Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIыналъэ зыбжанэм зэдай конференц: «Урысей Федерацэм и муслъымэнхэм я псэкупсэ щхьэхуэныгъэр хъумэным теухуауэ». 
Дин IуэхущапIэхэм я уна­фэщIхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, хабзэмкIэ, тхыдэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIэны­гъэлI­хэр, Iимамхэр, ислъам еджапIэхэм я студентхэр, СМИ-хэм я лIыкIуэхэр хэтащ зи гугъу тщIы конференцым. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар къызэIуахащ КъурIэн лъапIэм щыщ IэятхэмкIэ. Тхылъ лъапIэм щыщ пычыгъуэм къеджащ Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и егъэджакIуэ Сэбаншы Мухьэдин. 
 КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим (аращ конференцыр езыгъэ­кIуэкIар) къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ кърагъэблэгъа IэщIагъэлIхэмрэ къулыкъу­щIэ­хэмрэ. Япэу псалъэ зрата муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий гъуэгуанэшхуэ зэпачу кон­ференцым къэкIуа­хэм фIы­щIэ псалъэкIэ захуигъэзащ. 
 «Дунейм зехъуэж, - жиIащ Дзасэжь Хьэзрэталий. – Жэ­уапыщIэ зэтын хуей упщIэхэр къызыхуэувыр политикэмрэ эко­номикэмрэ я закъуэкъым, атIэ псэкупсэ щIэ­ныгъэ­хэми я къарур къызыкъуахын хуей мэхъу, цIыхум нэхъ лъапIэу бгъэдэлъ гуры­щIэхэмрэ псэукIэ хабзэ­хэм­рэ зэблэзышыну хэтхэм ар яхуэб­дэ зэрымыхъунум къы­хэкIыу. Гупсысэ нэхъ дахэ ды­дэри фIы зигу имылъым пхэн­жу къыхуэгъэлъэгъуэнущ. «Псэкупсэ щхьэхуэны­гъэр­ хъумэным» къидгъэ­кIыр убзыхупхъэщ, сыту жы­пIэмэ, ар къэралым и шынагъуэншагъэм и зы Iыхьэу зэрыщытым шэч хэлъкъым. 
Урысейр светскэ къэралу зэрыщытым щхьэкIэ къэмы­нэу, абы и къэралыгъуэр къы­зэрыунэхурэ, муслъы­мэн­хэр къыдогъуэгурыкIуэ. Дэ, зы лъэныкъуэкIэ, ди адэжь­хэр зрикIуа лъагъуэм дытетщ, ауэ ди диныр зезы­хьэхэр къэралым пэщIэувэну хэту, абы еныкъуэкъуу щыт­къым, дэтхэнэ зыри Уры­сейм дрицIыхущ. «Псэкупсэ щхьэхуэныгъэм» дэ къидгъэкIыр ди япэ итахэм я дин зехьэкIэм дытетын хуитыныгъэрщ, хамэ къэралхэм къикIа гуэрым дыдэ­мыплъейуэ. 
Нобэ муслъымэн лэжьа­кIуэм зимыхъуэжыпIэ иIэкъым. ЩIалэгъуалэм бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмэп­сы­мэхэр яIэщIэлъщ, и фIэщ хъури интернетым къыщи­гъуэ­тырщ. Абыхэм я акъы­лыр едмыгъэгъэутхъуэн папщIэ, мэжджытыр чырбы­шым къыхэщIыкIа ухуэныгъэ къудейуэ зэрыщымытыр къыдгурыIуапхъэщ. Дэ зэманым декIу къыхуеджа­кIуэхэм дахуэныкъуэщ, телефоным къыщыхуэза дэтхэнэ гупсысэ пхэнжми ирихьэ­жьэ­ну хьэзыр ныбжьыщIэр бийм къыIэщIэтхыфын хуэ­дэу. Интернет къудамэ куп­щIафIэхэр къыдомэщIэкI, апщIондэху мыхьэнэшхуэ зи­мыIэ Iуэхугъуэхэр башым фIаIури, диным къыхыхьагъащIэхэм я гупсысэр зэб­лаш. А псом къикIращи, псэ зыIут псалъэ гъэхуам и къарур зэрынэхъапэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дэ зетхьэр зы дину щытми, адыгэб­зэм щегъэжьауэ тэ­тэ­рыбзэм деж щиухыжу, бзэ куэдкIэ допсалъэ, лъэпкъ куэди дохъу. А псоми езым я дин зехьэкIэ хабзэ тхыдэм къы­кIуэцIрахауэ яIэжщ, ауэ псоми ди лъабжьэр ислъамым и тегъэщIапIэхэрщ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым нэхърэ нэхъ щапхъэфI ухуейкъым, мамыру муслъымэн лъэпкъ зыбжанэ зэры­щы­зэдэпсэумкIэ. ЩIэныгъэ зи­Iэ Iимамхэр димыIэу хъунукъым, упщIэ къагъэувхэм уры­сыбзэкIи щхьэж и анэ­дэлъхубзэкIи жэуап ираты­фын хуэдэу». 
Нобэрей дин лэжьа­кIуэ­фIыр хъутIбэ къеджэу мэжджытым щIэтракъым, муф­тийр зэрегупсысымкIэ. Абы унэ еухуэ, цIыхухэр егъэ­хъуж, гъуэгу ещI, Урысейм ще­кIуэкI гъащIэм и зы Iыхьэ лъэщу хэтщ ар, ислъамым и мыхьэнэр езым и хьэлрэ щэн­кIэ яригъэлъагъуу. Къэ­ра­лым къыбгъэдэкIыу сыт дызыхуэныкъуэр жыпIэмэ, щIэныгъэ куур зи лъабжьэ ислъам дин диIэн папщIэ, еджапIэхэр, центрхэр нэхъыбэ хъуарэт жыдоIэ. 
Конференцыр ауэ сытми ирагъэкIуэкI къудей мыхъуу, абы жылагъуэр зыхуэны­къуэ упщIэхэр щагъэувы­ным, жэуапхэр къагъуэ­ты­ным хуэу­нэтIауэ зэрагъэ­хьэ­зырам тепсэлъыхьащ муф­тийм и къуэдзэ КIэрэф Жэм­болэт. 
«Псэкупсэ щхьэхуэныгъэр хъума хъун папщIэ, Iуэху­гъуиплI хэмыту хъунукъым, - жи­Iащ КIэрэфым. - Япэрауэ, идеологиер. Иджыпсту ди­ным и пIэ ирагъэувэну хэту, гуп щхьэрыуахэр къежьащ: «неоязычество», «неофашизм», къинэмыщIхэр. Езы ислъам диным и кIуэцIкIи лъабжьэ зимыIэ унэтIыныгъэ пхэнжхэр къыхозэрыхь. А псоми диным хуеджа щIэ­ныгъэлIхэр я щхьэр течауэ тепсэлъыхьыну Iэмал етын хуейуэ къэтлъытэри, апхуэ­дэхэр къедгъэблэгъащ. 
ЕтIуанэрауэ, Урысейм щы­п­сэу муслъымэнхэм дэ езым дыдейуэ дин щIэныгъэ зехьэкIэ диIэжыпхъэщ, Къуэ­кIы­пIэмкIэ къикIми Къу­хьэпIэмкIэ кърахми де­дэ­Iуэн хуей мыхъуу. Сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ щIыналъэ­ми и Iуэхур щхьэхуэщ, щIы­пIэм щымыщым абы ще­кIуэкIыр къыгурыIуэнукъым. 
Ещанэрауэ, дэ хабзэр щызекIуэ къэрал дыщопсэу. Абы и гъунэм узэрикIыу, псори зэхэмызэрыхьынкIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ щыхъукIэ, дин зезыхьэ цIыхур зыхуитымрэ ищIэ мыхъунумрэ фIы­уэ дыщыгъуазэкъым. Абы къыхэкIыу, къэрал хабзэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэри къедгъэблэгъащ. 
ЕплIанэрауэ, къэралым щыпсэу муслъымэн лъэпкъ псоми къызэднэкIа тхыдэ ­гъуэгуанэ къэткIуащ, дызы­дэплъеин­рэ щапхъэ тхуэ­хъунрэ къыхэтхыфыну. Абы и мыхьэнэм тхыдэмкIэ щIэ­ныгъэлIхэр къытхутеп­сэ­лъы­хьынущ». 
Конференцым и лэжьыгъэм хэтащ лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министрым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Гергоков Жэмболэт. Псэкупсэ щхьэ­хуэ­ныгъэм и мыхьэнэр къыд­гурыIуэн папщIэ, Къу­хьэ­пIэм щыжаIэмрэ ща­щIэм­рэ деплъын хуейуэ аращ, жиIащ Гергоковым. Шве­цием КъурIэныр зэрыщагъэсам и хъыбар псоми зэ­хэтхащ. Демократием дыкъыхуезыджэхэм сыт ща­дэт­лъэгъуар абдежым? Я полицэм КъурIэныр зыгъэс щIэпхъаджащIэр ехъумэ. Абы иужькIэ дауэ ахэр «демократиекIэ» зэджэм езы­хэр тету уи фIэщ зэрыпщIынур? Ауэ щыхъукIэ, ди къэралыр хабзэкIэ тхылъ лъапIэ­хэм къащхьэщож. Уры­­сейм щыпсэу муслъымэнхэр жы­лагъуэм и зы Iыхьэшхуэщ. 
КъуэкIыпIэмкIэ уплъэмэ, абыхэм диныр къэралым пэщIэувэн хуейуэ къалъытэ. Иджыпсту Урысейм дзэ Iуэху хэха зэрыщекIуэкIыр къагъэщхьэпэу, светскэ къэралым диныр нэгъэсауэ щызумухьэфын хуэдэу жаIэурэ, Урысейм щыщ лъэпкъ ма­щIэ­хэр абы къыгуэгъэкIын ­хуейуэ ягъэув. Языныкъуэ­хэр щIэныгъэм поув. Мус­лъымэнхэр къэрал школым кIуэн хуэмейуэ, уеблэмэ хъы­джэбз цIыкIухэр емы­джэми ягъэ мыкIыну пхагъэ­кIыну хэтщ. Абы узыхуишэнур сыт? Муслъымэныр зэманым къыкIэрыхуа цIыху ящIыну хуейуэ аращ, щIэныгъэ имыIэрэ жылагъуэм хэ­мызагъэу. Мис ахэр къыт­щы­мыщIын папщIэщ мып­хуэдэ конференцхэр щIедгъэкIуэкIыр. 
Къэпсэлъэныгъэ купщIа­фIэкIэ утыку къихьащ ­РАНХИГС-мрэ РГГУ-мрэ я профессор Шахов Олег. Ар тепсэлъыхьащ дин зезыхьэ цIыхум и хьэкъыр языны­къуэхэм пхэнжу къазэрыгурыIуэм. Шаховым щапхъэ зыбжанэ къихьащ, хабзэм тхыгъэкIэ къигъэлъагъуэм­рэ гъащIэм къыщыхъумрэ зэзэмызэ зэрызэблэувы­кIым и щыхьэту къэуву. Зи за­къуэу нэмэз зыщI цIыхур диным къыхуриджэ хуэдэу жаIэу, хабзэм щрашэлIа къэ­хъуащ. НэгъуэщI зыгуэ­рым мэжджытым нэмэз щри­гъэщIати, апхуэдэ хуи­ты­ныгъэ имыIэу диным къыхуезыджэхэм хабжащ. Мис а Iуэхугъуэхэм фIащым­рэ зэрыщыт дыдэмрэ зэхэ­кIауэ пхужыIэнукъым. Шаховыр тепсэлъыхьащ ислъам дин зезыхьэхэр нэхъ щымащIэ щIыпIэхэм къыщыхъухэми. «Щапхъэ къэсхьынут, - жиIащ профессорым. – Iуащ­хьэмахуэ лъапэ сы­щы­Iэу, абдежым щыхатIа хъы­барегъащIэм гу лъыстауэ щытащ: «Мы щIыпIэм щып­сэу­хэм пщIэ яхуэфщIи, фи щIы­фэр пцIанэу къэвмыкIухь». Ардыдэр яжеIапхъэт муслъымэн куэд здэ­щымыIэ къалэхэм щып­сэухэми. ЦIы­ху­хэр зэмыса ­теплъэгъуэ я пащхьэм иб­гъэувэмэ, къаугъэ къи­шэн­кIи хъунущ, абы къы­хэкIыу, апхуэдэ щIы­пIэхэм уэрамым, цIыхубэ зэхэзекIуа­пIэм нэмэз щу­мыщIмэ, нэхъыфIу къыщIэ­кIынщ». 
 Конференцым цIыху 20-м щIигъу хьэщIэу къекIуэлIащ икIи къыщыпсэлъащ. Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным, Ставрополь крайм, Адыгеймрэ Краснодар краймрэ, Куржым, нэ­гъуэщI щIыналъэхэм къикIащ зи щIэныгъэмрэ Iуэху еп­лъы­кIэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшахэр. Дэтхэнэ зыми зэIущIэр езыгъэкIуэкIа Сыжажэ Алим упщIэкIэ зы­хуигъэзащ: «Урысейм щып­сэу муслъымэнхэм я псэкупсэ щхьэхуэныгъэр яхъу­мэжын папщIэ, сыт нэхъапэу къэлъытапхъэр?». Дауи, жэуапхэр зэщхьтэкъым, ауэ дэтхэнэ зыми езым мыхьэнэ нэхъ зритыр къигъэлъэ­гъуащ­. А гупсысэ псори хэ­кIыпIэ къызыхуалъыхъуэ Iуэ­хум хуэмыщхьэпэнкIэ Iэмал иIэкъым. 
 ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.