ЩIэблэр щаущий зэIущIэхэр

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет Модельнэ библиотекэм щекIуэкIащ Донецк, Луганск республикэхэр, Запорожскэ, Херсон областхэр Урысей Федерацэм къызэрыгухьэжам теухуа зэIущIэ. 

ФокIадэм и 30-м ди къэралым щагъэлъапIэ ар. 14-нэ курыт еджапIэм и 10-нэ классым ще­джэ­хэр, я класс унафэщI Ахэмын Iэсият я гъусэу, хэтащ Iуэхум. Къэралым махуэшхуэр щIыщагъэлъа­пIэм тепсэлъыхьыну ирагъэблэгъат «Знание» урысей зэгухьэныгъэм и лектор, урысейпсо цIыхубэ фронтым и координатор Галинский Ярослав. Ар ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ 2022 гъэр Урысейм и тхыдэ напэкIуэцIхэм зэрыхэувам, зэкъуэты­ныгъэм и мыхьэнэм. Урысейм и иджырей тхыдэм теухуауэ ныбжьыщIэхэр куэдым щIэупщIащ. Галинскэм абыхэм жэуап яритащ икIи къыхигъэщащ дэтхэнэми къэралым жэуап зэрыщихьыр, Хэку лъагъу­ныгъэр я гум ирагъэлъын зэрыхуейр. 
ЩэнхабзэмкIэ Вэрокъуэ Владимир и цIэр зе­зыхьэ фондми щекIуэкIащ а Iуэхум теухуа пшыхь. Абы къеблэгъащ ветеранхэр, жылагъуэ лэжьа­кIуэхэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм хэтхэр, щIалэгъуалэр. Дзэ Iуэху хэхам и ветеран, лейтенант Мамбэт Къамболэт, дзэ Iуэху хэхам ротэм и командиру щыIа, капитан Iэрыпщыэ Замир сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ Урысейм щыщ хъужа щIыналъэщIэхэр ди къэралым къы­зэрыгухьэжам фIы къазэрыхуихьам. Хэку лъагъу­ныгъэм, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я лIыгъэм, къэралым и напэкIуэцIыщIэм тепсэлъыхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. 
Пшыхьым щагъэлъэгъуащ Вэрокъуэ Владимир трихауэ щыта «Заоблачный фронт» фильмыр. Нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ тепсэлъыхьыжащ абы. 
Дзэлыкъуэ районым и библиотекэхэми щагъэлъэпIащ фокIадэм и 30-р. «Зэкъуэтыныгъэм тхы­дэр и лъабжьэу», «Зы къэрал! Зы унагъуэ! Зы Урысей!», «Урысейм щыIэ зэкъуэтыныгъэ», «Зы къэралым – зы къэкIуэн!», «Ди щIыналъэхэр» зи фIэщыгъэ Iуэхухэм щытепсэлъыхьащ къэралым и цIыхухэм я зэкъуэтыныгъэм, тхыдэ напэкIуэцIхэм, 2022 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэр Урысейм и тхыдэм зэрыхэувам, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэр зэрыт лIыгъэщIапIэм, нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэхэр къызэрагъэпэщащ а Iуэхугъуэм ехьэлIа тхылъ гъэлъэгъуэ­ныгъэхэмкIи. 
Тэрч районым дэт ЩIалэгъуалэ центрым къы­щызэрагъэпэщащ Урысейм и тхыдэ напэкIуэцIым хэува махуэшхуэм хухаха зэIущIэ. ЩIалэгъуалэм епсэлъэну ирагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэта Уэркъуасэ Анатолэ, подполковник ДыщэкI Артур, дзэ Iуэхухэм я ветеран Хъаний Хьэсэнбий, полковник, Урысейм и ДОСААФ-м Тэрч районым щиIэ и къудамэм и унафэщI Щомахуэ Арсен. ЗэIущIэр къызэIуа­хащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я гимнхэмкIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къэралым и тхыдэм, ди зауэлIхэм я лIыгъэм, зэкъуэтыныгъэм, Хэку лъагъуныгъэм я къарум. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.