И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ. Апхуэдэм зытет дунейр фIэ­щIэщыгъуэщ, дахагъэр тез зэрищIыным, гуапагъэкIэ ихъуреягъыр зэригъэн­щIы­ным, псэ зыIутым я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэм IэфIагъ зэрыдилъхьэным  хущIокъу. Къыхиха IэщIагъэр фIыуэ зы­лъа­гъум, абы пэжу бгъэ­дэтым зыдумы­щIынкIэ Iэмал иIэкъым. Ар зыпэрыт IэнатIэм хилъхьэну акъылыр зэригъэкууным, къыхихыну щхьэпэм зэрызригъэуб­гъуным теухуа гупсысэхэм хэтщ.

Дауи, IэщIагъэу щыIэр фIыщ, псэуны-  гъэр иригъэ­фIакIуэмэ, ауэ щыIэщ Iэна­тIитI, цIыхум и щыIэныгъэр гуэх имыIэу епхауэ - доху­ты­рымрэ егъэджакIуэмрэ. Зыр упсэун щхьэкIэ узыхуей узыншагъэм и хъумакIуэмэ, адрейр дунейм екIуу утетын щхьэ­кIэ узыхуэ­ныкъуэ щIэ­ныгъэм хуэсакъ плъырщ. И пщэ къыдэхуэ хьэкъыр зыдэ­зыщIэжхэм ящыщщ зи IэнатIэм екIуу бгъэдэт Тэнащ Мариттэ Залымхъан и пхъур.
Гудзакъэ зиIэ, зи лэжьыгъэм и пIалъэ фIыуэ зыщIэ, и Iэ­щIагъэм къыхуигъэщIащ зы­ху­жаIэм хуэдэщ Урыху ­(Къугъуэлъкъуей) къуажэ дэт курыт еджапIэ №2-м физикэр щезыгъэдж, категорие ищхьэ зиIэ Тэнащ Мариттэ. Абы и лэжьэкIэр зылъэгъуам жиIэфынущ Iуэху зехьэкIэ дахэ зэрыбгъэдэлъыр, щIэныгъэшхуэ зэриIэр, сыт щыгъуи Iуэхур щIэ ­гуэркIэ игъэнщIыну зэрыхущIэкъур. ЦIыхум езым бгъэдэлъымкIэщ къы­зэ­рыбдэгуэ­шэ­фынур. Абы щыгъуэми и псэм щыщ хъуа­хуэ нэгъуэщIым лъызыгъэ­сы­фыр и гупсысэр ­лъагэу, и зэ­хэщIыкIыр куууэ, и псэр къулейуэ къэгъуэгурыкIуэрщ. ­Ап­хуэдэ цIыхуу къалъы­тэу гупым яхэтщ Мариттэ.
Тэнащыр егъэджакIуэ гу­мызагъэу зэры­щы­тыр лэ­жьэн зэрыщIидзэу наIуэ къэхъуащ. И щIэныгъэм хигъахъуэм, и зэхэщIыкIым зиубгъуурэ, ар иджыпсту хъуащ зэманыщIэм ­къезэгъ гъэсэкIэм, егъэ­джэ­кIэм хуэIэзэ лэ­жьакIуэ емы­шыж. Мариттэ урокым и ­къы­­­зэгъэ­пэщыкIэри егъэ­­кIуэ­кIыкIэри щIэ-щыгъуэ ещIыф, Iэмал зэмыщхьхэр къе­гъэ­сэбэп сабийхэр зыху­ри­гъа­джэм дригъэхьэхын му­радкIэ. ЗэрытщIэщи, сабийхэр  я зэфIэкIкIэ зэхуэдэкъым. Сытым щыгъуи дэтхэнэ зыми хузэфIэкIынум  хуэ­диз къыпихынымкIэ хэ­кIыпIэ къегъуэтыф. Иджырей егъэджэныгъэ ухуэкIэм Iэ­щIагъэлIхэм я пащхьэ къри­гъэу­вэхэм ящыщщ еджа­кIуэ­хэм я гупсысэкIэм зезыгъэужь, я Iэзагъыр къызы­къуезыгъэх Iэмалхэр я лэ­­­жьыгъэм хэпщэныр. Мариттэ апхуэдэхэр сытым дежи къелъыхъуэ, къегъэсэбэп. И дерсхэр купщIафIэу, гукъинэжу зэрыщытым и щыхьэтщ абы и еджакIуэхэр щIыналъэ икIи хэгъэгу зэхьэ­зэ­хуэхэм зэ­рыщытекIуэр, къэрал гъэу­нэ­ху­ны­гъэхэм балл лъагэхэр къы­зэрыщахьыфыр.
Категорие нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэм дэтхэнэ дерсри къэхутэныгъэу зэхеухуанэ. ЕгъэджэныгъэмкIэ щыIэ ­мардэхэм къагъэув егъэджа­кIуэм сабийхэм ярит щIэныгъэр езыхэм къазэрыгуры­Iуам ищIыIужкIэ, гъащIэми къы­щагъэсэбэпыжыфу егъэ­сэ­ныр. Апхуэдэ щытыкIэм ар Iэмалыншэу ирешалIэ творческэ бгъэдыхьэкIэм. Гуры­Iуэгъуэщ, но­бэкIэ еджапIэм кIуэ сабийм и зэхэщIыкIыр ­интернетым мыбзаджэу зэ­риIэтыр, ауэ ар умыунэтIмэ, щIа­гъуэ къызэримыкIынури ­нахуэщ. Егъэджэныгъэм къегъэув а Iуэху­гъуэр щызэхэгъэ­кIыпхъэми щызэхэухуэ­напхъэми егъэджакIуэм и нэIэ тетын хуейуэ. Мариттэ и IэнатIэм щIехъулIэмрэ къыхуащI пщIэр къызыхэкI щхьэусы­гъуэхэмрэ уеплъмэ, а къалэ­ным гупсэхуу зэрыбгъэ­ды­хьэм ури­шэлIэнущ. Физикэр езыр дерс тынш дыдэхэм ящыщ­къым, ауэ дунейм и щэху куэд наIуэ ­къещIри, къэ­хутэныгъэкIэ, гупсысэ зэпэ­шэ­чакIэ, гуп лэжьыгъэкIэ еджа­­кIуэхэм къаре­гъащтэ, абыхэм я гупэр зыхуэгъэза щIэныгъэхэм ящыщ ещI.
Тэнащыр зэрыегъэджа­кIуэм къищынэ­мы­щIауэ, къы­зэгъэпэщакIуэ нэсщ. Арауэ къы­щIэкIынщ абы гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ еджа­пIэм  и унафэщIым и къуэдзэ къалэн-ри къыхуагъэфэщауэ щIы­щытар. А IэнатIэм зэрыпэрыта илъэс бжыгъэхэм наIуэ къэхъуащ Мариттэ адыгэбзэм, лъэпкъ щэнхабзэм, Адыгэ Хабзэм яхуиIэ лъагъуныгъэр. Абы и жэрдэм хэлъщ еджапIэм щекIуэкI клас­сщIыб лэжьыгъэхэр анэ­дэлъхубзэкIэ екIуэкI зэры­хъуам, иужьрей пшыхьхэр адыгэхэм ижь ­лъандэрэ къадекIуэкI къафэ теплъэгъуэ­хэмкIэ ягъэнщIу зэрыхуежьам. ИпэжыпIэкIэ, Мариттэ гулъытэ хэха хуи­щIырт ныбжьы­щIэхэр хэкупсэу къэгъэхъуным. Гуа­щIэш­хуэ зытригъэкIуадэ Iуэ­хур гулъытэншэ зэрымы-  хъуар къыхэгъэщын хуейщ: «Си бзэ - си псэ, си дуней» хэгъэгупсо зэпеуэм еджапIэр щыхэтам, Мариттэ къыхуа­гъэфэщауэ щытащ клас­сщIыб лэжьыгъэхэр къы­зэгъэ­пэщы­нымкIэ щытхъу тхылъ.
Сыт хуэдэ къалэн цIыхум и пщэ къыдэхуэми, къы­зы­хэкIа лъэпкъым и пащхьэ щиIэ ­хьэкъыр зэи щыгъупщэ хъунукъым. Адыгэ унагъуэр щызыгъэIэ псэкупсэ пкъо­щIэсэхэм ящыщщ щIэблэм лъэпкъыбзэмрэ щэнхабзэмрэ щы­гъуазэу къэгъэтэ­джы­ныр. Нэ­гъуэщIу хъункIэ Iэмал иIэкъым: ныбжьыщIэр зы­хы­хьэну жылэр зы дуней лъа­гъукIэ хэхам тету къогъуэгурыкIуэ, хабзэ зэдызэрахьэ, зы щIэжым къитIасэ щыIэкIэм тету мэпсэу. Зыгъаси, хасэм кIуэ, щIыжаIаращи, цIыхур зы­щыщ лъэпкъым и щыIэкIэм хэту къэгъэ­тэджын хуейщ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ я къалэн хуэдэу хъуа а Iуэхур Мариттэ зэи зыщхьэщихакъым, физикэр яригъэджми, адыгагъэр зэрахэлъын, лъэп­къым хуэфа- щэу зэры­щытын хуейр зэи щIалэгъуалэм   я щхьэ ирихакъым. Ар зэфIэ­кIышхуэщ, гулъытэ лей зыхуэ­щIыпхъэщи, абы щхьэкIэ ­фI­ыщIэшхуэ хуэфащэщ.
Зыхэт егъэджакIуэ гупми пщIэ щиIэщ Ма­риттэ. И нэгур зэIухащ. Сыт хуэдэ къалэнри зыхуей хуэзауэ зэригъэзэ­щIэным пылъщ  икIи къо­хъулIэ. Гуапэщ, гулъытэ зи­Iэщ, къыуихьэлIэ псалъэр гъэ­­сэпэтхыдэу къыхэпхын зи куэдщ. И дуней тетыкIэкIи, цIыху хэтыкIэкIи,     и лэжьыгъэкIи зэкIужу псэу Мариттэ ехъу­лIэныгъэрэ гукъыдэжрэ иIэну ди гуапэщ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.