ЕгъэджакIуэхэр Мейкъуапэ щызочэнджэщ

Адыгэ Республикэм и къа­лащхьэ Мейкъуапэ иджыб­лагъэ щекIуэкIащ шк­ол кIуэгъуэ ныбжьым нэ­мыса цIыкIухэм адыгэбзэр езыгъэджхэм я щIыналъэ зэхуаку семинарыш­хуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ щылажьэ сабий гъэсапIэ зыбжанэм анэдэлъхубзэмкIэ я IэщIагъэлI пашэ­хэр. Ахэр зэдэгуэшащ бзэр щIэблэм егъэджынымкIэ ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ, лэжьыгъэр адэ­кIи егъэфIэкIуэным те­у­хуа я гупсысэхэмрэ жэр­дэмхэмкIэ. 
Ди республикэм щыщу зэIущIэ щхьэпэм хэтащ ­Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм и нэIэм щIэт сабий садым и унафэщI Бетыгъуэн Залинэрэ а ку­рыт ­школым адыгэбзэмрэ ли­терату­рэмрэ щезыгъэдж ­Бэж­ды­гъу­ ФатIимэрэ. Егъэ­джэ­ныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс куэд лъандэрэ ехъу­лIэ­ныгъэ яIэу пэрыт, лэжьыгъэм и пIалъэ зыщIэ Беты­гъуэнымрэ Бэжды­гъумрэ зэ­хуэсым кърихьэ­лIахэм ­ядэ­гуэ­шащ лъэпкъ гъэ­сэны­гъэмрэ анэдэлъхубзэр щIэб­лэм егъэджынымкIэ ябгъэ­дэлъ Iуэху зехьэ­кIэхэмкIэ. Абыхэм зэрыжа­IамкIэ, сабий садым и ­гъэ­сэнхэм анэ­дэлъэхубзэр егъэ­джын и лъэныкъуэкIэ драгъэкIуэкI лэ­жьыгъэ псоми я лъабжьэщ бзитI-щы- кIэ зэуэ (полилингвальнэ) щIэныгъэ з­э­ры­ра­гъэ­гъуэ­тыр. 
Аруан къуажэм дэт гъэсапIэм абы теухуауэ зэгъусэу щызэдагъэлажьэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ. Бэждыгъум зэрыжиIамкIэ, ап­хуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм фIы куэдым ухуешэ. Къапщтэмэ, бзэхэр мэхъу сабийм дунейм и зэхэлъыкIэ хьэ­лэ­мэтым щыгъуазэ зэрызэ­хуищI IэмалыфI, апхуэдэуи бзэм хэт псалъэхэм я ­мы­хьэнэр зрагъэщIаурэ, ­цIы­кIу­хэм къащIэ ар зей лъэпкъым къыдекIуэкI хаб­зэм­рэ щэнхабзэмрэ зыхуэ­дэр. 
Апхуэдэу семинарым ­кърихьэлIахэм ящыщ куэ­дым гунэс ящыхъуащ ди рес­публикэм и лIыкIуэхэм абы къыхузэрагъэпэща гъэ­лъ­эгъуэныгъэ хьэлэмэтыр. Абы щыплъагъунут лъэпкъ щэнхабзэм и нэпкъыжьэ къызытещ хьэпшыпхэр, сабийхэм ящIа сурэт гъэ­щIэгъуэн­хэр, сабий садым щекIуэкI лэ­жьыгъэхэр къы­зэрыщ теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр, нэ­гъуэщI­хэри. 
ЩIыналъэпсо зэхуэсым хэтахэм гуапэ ящыхъуащ Iуэхур Сэхъурокъуэ Хьэу­тий зи тхьэмадэ Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм зэрыдиIыгъар. Ады­гэ­­хэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм къыбгъэ­дэкIыу сом мин 250-рэ хъу сертификатхэр иратащ гъэсапIиплIым. Апхуэдэхэм хиу­быдащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хыхьэ Аруан жылэм дэт курыт школым и гъэсапIэ къудамэр. ДАХ-р къазэрыхуэупса мылъ­кур трагъэкIуэдэнущ сабий гъэсапIэхэм я мылъку­техникэ лъабжьэр гъэбы­дэным, абыхэм щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэ­жьыгъэхэр нэхъри егъэ­фIэкIуэным. 
ТАМБИЙ Линэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.