КъахуэгъэщIынущ зыми емыщхь теплъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм и дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм и президент Ставицкий Виталий. Къу­лыкъущIэр ди республикэм къеблэ­гъат ЩIыналъэхэм дизайн индустрием зыщегъэужьынымкIэ зэхуэсышхуэм хэ­тын папщIэ. 

 Ставицкий Виталий Урысейм дизайнымкIэ и IэщIагъэлI нэхъыфIхэм язщ, ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щекIуэкIа фестивалхэмрэ зэпеуэхэмрэ текIуэныгъэ куэд къыщихьауэ, тыгъэ 40-м щIигъу къы­хуагъэфэщауэ. 
Зэхуэсышхуэр Налшык щрагъэкIуэкIы-ныр къыхэзылъхьар архитектурэмрэ ди­зайнымрэ елэжь ДИУНЭ гупырщ. Урысейм и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэр арэзы ­хъури, жэрдэмыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэми ядиIыгъащ, сыту жы­пIэмэ, зэчиифIэ индустрием дизайным увы­пIэшхуэ щеубыд. 
Мы къудамэм щылажьэ IэщIагъэлIхэрщ къалэхэм, къуажэхэм, ухуэныгъэхэм, щIы­пIэ­хэм яIэну теплъэр зэлъытар. Ди республикэм и щыхьэрым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къалэр псэупIэ тынш щIыным хуэунэтIа апхуэдэ Iуэхугъуэхэм.
Зэхуэсышхуэр ЩIалэгъуалэм я унэм ще­кIуэкIащ. Абы щызэхуэсат лэжьыгъэм ­фIы­уэ хэзыщIыкI экспертхэр, егъэджэныгъэм, хьэрычэт Iуэхум хэтхэр. 
Ставицкий Виталий къыхигъэщащ республикэм дизайным зэрыщыхурагъаджэм арэзы къызэрищIар, дяпэкIи узыщыгугъ ­хъуну куэд зэраIэр. 
«Шэч хэмылъу, дэ езым ди дизайнерхэр дгъэсэжын хуейщ, - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и каналым, мы Iуэхугъуэм щытеп­сэ­лъыхьыжым. - Абыхэм зыми емыщхь теп­лъэхэр  ящIыфынущ. Мыпхуэдэ зэхуэ­сыш­хуэхэми мыхьэнэ яIэщ, ар къыдэхъулIэн папщIэ». 
КIуэкIуэ Казбек хьэщIэм фIыщIэ хуи­щIащ дизайным хэпщIа щIалэгъуалэм я Iуэху зэрадиIыгъым папщIэ, дяпэкIи апхуэдэ ­зэIущIэхэр зэрагъэпэщыну я мурадщ. «Ди щIалэгъуалэм мы лъэныкъуэм куэд зэ­рыщахузэфIэкIынум шэч къытес­хьэркъым», - жиIащ республикэм и унафэщIым. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.