И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь. Абы щытеп­сэлъыхьащ усакIуэм и гъащIэ гъуэгум, и тхыгъэхэм, и цIыху щIы­кIэу щытам, лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэм. 
Пшыхьым кърагъэблэ­гъат КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ, Налшык дэт 13-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Жыкъуэ Соня, усакIуэ Нэгъуей Радимэ сымэ. Къэ­псэлъахэм къыхагъэщащ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэу зэрыгъэпсар, езым и хьэл-щэн дахэм, и псэ нэхум и лъэужь и Iэдакъэ­щIэкIхэми къы­зэрыхэщыр. IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрыта цIыху щэджащэм дэт­хэнэ Iуэхуми къыхуигъуэтырт бгъэ­дыхьэкIэ тэмэм. УсакIуэт, газетым и редакторт, фронтым щылэжьа корреспондентт, литературэ критикт, публицистт, бзэ щIэныгъэлIт, этнографт, депутатт. 
Пшыхьым хэтахэм цIыхубэ усакIуэр ягу къагъэкIыжащ, и усэхэмрэ и тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэмрэ къеджащ. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща «УсакIуэр цIыхубэм я гум къопсэлъыкI» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр гъэщIэгъуэнт. 

Тхыгъэри сурэтри  ГЪУЭТ Синэ ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.