Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ химиемрэ биологиемкIэ егъэджакIуэ, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм къыщалъхуа, республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъ къызыхуагъэфэща, ири- гъаджэхэр хуабжьу зыхуэарэзы Ахъмэт (Тхьэгужьокъуэ) Эммэ.
Эммэ и адэ Борисрэ и анэ Макадинэрэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм хьэджэфаджэ ящIа къуажэр зэтезыгъэувэжахэм яхэтащ, колхозым илъэс бжыгъэ куэдкIэ щылэжьащ, щхьэх жыхуаIэр ямыщIэу, я цIэр фIыкIэ къраIуэу, псэемыблэжу лэжьыгъэ хьэлъэм пэрытащ. Зи цIыкIугъуэр гущIэгъуншэ зауэм хиубыдахэр, сабиигъуэ IэфIыр зищIысыр зыхамыщIэу къэхъуами, зы мэскъалкIэ къимыкIуэту гугъуехьым пэщIэтащ. Эммэ и адэшхуэ Тхьэгужьокъуэ Хьэжумар Хэкур зыхъумэжыну тэджа лэжьакIуэбэм яхэтащ, лъахэм зи псэр щхьэузыхь хуэзыщIахэм ящыщщ.
Эммэ къыдэхъуахэр зэдэльху-зэшыпхъуих хъурт. Борисрэ Макадинэрэ я щIэб-лэм гъэсэныгъэ дахэ халъхьащ, я бынихми щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ. Унагъуэшхуэр, гугъу ехьа- ми, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэуащ. «Лэжьыгъэм цIыхур егъэдахэ» жыхуиIэращ.
Курыт еджапIэр тху защIэкIэ къэзыуха Эммэ щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемрэ биологиемкIэ и факультетым. Ар фIы дыдэу къиухащ. А зэманым лэжьапIэ зэрагъэуву щытар университетым и унафэкIэти, 1990 гъэм ар Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) дэт езанэ курыт школым химиемрэ биологиемкIэ ягъэкIуащ класс нэхъыжьхэр щригъэджэну.
«Бзылъхугъэр унэгуащэщ» жыхуиIэрати, унагъуэ ихьа нэужь, а къуажэм дэт курыт еджапIэ №3-м и унафэщI Джатокъуэ Валерэ и лъэIукIэ а школым уващ.
ЦIыхур и IуэхущIафэхэмкIэщ къызэрацIыхур. Эммэ гу щабэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэщ. «Сигуми си псэми хэлъщ егъэджэныгъэр», жеIэ бзылъхугъэм. «ЦIыкIухэм я гум сызэрыдыхьэн Iэмал сытым дежи къызогупсыс. Дерсыр зэрыщIэздзэр ущиекIэщ. Сабийхэм я гурыгъу-гурыщIэ-хэм япэщIыкIэ тызогъэпсэлъыхь. ИтIанэ хуэмурэ унэ лэжьыгъэу естар къыдопщытэж. Ауэрэ, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм дыхуокIуэ.
Дерсыр щIэщыгъуэу зэрабгъэдэслъхьэным сыхущIокъу. КъагурымыIуамэ, къытезгъэзэжурэ сахутопсэлъыхьыж. НыбжьыщIэхэм зэи ину сащепсэлъа, сащыщIэкIия къэхъуауэ сщIэжыркъым. Псалъэ дахэм къимышэ Iейм зэи къишэнукъым. Си адэ-анэм къыджаIэу щыта ущиер си гум илъу сыкъогъуэгурыкIуэ: «ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ». Сэ къызэрыслъытэмкIэ, дэтхэнэ Iуэхуми уегугъун хуейщ. «Узэгугъур къогугъуж», жиIащ пасэрейм. Дэ дыщыцIыкIум ди адэ-анэм я закъуэтэкъым дызэдаIуэр, атIэ гъуэгурыкIуэ нэхъыжьхэм къыджаIэр зыхэтлъхьэрт. Гъэсэныгъэм щIэи-гъуни иIэкъым. Сабийхэм бзэ зырызыххэ къахуэбгъуэтын хуейщ, гъуэгу захуэ теувэн папщIэ. Дэ, нэхъыжьхэр, дыгъуэгугъэлъагъуэщи, щIэблэр щIэныгъэмрэ лэжьыгъэмрэ хуэдунэтIыпхъэщ, къызыхэкIамрэ я Хэкумрэ фIыуэ ялъагъуу къэдгъэхъупхъэщ.
«Уэзджынэр къемыуамэ арат, Эммэ Борисовнэ», - апхуэдэу ныбжьыщIэхэм къыщысжаIэм деж, си гуапэ мэхъу, дерсыр я гум зэрыды-хьар зыхызощIэри. Езгъэджахэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа куэд къахэкIащ. Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ Обнинск къа-лэм щекIуэкIа щIэныгъэ-практикэ конференцым дыхэтащ, си нэIэ щIэт Ахъмэт Наташэ сшэри, икIи абы япэ увыпIэр къыщытхуагъэфэщауэ къэдгъэзэжащ.
Апхуэдэуи езгъэджахэм къахэкIащ медицинэмкIэ факультетыр къэзыуха, мыдрейхэм ящыщ зыбжани иджыпстуи щIэсщ абы щIэтIысхьэ-ну хущIэкъухэри.
Иджыри зы Iуэхугъуэ къыхэзгъэщыну сыхуейт. Езгъэджахэм ящыщщ иужьым Москва кардиологыу щеджа икIи абы къыщынауэ щылажьэ Ахъмэт Азрэт иджыблагъэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуауэ хъыбар къэIуащ. Ар икъукIэ гуфIэгъуэшхуэщ, лъэпкъми щIыналъэми я дежкIэ. Гуапэщ уи нэIэ щIэт сабийхэм я цIэр фIыкIэ къыщраIуэкIэ».
Эммэ и щхьэгъусэ Ахъмэт Хьэсэн географиемкIэ иригъаджэу щытащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар псэужкъым.
Зэщхьэгъусэхэм бынищ зэдапIащ, зыхуей хуагъэзащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ.
КЪАНКЪУЛ Раисэ.