МащIэкъым депутатхэм лъэхъэнэщIэм къапэщылъыр

КъБР-м и Парламентым и бжьы­хьэ лэжьэгъуэр дыгъуасэ къы­зэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэ­рал гимнхэмкIэ. 

IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ екIуэкIа хэхыныгъэхэм кърикIуахэр къызэщIикъуэжащ икIи дызыхуэкIуэ мазэхэм депутатхэм я нэIэ зытетыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къигъэлъэгъуащ.
Бжьыхьэ лэжьэгъуэм къриубыдэу, депутатхэм къапэщылъщ законо­проект 40-м нэблагъэм хэплъэну, къэпщытэныгъэ Iуэхугъуэ 30 ирагъэ­кIуэкIыну (комитетхэмрэ президиумымрэ я зэIущIэхэри хэту). Егоровэ Татьянэ къызэригъэлъэгъуамкIэ, ­законопроектхэм я Iыхьэ щанэм ­щIигъур цIыхухэм я псэукIэр егъэ­фIэкIуэ­ным хуэунэтIауэ щытынущ, апхуэдэуи 2027 гъэм, 2028 - 2029 гъэхэм ятещIыхьа республикэ бюд­же­тым и проектыр ягъэхьэзырынущ.
«Хэхыныгъэхэм кърикIуам наIуэу къигъэлъэгъуащ ди къэралым и политикэ ухуэкIэр зэрыбыдэр. Зэи хуэмыдэжу хэхыпIэхэм къэкIуа цIыху бжыгъэм къыбжеIэ ди къэралыр зэрызэкъуэтыр, абы и шынагъуэншагъэм, щхьэхуитыныгъэм хуэунэтIауэ къэрал унафэщIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зэрыдаIыгъыр. Абы щхьэ­кIэ хэхакIуэхэм фIыщIэ яхудощI, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Бжьыхьэ лэжьэгъуэм, дауи, япэ идгъэщыну­хэм ящыщщ цIыхухэм гулъытэ яхуэ­щIыныр, республикэм и экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэр гъэ­бы­дэныр. ИтIанэ нобэ махуэ къы­зэ­рыгуэкIкъым. ИлъэсиплI ипэ, фокIадэм и 30-м, Урысейм и Президент Путин Владимиррэ ДНР-м, ЛНР-м, Херсон, Запорожье щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ Iэ щIадзауэ щытащ ахэр ди къэралым къызэрыгухьэжым теухуа дэфтэрым. Къыхэзгъэщыну сыхуейт дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэдгъэ­къуэным, ахэр зыIууэ гугъуехьхэр псынщIэу яхузэфIэтхыным адэкIи зэрыпытщэнур. Нобэ къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэн дэтхэнэ ди лIыхъужьми дыдэIэпыкъун хуейщ. Бжьыхьэ лэжьэгъуэм Iуэхугъуэ 70-м нэблагъэ хуэдубзыхуащ, абы хеубыдэ бынунагъуэшхуэхэм я псэукIэр егъэ­фIэкIуэным теухуауэ щIапхъэхэри.
Мыхьэнэ мынэхъ мащIэ иIэу иджыри зы Iуэхугъуэм гулъытэ хуэтщIынущ. Ар къыдэкIуэтей ди щIэблэм я узыншагъэр тхъумэнырщ. Псом хуэмыдэу ткIийуэ ди нэIэ тетыпхъэщ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъы­гъуэхэр щIалэгъуалэм езыщэхэм. ДыхущIэкъунущ апхуэдэхэм дазэры­пэщIэувэн Iэмалхэм теухуа законопроектхэр пхыдгъэкIыным. Апхуэдэ дыдэу жылагъуэр быдэ хъуну къы­щIэкIынкъым абы и псэкупсэ гъэсэ­ныгъэм гулъытэ хуумыщIмэ. Ди щэнхабзэ къулейр, нэгъуэщIхэм дакъы­хэзыгъэщ ди анэдэлъхубзэхэр, хабзэхэр, лъэпкъ IэщIагъэхэр хъумэнми зегъэужьынми ди нэIэ тетынущ».
Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныгъэм и илъэсым КъБР-м и Парламентым адрей щIыналъэхэм я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм хуиIэ зэпы­щIэныгъэхэр нэхъ куу ищIыну и мурадщ. Апхуэдэхэщ Иркутск, Адыгей, Владимир щIыналъэхэр. 
«Жэуаплыныгъэ тхэлъу бжьыхьэ лэжьэгъуэм дыбгъэдыхьэн хуейщи, сынывохъуэхъу ехъулIэныгъэр къыф­худэкIуэну», - жиIащ Егоровэм.
ЗэIущIэм япэ еджэгъуэу къыщащтащ «Административнэ хабзэхэм ебакъуэхэм ятеухуа и Кодексым», «Мэз Iуэхухэр зэтес щIыным ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3, 5-хэм, «ЦIыхухэмрэ хьэпшыпхэмрэ таксикIэ къешэкIыныр къызэгъэпэ­щыным ехьэлIа зэхущытыкIэхэр зэ­кIэ­лъыгъэкIуэным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 2-м, «АвтомобилкIэ, токкIэ зекIуэ къалэ транспорткIэ, гъущI гъуэгу транспорткIэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 2-м зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектхэр.
«КъБР-м и щIыналъэм уней, къат куэду зэтет псэупIэхэр щащIын пап­щIэ, цIыху щхьэхуэхэм пщIэншэу мылъку етынымрэ КъБР-м и ЩIы Кодексым и Iыхьэ 14, 17-хэм зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым щы­тепсэлъыхьым, КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тохъу Аслъэн къызэрыхигъэщамкIэ, 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м къы­дэкIа Федеральнэ закон №435-­ФЗ-м и Iыхьэ 5-м и 3-нэ частым - «Са­биипщI е нэхъыбэ къэзылъхуа икIи зыпIа, «Анэ-лIыхъужь» цIэ лъапIэр зыхуа­гъэфэща бзылъхугъэхэм къэ­ралым и пащхьэм щаIэ фIыщIэм пап­щIэ зэрыдэIэпыкъуну щIыкIэм ­теухуам» - тету хуитыныгъэ яIэщ къэрал е муниципальнэ мылъкум ­хиубыдэ щIы Iыхьэхэр пщIэншэу ­къаIэрыхьэну. ­КъищынэмыщIауэ, законопроектым егъэбелджылы зи гугъу щIа цIыху щхьэхуэхэм ират щIы Iыхьэхэм я нэхъ мащIэмрэ нэхъыбэ дыдэхэмрэ. Апхуэдэуи щIы Iыхьэм и пIэкIэ зэ тыгъуэу ахъшэ къыIахыну ­хуитыныгъэ яIэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэ­псым и хамэу щыт къэкIыгъэ лIэу­жьыгъуэ шынагъуэхэм зэрызауб­гъум, дунейм хэщIыныгъэу абыхэм къыхуахьым, языныкъуэхэм цIыхухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ зэран апхуэдэхэр зэрыхуэхъум пэщIэты­-ным теухуауэ депутатхэм къащтащ «КъБР-м дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэ­ным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ ­«КъБР-м и щIыналъэм щыIэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм зэхуэдэу щыт я мылъкур къызыхуэтыншэу щытыныр къыщы­зэгъэпэщыным теухуауэ» ­КъБР-м и Законым и Iыхьэ 25-м зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектми. КъБР-м ухуэ­ныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлев Андрей зэрыжиIамкIэ, утыку кърахьа законопроектыр ягъэхьэзыращ ­КъБР-м и Правительствэмрэ Урысейм УхуэныгъэмкIэ и министерствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм, коммунальнэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным теухуам ипкъ иткIэ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым 2027 гъэм щIышылэм и 1 пщIондэ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр къэзыбж зы IэнатIэ къызэрагъэ­пэ­щын хуейщ. Дэфтэрым къыщы­хьащ апхуэдэ къалэнхэр «КъБР-м фэтэр куэду зэхэт и унэхэр зэгъэпэ­щыжынымкIэ и щIыналъэ оператор» фондым зэригъэ­зэщIэ­фы­нур.
ЗэIущIэм щедэIуащ сабийхэм я ­хуитыныгъэхэр хъумэным ехьэлIа Iуэху зэIумыбзхэм. Абы тепсэлъыхьащ Сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэ­нымкIэ республикэм и уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэ. 
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.