Фэеплъхэр дэни щахъумэ

Шэрэ блэрэ зэблэкIыркъым, жаIэ. ЦIыхум и мызакъуэу, зыгъэпщыкIупIэ зыгъуэт псэущхьэрэ пэт лъоIэс, жыхуиIэщ. БлэкIа зауэр апхуэдизкIэ гущIэгъуншэти, псэ зыIутым ящыщу зылъэмыIэсарэ зи унэ гуауэу имыхьарэ щыIэкъым. Хэку­къу­тэ зауэжьым иужькIэ, ди лъэпкъым лъа­псэрыхыр къыхуэзыхьа ЕтIуанэ дунейпсо зауэм мыгъуэ ищIа щIалэ фызкъэмышэхэр къэлъытэгъуейщ, нэпс мыжакъуэу къигъэна адэ-анэхэр куэдыщэщ, унагъуэ насыпу зэтрикъутар нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. ЖыпIэнуращи, Хэку зауэшхуэр цIыху щIэжым имыкIыж бжыгъэу къинащ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэр кIуэ пэтми мащIэ мэхъу, ауэ абыхэм я бынхэм, абыхэм къа­щIэхъуэжахэм яфIэлъапIэщ нэхъыжьхэм щIагъэкIа нэпсыр, яущэхуну хэту кIуэцIкIэ ягъэва гуIэр. Аращ а фэеплъыр уахътыншэ зыщIыр, абы епха сыт хуэдэ Iуэхугъуэми лъапIэныныгъэ щIратыр.

Ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуа­щIэхэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр зэгъэпэщыжыным, ахэр здэщыт щIыпIэхэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абыхэм я Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр зыбжанэ щIауэ щIыналъэм щымыувыIэу щокIуэкI. Къыхэгъэщын хуейщ апхуэдэ жэрдэмхэр цIыхухэм зэрагуапэр, я нэIэ щIэту зэрекIуэкIыр, зыхузэфIэкIыр щIэгъэкъуэн зэрыхъур. Фэеплъыр зэгъэпэ­щыжы­ным икIи абы и Iэгъуэблагъэр зэпэщ щІы­ным текIуэдэну мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхокI. Абы ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэмрэ къалэмрэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ.
Псалъэм и хьэтыркIэ, Бахъсэн къалэм дэт кхъэм хеубыдэ «ЗауэлI 18-м я фэеплъ скъар­кIэ» зэджэ къуэшыкхъэр. 1942 - 1943 гъэхэм щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм хэкIуэдащ мыбдеж щIэлъ щIалэхэр. Бахъсэндэс нэхъыжьхэм зэхуахьэсыжу зы щIыпIэм иужьрей увыIэпIэр зрагъэгъуэта зауэлIхэм фэеплъ кхъащхьэдэси тращIыхьауэ щытащ. Зауэ нэужьым щIыпIэр цIыху кIуапIэ хъуащ, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу пэкIухэр щрагъэкIуэкIыу яублащ. Илъэс бжыгъэм ­къриубыдэу фэеплъ скъарыр тIорысэ ­хъуащ.
Мы зэманым фэеплъым телъ лэчыжьыр трахащ, ар зытет лъабжьэр ягъэбыдэ. Абы иужькIэ фэеплъым и екІуэлІапІэхэр зэІузэ­пэщ ящІынущ, тетІысхьэпІэхэр ягъэувынущ, щхъуантІагъэр куэду щагъэтІысынущ, Iэгъуэ­благъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр куэд мыщІэу ягъэувыну я гугъэщ. Фэеплъым IухьэпIэ щхьэхуэрэ уней дыхьэ­пIэрэ хуащIыну я гугъэщ. Апхуэдэу кхъащхьэдэсэм тет псалъэхэр щIэрыщIэу къыхагъэкIыжынущ.
Бахъсэн къалэм фэеплъ зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щекIуэкIа лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, къыхэгъэщын хуейщ Фрунзе Михаил и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «ЗауэлI щыгъуэм» и фэеплъыр къызэрагъэщIэрэщIэжар.
Апхуэдэу къэрал программэм ипкъ иткIэ зыхуей хуагъэзэжащ:
1. Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 10-нэ курыт еджапIэм и пщIантIэм дэт къуэшыкхъэр;
2. Беслъэней Хьэбалэ и цIэр зезыхьэ уэрамым тет курыт еджапIэ №2-м и пщIантIэм дэт къуэшыкхъэр;
3. Шыкуэ ТIутIэ и цIэр зезыхьэ уэрамым тет, 5-нэ курыт еджапIэм пэмыжыжьэу щыт къуэшыкхъэр;
4. Сергей Лазорэ Хуитыныгъэмрэ я уэ­рамхэм я зэблэкIыпIэм деж щыт «Щыгъуэ анэм» и фэеплъ скъарыр;
5. Бахъсэн Хьэсанш и цIэр зезыхьэ уэрамым тет къуэшыкхъэр.
Зи гугъу тщIа къэрал программэм ипкъ иткIэ къалэмрэ абы къедза Iэгъуэблагъэмрэ щыIэ къуэшыкхъэхэр къыщIагъэщыж, цIыхур екIуэлIэн хуэдэу зекIуапIэхэр къыхагъэкI, щIыпIэхэми теплъэ ират.

ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.