Илъэс къэс жэпуэгъуэм и 1-м лъэпкъ куэдым дуней псом щызэдагъэлъапIэ Макъамэм и махуэр. ЮНЕСКО-м и деж щыIэ Лъэпкъыбэ макъамэ советым ар игъэувауэ щытащ 1973 гъэм, ауэ япэу щагъэлъэпIар илъэситI дэкIа иужьщ. А IуэхуфIыр къыхэзылъхьахэм ящыщ зыт композитор цIэрыIуэ Шостакович Дмитрий.
Илъэс къэс махуэшхуэр дуней псом щагъэлъапIэ, артист гъуэзэджэхэмрэ художественнэ гуп цIэрыIуэхэмрэ зыхэт концерт зэмылIэужьыгъуэхэр зэхашэ. Апхуэдэуи композиторхэм, уэрэджыIакIуэхэм, музыковедхэм я пшыхьхэр къызэрагъэпэщ, Iуэхум ехьэлIа гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ зэIущIэхэмрэ ирагъэкIуэкI. Ахэр псори, шэч хэмылъу, гъуазджэм и зы лIэужьыгъуэ дахэ макъамэр цIыхубэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм зэлъащIысыным сэбэпышхуэ хуохъу.
Макъамэм и гугъу щыпщIкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ ахэр зыус композиторхэми, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр зыгъэзащIэ уэрэджыIакIуэхэми, псом хуэмыдэжу ар IукIэ зэмылIэужьыгъуэу къызэрыкI макъамэ Iэмэпсымэхэми. Лъэпкъ къэс къадогъуэгурыкIуэ езыми и хьэлыр, и дунейр, и хабзэр нэхъ дахэу, нэхъ екIуу къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, адыгэхэм къыдекIуэкIхэр плIыуэ бгуэш хъунущ: шыкIэ зытедзахэр (струннэхэр), духовойхэр, узэуэ-узэтIыркъхэр (ударнэхэр), макъамэр езым къызэрыIукIхэр.
Струннэ-смычковэхэм хохьэ адыгэ скрипкэкIэ зэджэ шыкIэпшынэ макъамэ Iэмэпсымэр. Абы телъщ шыкIэу тIу е щы. Ар къыхащIыкIырт къэбым е жыгым, Iэщышхуэм и шхалъэ е бдзэжьеифэ тракъуэрт. Абы и макъ щабэм, тIэкIуи кIыргъ мащIэ зыщIэтым, адыгэ уэрэдыжьхэр, нарт хъыбархэм хэт лIыхъужь уэрэдхэр, Iэмэпсымэ ежьухэр ирибгъэзэщIэну уасэ имыIэу ялъытэрт. ШыкIэпшынэр хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэр зыIуэтэжхэм, IуэрыIуэдзхэм я Iэмэпсымэт. Абы и макъыр хабзэм, гупсысэм, нэщхъеягъуэм и дамыгъэу къыпщохъу.
КъыкIэлъыкIуэр Iэпэпшынэращ - ар балалайкэм нэхъ ещхьщ. Ещанэр пшынэкъэб, пшынэтIаркъ жыхуэтIэращ. Ахэр къагъэсэбэп зы цIыхум е гупым ягъэзащIэ пшыналъэхэр кърагъэкIыу.
Духовой макъамэ Iэмэпсымэщ къамылыр, сыринэр, бжьамийр. Къамылыр флейтэ зэIухащ. Ар япэщIыкIэ къамылым е нэгъуэщI къэкIыгъэхэм я лъэдийм къыхащIыкIыу щытащ, иужькIэ пхъэкIэ ящI хъуащ. УзыIэпызышэ макъ щабэ егъэIу. Абы и макъ къабзэ тIэкIу щIэфиихьыр зы цIыхум игъэзащIэ пшыналъэм, Iэхъуэхэм я макъамэм къыщагъэсэбэпырт. Къамылыр щIыуэпсым, закъуэныгъэм, хуабагъэ зыщIэлъ нэщхъеягъуэм я макът.
Сыринэри флейтэ лIэужьыгъуэщ. Бжьамийр нэхъыбэу къызыхащIыкIыр псэущхьэхэм я бжьакъуэращ.
ПхъэцIычымрэ фэтIрыпIымрэ ящыщщ узэуэ-узэтIыркъхэмрэ макъамэр езым къызэрыIукIхэмрэ. ПхъэцIыч - зэкIэрыщIа пхъэ пIащIэ цIыкIухэр, пхъэцIычхэр, Iэпэхэм фIэлъу зэраудэкIыурэ макъ ирагъэщI. Абы и «цIыч» макъ лъагэм къафэм и пкъыр иухуэрт, шыгъажэхэр, махуэшхуэхэр щрагъэкIуэкIкIэ къагъэсэбэпырт. ЖыпIэнурамэ, къару къыпхэзылъхьэ, гукъыдэжыр къэзыIэт, махуэшхуэр зыгъэпс Iэмэпсымэщ.
ФэтIрыпI макъамэ Iэмэпсымэр барабаным нэхъ ещхьщ.
Щхьэхуэу и цIэ ипIуэ хъунущ Iэпэ зытелъ макъамэ Iэмэпсымэм - пшынэм. XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм, Кавказ зауэмрэ лъэпкъыр Iэпхъуэшапхъуэ щыхъуамрэ ирихьэлIэу, адыгэ щэнхабзэм къыхыхьащ пшынэр (аккордеон, гармонь). Ар макъамэм игъуэта зыужьыныгъэфIу къэплъытэ хъунущ. Пшынэр макъышхуэт, укъызэщIиIэтэт, зыхуей хуэза, макъыбэ Iэмэпсымэт. Ар дэгъуэу хуэкIуэрт «ЗэхуэкIуэ» къэфэкIэщIэм. Абы и макъым махуэшхуэм къыщыфэ зы гупышхуэ зэуэ иришэжьэфырт. Пшынэм макъамэ лIэужьыгъуэхэр кърагъэкIыу псынщIэу зрагъэсащ. Абы адрей макъамэ Iэмэпсымэхэр цIыхухэм яIэщIигъэхуакъым, ауэ къафэ, махуэшхуэ щэнхабзэм увыпIэ нэхъыщхьэр щиубыдащ. Пшынэр къызэрежьэрэ, тхыдэ и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, куэд дыдэ мыщIами, ар цIыхубэм ей, фIыуэ илъагъу хъуащ, сыт хуэдэ махуэшхуэми ар щагъэбзэрабзэ.
Пшынэр куэду къагъэсэбэп хъун ипэ, щIыуэпсым, махуэ къэс яIэщIэлъ хьэпшыпхэм, диным къыхаха макъамэхэмрэ ахэр къызэрыIукI Iэмэпсымэхэмрэщ яIэу щытар.
Пхъэпшыни щыIащ, арфэм, цитрэм я лъэпкъэгъуу. ШыкIэ куэд зытелъ Iэмэпсымэт, уэрэдхэм иридежьурт. ШыкIэпшынэм нэхърэ нэхъ мащIэут къызэрагъэсэбэпыр, иужькIэ кIуэдыжыпэри ижь зэман лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ макъамэ гъуазджэм и дамыгъэ къудейуэ къэнэжащ.
Iупэ пшынэр косовэ адыгэхэр къыхэзыгъэщхьэхукI зы дамыгъэ щIагъуэт. Ахэр Балканым къыщыхута, албанхэмрэ сербхэмрэ дакъузэ хъуа нэужь, лъэпкъым щыщ а гуп цIыкIум псори - и къафэхэри, хьэгъуэлIыгъуэ хабзэхэри, и уэрэдхэри - фIэкIуэдат. Ауэ абыхэм къагъуэтащ я «макъыр» зэрахъумэн, апхуэдэ яхуэхъуащ Iупэ пшынэр. КъэхутакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, адыгэхэр абы къыщIытеувыIам щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Япэрауэ, я гъунэгъуу псэу албанхэми сербхэми апхуэдэ зэрамыIэрт. Iэмэпсымэм и макъыр «шэрджэс щэнхабзэм» ейуэт зэралъытэр. ЕтIуанэрауэ, ар пудтт, къехьэкIыгъуафэт, абы еуэу цIыхухъухэми цIыхубзхэми тыншу зрагъэсэфырт. Ещанэрауэ, абы и IукIэр пшынэ-аккордеоным ейм телъыджэу техуэрти, Хэку яфIэкIуэдам пищIэу къащыхъурт. ЕплIанэрауэ, нэхъыжьхэм я щхьэм иджыри къина макъамэхэр ирибгъэзащIэ хъурт. Iупэ пшынэр косовэ адыгэхэм я дежкIэ бэракъ пэлъытэ хъуат, «иджы дэ дыдейхэм дащIыгъущ, дыдейхэр къызэрыфэм хуэдэу дыкъафэ хъунущ» жыхуиIэр нэсу къапкъригъэхьэрт. Абы къегъэлъагъуэ макъамэ Iэмэпсымэхэр адыгэхэм я дежкIэ пшыналъэ къызэрыкI къудейуэ зэрыщымытыр, атIэ я акъылым и код гуэрхэр абыхэм зэрахъумэр.
Къэбгъэлъагъуэмэ, адыгэхэм я макъамэр къафэм е уэрэдым ирыдежьу къудейкъым. Ар тхыдэм, фэеплъым, лъэпкъ щхьэхуэныгъэм я макъщ. Абыхэм къагъэсэбэпу щыта, иджыпсту зэуэ макъамэ Iэмэпсымэхэм гъуэгуанэшхуэ къызэпачащ, дин лэжьакIуэхэм ягъэзащIэу зэрыщытам щегъэжьауэ. Абы зэрызихъуэжар лъэпкъым и блэкIар къызэрыщ гъуджэм ещхьщ, дунейм текъухьа зэрыхъуамрэ зэрызихъумэжын къару лъэщ зэрыбгъэдэлъымрэ хэплъагъуэу.
Нобэ, глобализацэм и зэманым, IэпщIэлъапщIэхэм шыкIэпшынэхэр ящIын щIадзэжащ, макъамэрылажьэхэм къамылымрэ компьютер макъымрэ зэщIагъэувэ, косовэ адыгэхэм я Iупэ пшынэм къэхутакIуэхэр топсэлъыхь, щэнхабзэ зэпIэзэрытыгъэм и щыхьэту къалъытэу.
Макъамэм сэбэпынагъыу пылъым куэд щIащ и гугъу зэращIрэ. Ар зыхуэмыщхьэпэ цIыху Iэпкълъэпкъым хэткъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, композитор цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкI телъыджэхэм псантхуэр ягъэсабыр, лъы дэуейр зэтрауIэфIэ, гурыхуагъэмрэ къарумрэ хагъахъуэу акъылыр ягъэлажьэ. Жейр зэтеувэнымкIэ, пIейтеигъэр пщхьэщыкIынымкIэ, Iэпкълъэпкъми щхьэми зигъэпсэхунымкIэ, нэгъуэщI куэдымкIи щхьэпэщ.
ИСТЭПАН Залинэ.