Зихъуэжынущ хьэрычэтыщIэхэм я лэжьэкIэм

КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс зи чэзу зэIущIэр дыгъуасэ иригъэ­кIуэ­кIащ. Абы хэтащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим. 

ЗэIущIэм щедэIуащ 2026 гъэм налог хабзэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Афэ­щIагъуэ Михаил жиIащ 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэм Налог кодексым ещанэ еджэгъуэу зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыхалъхьар икIи 2026 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэ-дзауэ Урысейм и хьэры­чэты­щIэхэм я лэжьэкIэм абыхэм  хуабжьу зэрызрагъэхъуэжыр. 
- Федеральнэ закон   № 425-ФЗ-м ипкъ иткIэ, зэхъуэ­кIыныгъэхэр ялъэIэсащ хьэ­рычэт мащIэм щегъэжьауэ IуэхущIапIэшхуэхэм щыщIэкIыжу. ЗэхъуэкIыныгъэ нэхъ ин дыдэр - процент 20-м ипIэкIэ 22-м нэс НДС-р къызэраIэтырщ, - къыхигъэщащ АфэщIагъуэм. - ПроцентитIыр мыкуэду къып­фIэщIынущ зэ еплъыгъуэкIэ. Ауэ абы хьэпшып, Iуэхутхьэбзэ псоми я уасэм хигъэхъуащ. ПроцентипщI фIэкIа мыхъур къыщызэтенэнур нэхъ дызы­хуэныкъуэ дыдэхэм яхуэгъэ­зауэщ: ерыскъыхэкIхэр, хущ­хъуэхэр, сабий хьэпшыпхэр, тхылъ­хэр. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэунэтIар налогхэр нэхъыбэу зэхуэхьэсынырщ. 
НДС-р иджы япэу зытралъ­хьэм хеубыдэ банк Iуэхутхьэбзэ щхьэхуэхэр. Псалъэм папщIэ, хьэрычэтыщIэм ахъ­шэр картэкIэ, смартфонкIэ, QR‑кодымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи къыIэ­ры­хьэну Iэмал къезыт Iуэхутхьэбзэм папщIэ банкым комиссэ къещтэ. Апхуэдэуи СБП-мкIэ ахъшэ зэIэпыхыным процент 22-рэ тохьэ.
«Нэхъ ипэкIэ НДС-р зыту щытар илъэсым сом мелуан хыщIым щIигъу зи хэхъуэхэрт. Иджы а бжыгъэр хуэмурэ ягъэмэщIэнущ: мы гъэм - сом мелуан тIощI ящIынущ, етIанэгъэ - сом мелуан пщыкIутху, 2028 гъэм - сом мелуанипщI. Дызэрыт илъэсым зи хэхъуэр мелуан тIощIым щIигъум щIы­шылэм щегъэжьауэ НДС-р итын хуей хъунущ, - дыщIи­гъуащ къэпсэлъам.
ЦIыхухэм я хэхъуэм щхьэщатыкI налогыр зыхуэдэу щытынур тхууэ гуэшащ. Сом мелуани 2,4-м нэс къэзыхьхэм процент 13 ятынущ, сом мелуани 5 нэс къызыхэхъуэхэм - процент 15, сом мелуанитхум къыщыщIэ-дзауэ 20-м нэс зиIэхэм - процент 18, сом мелуан 20-м къыщы­щIэдзауэ 50-м нэс - процент 20, сом мелуан 50 нэхъыбэ къэ­зыхьхэм - процент 22-рэ. Афэ­щIагъуэм къызэрыхигъэщамкIэ, зи гугъу ящI зэхъуэ­кIыныгъэхэр лъагъэIэсынукъым дзэ Iуэху хэхам хэтхэм. БынитI е нэхъыбэ зыпI унагъуэ­хэм налогыр зэрыхуагъэкIуэтэж Iэмалыр ­къахуэгъэсэбэпауэ НДФЛ-р про­центи 6-у щытынущ. 
ХьэрычэтыщIэ мини 2-м щIигъу хэту ирагъэкIуэкIа щIэуп­щIэныгъэхэм кърикIуаращи, процент 37-м налог зэхъуэ­кIыныгъэхэм хьэрычэт Iуэхум хэпщIыкIыу зрагъэхъуэжыну къа­лъытэ икIи я лэжьыгъэр зэ­рырагъэкIуэкIым хэплъэжыну я мурадщ. «Къапщтэмэ, зэуп­щIахэм я процент 62-м жаIащ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэгъэзар къазэрыгурыIуэр. Процент 27-р зэхъуэкIыныгъэхэм щы­гъуазэщ, ауэ фIы-IейкIэ абы егупсысакъым. Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытрэ зиIэхэм я проценти 7-м налог зэхъуэ­кIыныгъэхэм я купщIэр IупщIу я нэгу къыщIагъэхьэркъым, проценти 4-р щыгъуазэххэкъым щIэуэ къыхыхьахэм. Къапщ­тэмэ, налогым ехьэлIауэ къыхалъхьахэр зэхъуэкIыныгъэш­хуэщ, налог зыт псори дяпэкIэ абы хэзэгъэн хуейуэ. Ауэ щабэ къэзыщI Iуэхугъуэхэри къалъытащ: къуэдыхэр пIалъэкIэ ирамыгъэпшыныныр, НДС-р зэры­ратыж лъэIу тхылъыр етыныр, лимитхэр Iыхьэ-Iыхьэурэ нэхъ мащIэ зэращIынур.
ЗэIущIэм и кIэухым Жыла-гъуэ советым унафэ къищтащ щIыналъэм къыщыхах налогыр зэ­рызэрагъэзахуэр егъэфIэ­кIуэ­ным адэкIи КъБР-м и Парламентыр елэжьыну чэнджэщ иритыну. Гулъытэ хэха хуащIыну я мурадщ хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зэхъуэ­кIыныгъэхэм зэрыхэзагъэр къэп­щытэным, Къэбэрдей-Балъ­къэрым инвестицэ и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIыр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ щиIэ зэпIэ­зэрытыныгъэр къы­зэте­гъэ­­нэным.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.