Шордакъдэсхэм я «Адыгэ унэр»

Иджыблагъэ Шордакъ къуажэм къыщызэIуахащ «Адыгэ унэ» IуэхущIапIэр. Ар къызэригъэпэщащ, щIэблэм зыщаужьыным хуигъэхьэзыращ а къуа­жэ курыт еджапIэм фIыуэ щеджа, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмкIэ и къудамэр къэзыуха Жанкъазий Аринэ. 
«Адыгэ унэр» къыщызэIуахым гуфIэгъуэ дауэдапщэ иращIэкIащ. Абы хэтащ къуажэдэсхэр, щIалэгъуалэр, сабийхэр. Адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ я зэхущытыкIэм, бзэм и къарум, нэгъуэщIхэми щытепсэлъыхьащ. НыбжьыщIэхэр адыгэ фащэкIэ хуэпауэ къекIуэлIащ. Зэхуэсым щагъэлъэгъуащ адыгэ шхы­ныгъуэхэр, щытепсэлъыхьащ абыхэм я пщэфIыкIэм. Адыгэ джэгукIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм я гугъуи ящIащ. Жанкъазий Аринэ сабийхэр игъэджэгуащ «Мыст» иджырей адыгэ джэгукIэмкIэ. Ар къигупсысащ инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ УнэшхуэлI Азэмэт, лIэу­жьыгъуитIу – сабийхэми балигъхэми папщIэ – щыIэщ. 
Шордакъ щыIэ «Адыгэ унэм» и бжэр зэIуахащ, сабийхэри ныбжь зиIэхэри ирагъэблагъэ. 
- Аринэ, Адыгэ унэ» зыфIэфща IуэхущIапIэр къызэIухыным дауэ ухуэкIуа?
- Адыгэбзэ зыщадж IуэхущIапIэ къы­зэIухыным университетым сыщыщIэс лъандэрэ сегупсысырт. Лъэпкъыр фIыуэ зэрыслъагъум хуэдэу, ди щIэблэ къы­дэкIуэтейми ялъагъуну сыхуейт – се­хъуап­сэрт Хэку, лъэпкъ лъагъуныгъэ я гум илъыну. Апхуэдэ гупсысэхэр диIэу си шыпхъумрэ сэрэ къызэдгъэпэщащ мы Iуэхур – «Адыгэ унэр» зыхуей хуэдгъэзащ. Щхьэпэ хъуну къэтлъытащ адыгэбзэкIэ псэлъэну, щэнхабзэм и дахагъэр щызэрагъэлъагъуну, лъэпкъ гупсысэм щыхэтыну зы щIыпIэ щыIэныр. 
- Зи бжэр къызэIуфха IуэхущIапIэм щывлэжьынухэм къытхутепсэ­лъы­хьыт.
- Псом япэрауэ адыгэбзэкIэ дыщып­сэлъэнущ, абы и пщIэр къыщытIэтынущ, щIэблэм абы гулъытэ хуащIыным дыхэлIыфIыхьынущ мащIэу. Адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм сабийхэр щы­гъуазэ щыхуэтщIынущ мыбдеж. Театр­ теплъэгъуэхэр щыдгъэувынущ, бзэмкIэ дерсхэр щедгъэкIуэкIынущ, сабийхэр IэпэIэсэным хуэдгъэхьэзырынущ, адыгэ джэгукIэхэм щIэблэр щыдедгъэхьэхынущ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкIа IэщIагъэхэм щы­хуедгъэджэнущ IуэхущIапIэм. Пщащэ цIыкIухэм мастэ-Iуданэр ягъэIэкIуэ­лъакIуэу, хады­кIыу, щэкIым традэ е тращIыхьIауэ едгъэ­сэнущ. Нэхъ тыншымкIэ къы­щы­щIэдзэнущи, нэхъыбэ къызэращIэнум дегугъунущ. Адыгэ шхыны­гъуэхэм я пщэфIыкIэм теухуа дерсхэри хэтщ ди мурадхэм.
- Шордакъ дэс сабийхэм, ныбжьы­щIэхэм адыгэбзэр зэращIэм арэзы укъищIрэ?
- Ди къуажэм дэс цIыкIухэм хъарзынэу адыгэбзэр яIурылъщ, хабзэ-нэмыси яхэлъщ. Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр нэхъ­ри зыхащIэу, адыгэ лъэпкъым зэ­рыщыщым теухуауэ пагэу икIи гушхуэу къыдэкIуэтеину дыхуейщ ахэр. 
- Фи IуэхущIапIэм щIэблэр ивогъэблагъэ. НэхъыжьыIуэхэм папщIи ще­кIуэкIынуIа?
- Пэжщ, мы унэм щыIэну Iуэхугъуэ­хэр нэхъыбэу сабийхэмрэ ныбжьы­щIэ­хэм­рэщ зэхьэлIар. Ауэ ди мурадщ балигъ­хэм папщIи зэIущIэхэр едгъэкIуэкIыну. Псалъэм папщIэ, «Пщащэ зэхуэс» жы­хуа­Iэ Iуэхуу республикэм щрагъэкIуэкIын яфIэфIыр мыбдежи къыщызэдгъэ­пэщынущ. Ди гугъэщ цIыхухэр нэхъ зы­щIэхъуэпсхэм теухуауэ Iуэху зэ­хуэ­мы­дэ­хэр зэхэдублэну. 
- Аринэ, «Адыгэ унэр» къызэрызэIуф­хар къуажэдэсхэм, администрацэм, нэхъыжьхэм дауэ къащыхъуа?
- КъыддаIыгъащ. ФIыщIэ яхузощI си уна­гъуэм, си нэхъыжьыфIхэм, псалъэ гуапэ къыджезыIа къуажэдэсхэм, администрацэм. Си гукъэкIыр щахуэсIуатэм, къуажэ унафэщIхэр къыздэIэпыкъуащ, сагъэгушхуащ. Къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIыр сэбэп къысхуэхъуну, чэнджэщ къызитыну хьэзыру къыскъуэуващ. 
- Уадыгэным сыт къикIыр?
- Уадыгэным къокI анэдэлъхубзэкIэ упсэлъэныр, лъэпкъ хабзэ пхэлъыныр, адыгэм и пщIэр пIыгъыныр. «Сытри бдэсIыгъынущ, сыткIи сыбдэIэпыкъунущ, си напэр томых закъуэ», - зэрыжиIэти си адэм, а лъэIур згъэпэжу сыпсэуным сыхущIэкъунущ си гъащIэ псом. 
- Тхьэм уи гурылъхэр къуигъэхъулIэ!
НафIэдз Данэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.