КупщIафIэу зэдолажьэ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ.

IуэхущIапIэм и унафэщI Демидов Александр и тхьэмадэу, КъБР-м и Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм (ОНК) хэтхэр, IэнатIэхэм я унафэщIхэр тепсэлъыхьащ ягъэтIысахэр щаIыгъ щIы­пIэхэм щрагъэ­кIуэкI жыла­гъуэ кIэлъы­плъыныгъэхэм кърикIуахэм. ЗэIущIэр трау­хуащ УФСИН-мрэ жыла­-гъуэ лэжьакIуэхэмрэ я зэпы­щIэ­ныгъэр къызэгъэпэ­щы­ным.  
ЗэIущIэр щыщIидзэм, абы хэтахэр дакъикъэкIэ щымащ, уголовно-гъэзэ­щIакIуэ IэнатIэм и лэжьа­кIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэ­еплъым пщIэ хуа­щIу. 
АдэкIэ Управленэм и унафэщIыр къыщыпсалъэм къыхигъэщащ шэч зыхуащI­хэр, ягъэкъуаншэхэмрэ ягъэ­тIысахэмрэ медицинэ Iуэху­хэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъур. Зэпкърыхауэ къытеувыIащ цIыхухэр щы­псэу, щылажьэ пэшхэр зы­хуей хуэгъэзэным теухуауэ Iуэху пыухыкIахэр зэрызэфIахым.  
- Пэрыту къонэж лэжьыгъэм зегъэубгъунымрэ нэхъыбэ абы къызэщIегъэу­быдэнымрэ. Мыгувэу ИК-4-м иджыри зы дапIэ цех  къыщызэIуахынущ. КП-5-м зыхуегъэхьэзыр бжьыхьэ­сэм, - жиIащ Демидовым.
КъБР-м и ОНК-м и уна­фэщI Шапсыгъ Азрэт теп­сэлъыхьащ Iэ Iэтыгъуэ махуэр УФСИН-м и IуэхущIапIэхэм нэсу къызэрыщызэрагъэпэщам, комиссэм хэтхэр хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым зэрыкIэлъыплъам. 
Шапсыгъым зэрыжиIамкIэ, илъэсыр къызэрихьэрэ комиссэм хэтхэр 30-рэ щы­Iащ тезырыр щрагъэ­пшын IуэхущIапIэхэм, шэч зы­хуащI­хэм, ягъэкъуаншэ­хэмрэ ягъэ­тIысахэмрэ ящыщу гукъеуэ зиIэхэр щхьэ Iуэху­кIэ абыхэм зыкъы­хуа­гъэ­зэну Iэмал яIащ. Ауэ тхьэу­сыхафэ къаIэрыхьакъым. 
- Щызыгъэгъуазэ, хуиты­ны­гъэм ехьэлIа Iуэхухэр, лекцэхэр идогъэкIуэкI, юрис­тым ечэнджэщыныр пщIэн­шэу къахузыдогъэпэщ, - жиIащ Азрэт. 
Лъэныкъуэхэм къалъытащ ФСИН-м и управленэмрэ  Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэмрэ илъэс куэд ­хъуауэ купщIафIэу зэдэ­ла­жьэу, адэкIи я Iуэху зэдэ­щIэкIэр ирагъэфIэкIуэну зы­рамурадыр къыхагъэщащ.
ДЫГУЛЫБГЪУ  Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.