Тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэ

ФокIадэм и 30-р ягъэуващ Донбасс щIыналъэр Урысейм зэрыгухьэжам и махуэу. 2022 гъэм тхыдэм и пэжыр зэфIэувэжащ, цIыху мелуан бжыгъэхэм «я унэм» къагъэзэжащ. Донбассымрэ Новороссиемрэ тхыдэкIи щэнхабзэкIи зэпэгъу­-нэ­гъущ. АтIэ а щIыналъэхэр Урысейм щыщ зэрыхъужам и мыхьэнэ нэхъыщхьэр ди гъунапкъэм зэрызиубгъуаракъым. Тхыдэ напэкIуэцI­хэр къыщIэщыжащ, фэеплъым гулъытэ игъуэтыжащ, цIыху­хэм зэпыщIэныгъэ гуа­пэ зэраIэри къэнаIуэжащ.

Мы гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэрыщытым а махуэм нэхъри гулъытэ хуегъэщI. Донбас­сым­рэ Новороссиемрэ Урысейм щыщ зэрыхъу­жам и закъуэкъым дызытепсэлъыхьыр, атIэ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуакум ­гулъытэ зэрыдэлъыр, зы къэкIуэнум я мурадхэр зэрыхуэунэтIам и гугъуи дощI. 
КъБР-м Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ мы Iуэхугъуэм теухуа зэIущIэ. Донбассыр Урысейм щыщ зэрыхъужам, а махуэр Урысейм и тхыдэ напэкIуэцIхэм зэрыхэувам, цIыхухэм я дежкIэ абы и мыхьэнэм щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м Бжыгъэ­хэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, свя­зымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къудамэм и уна­фэщI, «Полк уахътыншэм» и щIыналъэ къудамэм и пашэ Романовская Аннэ. 
Журналистхэр зыхэта зэIущIэм кърагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам, Урысейм къыхыхьэжа щIыналъэхэр украин щIэпхъаджащIэхэм щыхъумэным хэта, «Хэкум и ­хъумакIуэхэр» къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Шэшэн Елдар, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэ, хуит къащIыжа щIыналъэхэм мызэ-мытIэу щыIа, абы щыпсэу цIыхухэм дэIэпыкъуэ­гъуи чэнджэщэгъуи яхуэхъуахэм яхэта Аттаев Азнор. 
Чеченов Елдар тепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам щызрихьэлIахэм, Донбассым щы­псэу­хэр хуит къызэращIыжам, цIыху мамырхэр а псом зэрыщыгуфIыкIам. Къэпсэлъам къыхигъэщащ Хэкур хъумэн, лажьэ зимыIэ цIыхухэм къащхьэщыжын гупсысэм Урысейм и зауэлIхэр зэрызэкъуигъэувам, адыги, балъкъэри, урыси зылI и быну къулыкъу зэрызэдащIам.
Аттаев Азнор тепсэлъыхьащ лэжьыгъэ IуэхукIэ а щIыпIэхэм мызэ-мытIэу зэры­щыIам, абы щыпсэухэм ядэIэпыкъуну ягъэ­кIуахэм зэрахэтам. Къыхигъэщащ, а щIы­пIэм щыпсэухэр ди къэралым и нэIэ зэрыщIигъэувэжам абыхэм сыт и лъэны­къуэкIи фIы къазэрыхухэкIам, сыту жыпIэ­мэ, нэхъапэкIэ яIа псэукIэ гугъумрэ Урысейм зэришэлIэжа нэужь ягъуэта тыншы­гъуэмрэ езыхэми зэрагъапщэ. Ар тепсэ­лъы­хьыжащ цIыху мамырхэм зэрепсэ­лъы-
лIам, къыжраIахэм, абы зэрыщыIа пIалъэм зыхуэкIуа гупсысэхэм, Урысейм гущIэгъурэ зэфIэкIрэ къызэрылъыкъуэкIам. 
ЗэIущIэм хэта журналистхэм упщIэхэр иратащ къэпсэлъахэм. Ахэр теухуат украин щIэпхъаджащIэхэм, цIыху мамырхэм я гупсысэр зэхэзещхъуэн ящIыну ахэр зэ­рыхэтам, фокIадэм и 30-р Урысейм и тхыдэм напэкIуэцI щхьэхуэу зэрыхэувам, дзэ корреспонденту улэжьэныр зэрылIыгъэщIапIэм, нэгъуэщIхэми. «Кабардино-Балкарская правда» газетым и лэжьакIуэ Васинэ Вероникэ жиIащ унагъуэ IуэхукIэ а щIыналъэхэм зэрыщыIам, абы щыпсэу бзылъхугъэхэм зэрепсэлъылIам икIи псэ ­хуабагъэ зэрадилъэгъуам. Къыхигъэщащ абы щыIэ цIыху мамырхэр Урысейм и нэIэ щIэтыну зэрыхуэныкъуэр, икIи мы Iуэху­гъуэр абыхэм нэплъэжыгъуэ зэрахуэхъуар. 
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ дзэ корреспондентхэм ятеухуауэ траха документальнэ фильмхэм. «Военкоры - 2», «Птичник», «Оля - Молодец» зи фIэщыгъэхэу Поплавский Клим RT. Док телеканалым папщIэ 2023 гъэм трихахэм тепсэлъыхьащ къызэ­хуэсахэр.

ГУГЪУЭТ  Заремэ,
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.