэми, зэIущIэм кърихьэлIахэми фIыщIэ яхуищIащ.
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэр щэкIуэгъуэм и 1 пщIондэ екIуэкIынущ. Зэвгъэлъагъумэ, фызэрыхущIемыгъуэжынур хьэкъщ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.