Фащэ екIухэр ящыгът

Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэблэм егъэщIэным хуэгъэпса «Адыгэ цIыкIу» сабий IуэхущIапIэм Адыгэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ. IуэхущIапIэм и унафэщI Къармэ ­Iэсият я гъэсэнхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, егъэджакIуэхэм захуигъэзащ хъуэхъукIэ. Къыхигъэщащ зэ­рыадэгэм зэрыригушхуэр, уадыгэным фIыгъуэ къы­зэрыдэкIуэр, нэхъыжьым Iурылъ бзэмрэ зэрихьэ хабзэмрэ нэхъыщIэхэм я деж нэхьэсыныр псом нэхъыщхьэу къызэрилъытэр. Iэсият цIыкIухэм упщIэ яритащ адыгагъэм, бзэм, хабзэм, фащэм, нэмысым теухуауэ. Сабийхэри ­гушхуауэ упщIэхэм пэджэжащ.
Махуэшхуэр IуэхущIапIэм щагъэлъэпIащ усэкIэ, уэрэдкIэ, шыкIэпшынэ макъамэкIэ. Я пэшыр ягъэщIэрэщIащ «IэпэIэсэ», «IэпщIэлъапщIэ» дерсхэм щIалэ цIыкIухэмрэ хъы­джэбз цIыкIухэмрэ щащIа хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсы­мэхэмкIэ, сурэт зэмылIэужьыгъэхэмкIэ. Езы цIыкIухэми загъэщIэрэщIат - адыгэ фащэ екIухэр ящыгъыу къэкIуа сабийхэм уахэплъэну гухэхъуэт. Ахэр ягъэгушхуэн папщIэ ­кърагъэблэгъат республикэм фIыуэ къыщацIыху уэрэд­жыIакIуэ цIыкIу Маргъущ Тамерлан. Абы адыгэ уэрэдхэмкIэ Iуэхур игъэдэхащ. 
Тхыгъэри  сурэтри  НафIэдз  Данэ  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.