Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэфIэкIым зегъэужьынымкIэ Налшык дэт унэм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI. Урыс географие зэгухьэныгъэм (РГО) и щIыналъэ къудамэхэр хэту екIуэкIа «Урысейм и гъуазэхэр» урысейпсо сурэт гъэлъэгъуэныгъэр и лъабжьэу къызэрагъэпэщащ «Мы-регионы. Мы-РГО» зыфIащар. Абы хэтщ дэтхэнэ зы щIыпIэми и щIыуэпс, тхыдэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэу куэдым яцIыхухэр. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ Урыс географие зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 180-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
РГО-м и къудамэхэр щолажьэ УФ-м и щIыналъэ 89-ми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми лэжьыгъэфI къегъэлъагъуэ, щIэныгъэм ехьэлIахэм щегъэжьауэ географиер, щIыуэпсыр зыхуей хуэзэу зехьэныр, хабзэр, лъахэхутэ Iуэхухэр нэхъыбэм къегъэщIэным теухуауэ куэд яхузэфIокI.
ЩIыналъэ IуэхущIапIэхэм ирагъэкIуэкI зекIуэхэр, щIэныгъэ конференцхэр, щIыуэпсыр хъумэным тещIыхьа гукъэкIхэр ядеIыгъ, щIалэгъуалэм ядолажьэ, тхылъхэр къыдэгъэкIыным холIыфIыхь.
Дунейм, гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ ин щигъуэта зэманым а къудамэхэм я къалэныр нэхъыбэ мыхъуамэ зыкIи хэщIакъым: абыхэм блэкIам и фIыгъуэхэр яхъумэ, апхуэдэуи цIыхумрэ щIыуэпсымрэ екIуу зэдэгъуэгурыкIуэныр щынэхъыщхьэ къэкIуэнур яубзыху. РГО-м и къудамэхэу географие щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэм ягъуэтын хуей пщIэм ящыщ зыщ мы гъэлъэгъуэныгъэр. Апхуэдэуи Хэкум и лъахэм дызыщымыгъуазэу ит щIыпIэ телъыджэхэр къытхузэIузых зэIущIэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэригъэпэщащ Урыс географие зэгухьэныгъэм Брянск щиIэ къудамэм, РГО-м и гъэзэщIакIуэ унафэщIхэр, КъБР-м, Ненецк, Еврей автоном областхэм щыIэ IэнатIэхэр и дэIэпыкъуэгъуу.
Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэфIэкIым зегъэужьынымкIэ унэм и пэIущIэ пэшым щыболъагъу гъэлъэгъуэныгъэм ухэзыгъэгъуазэ дапхъэхэр. Абыхэм тетщ щIыпIэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщу къыхагъэбелджылыкIахэм я сурэт дахэхэр, Урыс географие зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэхэм щылажьэхэм я сурэт кIэщIэту. Выставкэм ухэзыгъэгъуазэ тхыгъэ кIэщIым деж щегъэжьауэ дэтхэнэри гъэщIэгъуэнщ, дыщыпсэу къэралыр зэрыиныр, зэрылъэщыр, зэрыдахэр зыхыуагъащIэу.
ЕтIуанэ къатым удокIуейри, Урысей Федерацэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм узыщрихьэлIэ тенджызхэмрэ псыгуэн нэхъ инхэмрэ, Калининград областым къыщыщIэдзауэ Сахалинрэ Камчаткэмрэ нэсу, хэт гъуазэхэм траха сурэтхэр ди пащхьэ къохутэ. Сыт къару, сыт дахагъэ абыхэм къапкърыкIыр? Сыту лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн ягъэзэщIа ахэр зи сурэттехым къиубыда цIыхухэм. Дэтхэнэ сурэтри зэрыинышхуэм къыдэкIуэу телъыджэу IупщIщ, гъуазэр ауэ уи пащхьэм къитми ярейуэ.
ЗэIущIэр къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал гимнхэмкIэ. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэфIэкIым зегъэужьынымкIэ унэм и унафэщI Къэрашэ Аксанэ гуапэу тепсэлъыхьащ гъэлъэгъуэныгъэм, абы ди цIыхухэм, щIэблэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм, цIыкIухэр хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ зэрылъапIэм. АдэкIэ къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ хьэщIэхэр: Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и гъуазэ къулыкъущIапIэм и унафэщI, 2-нэ ранг зиIэ капитан, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм Навигацэмрэ океанографиемкIэ и управленэм и унафэщI Гайдай Олег, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я зэхущытыкIэмкIэ УФ-м и Президентым и деж щыIэ Советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Салим, Налшык къалэм и прокурор Къэнщауэ Аслъэн, Налшык и дзэ комиссар Щоджэн Залым, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ сымэ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъа дэтхэнэми къыхигъэщащ дыщыпсэу къэралым и къулеигъэр, ар зэрыгъунапкъэншэр, и зыужьыныгъэм, и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным папщIэ сабии балигъи ди къарум деблэж зэрымыхъунур. Курыт еджапIэ №7-м, Калюжный Николай и цIэр зезыхьэм, и кадет школхэм щеджэ цIыкIухэр зэIущIэм хэтати, къалэнышхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр, нэхъыжьхэр абыхэм куэдкIэ зэращыгугъыр жраIащ.
Гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну хуейхэр фрагъэблагъэ, ар мазэкIэ екIуэкIынущ. Гухэхъуэгъуэ зэрывгъуэтынум, фымыщIэ куэдым щыгъуазэ фызэрыхъунум шэч хэлъкъым.
КIУЭКIУЭ ХьэIишэт.