Зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэ, дахагъэм и лъа­гапIэ

«Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу яхуэ­хъуащ» фIэщыгъэр иIэу, щIы­налъэхэм я зэныбжьэгъугъэ фестиваль ще­кIуэ­кIащ Тэрч щIыналъэм. Адыгэ фащэм и махуэм хуа­гъэпса зэхыхьэшхуэр еянэу къызэрагъэпэщащ икIи, сыт щыгъуи хуэдэу, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуигъэуващ. 

ЦIыхугъэм, лIыгъэм, дахагъэмрэ щIыхьымрэ я нэ­­щэ­нэу, усакIуэхэм яIэта, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм и дамыгъэ хъуа ди фэилъхьэгъуэр ягъэлъэпIащ ищхьэкIэ къэтхьа, МэшбащIэ Исхьэкъ и къа­лэмыпэм къыщIэкIа усэ сатыр цIэрыIуэр и лъабжьэу. Адыгэм и лъэпкъ фащэр Кавказым щыпсэухэм я мыза­къуэу, Урысейм и дзэ гупхэми фащэу щатIэгъат. Абы фIэкIа ухуейкъым и мы­хьэ­нэр зы­хуэдэр къэбгъэлъэ­гъуэ­ным­кIэ. Адыгэ фащэм и махуэр щIа­гъэлъапIэм и мурад нэхъыщхьэр абы иIа пщIэр къэ­Iэтыжынырщ.
Зыгъэпсэхугъуэ махуэти, цIыхур мыпIащIэу зэхыхьащ. Тэрч районым ЩэнхабзэмкIэ и унэ гупэм лъэпкъ пщIантIэхэр щызэхэтт: зым лэкъу­мымрэ лы гъэвамрэ щап­щэфI­рэ хьэлыуэр щаубэу, ­адрейм адыгэм къыдэгъуэгу­ры­кIуа хьэпшыпхэр ще­гъэу­­вэкIауэ, ещанэм лъэпкъ Iэ­щIагъэхэм, уагъэ щIынымрэ дыщэидэмрэ щыхуагъасэу. Нэ­хъыщхьэжрати, махуэр зы­теухуа лъэпкъ фащэр къащыпсу щIалэгъуалэр къеувэкIауэ адыгэ джэгу утыкум щащIырт. 
Илъэс 26-рэ хъуауэ сабийхэр зыгъасэ, Тэрч къалэм Сабий творчествэмкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Хьэмыкъуэ Мадинэ уагъэ-щагъэхэр зэIуищэу дыщрихьэлIэм, и гупсысэмкIэ къыддэгуэшащ: «Зи­хуэдэ щымыIэ ди лъэпкъ IэщIагъэхэр дымыгъэкIуэ­ды­жынырщ, ди ужь ит щIэблэм ди тхыдэр, щэнхабзэр едгъэ­щIэнырщ дызыхущIэкъур. Сэ езыр лъэпкъ IэщIагъэм Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал ­уни­верситетым сыщыщы­хуеджэм, сэбэпышхуэ къыс­хуэ­хъуауэ щытащ КIыщ Хьэзрэталий и тхылъыр. А зэманым абы къуажэхэр ­къы­­зэхикIухьурэ, нэхъыжь къы­­дэ­нахэм уагъэхэр зэращI­хэм, къызэрагъэсэбэпхэм ­еп­лъурэ и лэжьыгъэм ахэр щы­зэхуихьэсыжауэ щытащ. Ды­зэрыгушхуэнщи, сабий куэд ди дерсхэм къокIуэ, ­ягури я псэри етауэ щытлъагъукIэ, дызыщымысхьыжу ап­хуэ­дэхэм дадэлэжьэну дыхьэ­зырщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр къыдэкIуэтеймэ, езыхэми ягъэсэжыфынущ щIэб-лэр. Апхуэ­дэурэ фIэкIа хъума хъунукъым ди IэщIагъэ да-хэр. Мыбдеж телъыр илъэс тIощI ипэ си IэкIэ сщIа арджэнщ. Си анэшхуэм и адэ­шыпхъухэм сагъэсат». Бзылъ­хугъэм жиIэхэр сфIэгъэщIэгъуэну седаIуэурэ, хьэ­щIэхэри къэсащ: УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущыты­кIэхэмкIэ щыIэ советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Арт комитетым и япэ вице-президент, академик, ЮНЕСКО-м хэт Бейты­гъуэн Iэуес, Кавказ Ищхъэ­рэм ГъуазджэхэмкIэ и къэ­рал институтым и профессор, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Гъэсашэ Наталье, Шэшэн Республикэм ЦIыхум и хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и упол­номоченнэ, Жылагъуэ па­­латэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Муцаев Мамий, Мэздэгу къалэм и Iэтащхьэ Тыгъуэн Иринэ, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенаторым и дэ­Iэпыкуэгъу, Дунейпсо Арт- комитетым и лIыкIуэу Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыIэ Гуцаев Фридон, Мэздэгу ады­гэ­хэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан, УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI Дзукаев Николай, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щIыхь зиIэ и артист Хабитов Вячеслав, КъБР-м щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Жылагъуэ палатэм и комиссэм и унафэщI Шинкаревэ Наталье сымэ. Абыхэм я гъусэт Тэрч райо­ным и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Уэдыхь Тимур.
Пшыхьыр къыщызэIуахым къызэрыхагъэщащи, цIыхур псом япэу зыгъэдахэр и хьэл-щэнымрэ дуней тетыкIэм-рэщ, абы къыкIэлъыкIуэр адрей лъэпкъхэм къахэзыгъэщ и фащэрщ. Дуней псом цIэ­рыIуэ щыхъуа ди адыгэ фащэм и щIыхькIэ екIуэкI мып­хуэдэ зэхыхьэр япэ дыдэу щрагъэжьауэ щытар Шэ­джэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэрщ (2018 гъэм). Мы Iуэхур и жэрдэмт Бейтыгъуэн Iэуес. Хамэ къэрал ­къикIа хьэщIэхэри кърагъэб­лэгъауэ, гукъинэжу екIуэкIа япэ фестивалыр цIыхубэм я гум дыхьати, пащащ. Мы Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэщ Дунейпсо Арт комитетыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Урысейм и лъэпкъхэм я зэгу­хьэныгъэр. 
 - Адыгэ фащэм и махуэр ­ ди лъэпкъым и къулеягъэр дигу къэзыгъэкIыж Iуэхущ, ар къэзыгъэщIа ди адэжьхэм пщIэ зэрахуэтщIщ, - жиIащ Уэдыхь Тимур пшыхьыр къы­щызэIуихым. - Ди япэ итахэм лIыгъэмрэ дахагъэмрэ зэралъагъур а фэилъхьэгъуэм ­халъхьэфащ. Мы зэхыхьэм дыкъыхуреджэ лIэщIы­гъуэкIэрэ къыддэгъуэгуры­кIуа хабзэхэр дыхуэсакъыу тхъумэн, ахэр щIэблэм едгъэ­щIэн зэ­ры­хуейм. Адыгэ фащэр лъэпкъ щэнхабзэм и зы Iы­хьэщ, абы псалъэншэуи «къыт­хуеIуатэ» ди лъэпкъым и хьэл-щэныфIхэм къищы­нэ­мыщIа, унагъуэ лъапIэныгъэхэр зыхуэдари. Ар тхъу­мэху, ди лъэпкъри дохъумэ. Бзэр, хабзэр, щэнхабзэр, тхы­дэр - ахэращ къэкIуэнур зэ­лъы­тар. Адыгэ фащэр апхуэдизкIэ ягу дыхьати, дуней псом къыщацIыху хъуащ  икIи ди гуапэщ гъунэгъу щIы­налъэхэм я лIыкIуэхэр къыдэ­хъуэхъуну нобэ къызэрыт­хуеблэгъар, абы нэхъри дызэ­регъэубыд, дызэрегъащIэ, ди щIэблэхэр зэпещIэ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэр, шэч хэмылъу, щхьэпэнущ ди ужь итхэм я ­лъабжьэр нэхъ куууэ яджы­нымкIэ, абы хуэпэбгъэнымкIэ. ИрефIакIуэ ди лъэпкъ зэ­пыщIэныгъэхэр». Тэрч райо­ным и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэм къызэгъэпэща­кIуэхэми лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным хэлIыфIыхь псоми фIыщIэ яхуищIащ.
- Ди адыгэ фащэм теухуа мы дауэдапщэр угъурлы тхуэхъуну ди гуапэш. Фащэр лIэ­щIыгъуэ куэдкIэ узэIэ­бэ­кIыж­мэ къэзыгупсыса, къытхуэзыгъэна ди нэхъыжьхэм я Iэу­жьыр адэкIэ зыгъэбэгъуэн, и пщIэр нэхъри зыIэтын лъэпкъ Тхьэм дищI! - пищащ адэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Ди фа­щэр лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэу, дахагъэм и лъа­гапIэу къызэралъытэр зы­щыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Бейтыгъуэн Iэуес ди адыгэ лъэпкъым, абы и щэнхабзэм теухуауэ лэжьыгъэш­хуэ зэфIегъэкIри, фIыщIэ хуэфащэщ. Сэ си лэжьыгъэ гъуэ­гуанэм и япэ лъэбакъуэхэр щысчауэ щытар Тэрч щIыналъэрщ, абы къыхэкIыу, си гуа­пэу нобэ сехъуэхъунут райо­ным и Iэтащхьэ къулыкъур Уэдыхь Тимур КъБР-м и Iэ­тащхьэм къызэры­хуигъэ­фэщам папщIэ. Шэч къы- тес­хьэркъым, абы джылахъстэнейхэр щIэгъэкъуэн ­къы­­хуэхъуу, щIыналъэр езы­­гъэ­фIэкIуэн унафэщI зэ­- ры­хъунум. 
Гъэсашэ Наталье зэхыхьэм хэтхэм фIэхъускIэ защыхуигъазэм, псом япэу къыхигъэщащ къыщалъхуа лъахэм зэ­рыщыIэм щхьэкIэ насы­пы­фIэу зэрызибжыжыр. «Дэнэ щIыпIэ сыщыIами, Тэрч щIыналъэм сыкъызэрыщыхъуам срипагэу щытащ. Сыт хуэдэ  къэрал сыкIуами, адыгэ фащэр щыстIагъэрти, Африкэ, Европэ, Америкэ ирехъу - дэни щыIэ цIыхур абы и дахагъэм итхьэкъурт. Зы Iуэху сигу къэкIыжащ иджыпсту: Иорданием ды­щыщыIам, ди гуапэ мыхъуу къэнатэкъым Пащтыхь унэм  и хъумакIуэхэм адыгэ цейр ящыгъыу щытлъэгъуам. Фи фIэщ фщIы, ди щхьэр абы лъагэу зэрыдигъэлъагъужар. Апхуэдэ  къару иIэщ ди лъэпкъ фащэм, дуней псом пщIэ зэрыщиIэри абыкIэ нэ­рылъагъукъэ!» - жиIащ Гъэсашэм.
Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм и щIы­пIэ администрацэм и Iэтащ­хьэ Хьэгъэжей Хьэсэн къы­зэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ щехъуэхъум, къыхигъэщащ Тэрч щIыналъэм цIыхушхуэ куэд къызэрыдэкIар, и ­шыгъу-пIастэкIэ Джылахъс­тэ­нейр зэрыцIэрыIуэр. «Шы­­-гъу­-пIастэкIэ къыппежьэм зэи уи щIыбагъкIэ лей къуихынукъым», - жиIащ Хьэгъэжейм. Абы пшыхьым игу   къыщигъэкIыжащ Дунейпсо Арт  комитетым адыгэ фа-щэр дунейпсо щэнхабзэ хъу­гъуэ­фIыгъуэхэм хигъэхьэу, Ре­естрым зэрыщригъэтхар, 2020 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыщыщIэ­дзауэ 12 пщIондэ Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм   и махуэхэр Париж щекIуэкIыу, пасэрей жыпхъэхэмкIэ ­Хъу­рей Жанусэ ида адыгэ цIы­хухъу, цIыхубз фащэхэр ЮНЕСКО-м и музейм щахъу­мэну зэры- ратар. 
- Адыгэ фащэм лъэпкъым  и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щиIэ мыхьэнэр мы фестивалым къызэщIикъуауэ къы­зо­лъы­тэ. ЛIэщIыгъуэхэм дып­хыплъ­мэ, уи нэгу къыщIэгъэ­хьэгъуейщ а зэман жыжьэ-хэм адыгэ фащэм и дыкIэр къызэрагупсысыфар, - жиIащ Шинкаревэ Наталье. - Фи ­нэгу къыщIэвгъэхьэт, урыс пащтыхьым и фэилъхьэ­гъуэмрэ Гуащэней щыгъа ­фащэмрэ. Дэрбзэр Iэзэу ущы­тын хуейкъым япэр        тынш дыдэу (щэкI плIимэ ­нэхъ иныр нэхъ цIыкIум (Iэщ­хьэм) гуадзэкIэ) яду зэры­-щы­тамрэ лъэпкъ фащэм гугъу зыдрагъэхьу къы­зэрагъэ­щIамрэ зэбгъэпщэфын пап­щIэ. Адыгэ фащэм и закъуэщ а зэманым бзылъхугъэ фэилъ­хьэгъуэм и Iэщ­хьэ­пылъым, «втачной рукав» жы­хуаIэм, и дыкIэм хуэдэ зиIар. Ар гъуа­зджэ лъагэщ. Иджыпстуи IэпщIэлъапщIэ псоми   ар ­зра­­гъэ­хъулIэфыркъым, ауэ адыгэхэм лIэщIыгъуэ  бж­ы­­гъэ ипэ ар яхузэфIэ- кIырт. Ды­зыщыщ лъэпкъ емылъытауэ, дэтхэнэми адыгэм и щэнхабзэм пщIэш­хуэ худощI. Сы­ныво­хъуэ­хъу икIи фIыщIэ яхузощI мыпхуэ-дэ Iуэхур зи жэрдэмхэм.
- Адыгэ фащэр дуней псом щафIэтелъыджэщ. Ар щыдолъагъу ди щэнхабзэ зэхы­­хьэ­хэр Европэм и къэрал куэдми нэгъуэщIхэми щыщызэхэт­шэкIэ. Срогушхуэ ди къэфакIуэ гупхэм ди лъэпкъ фащэр ящыгъыу апхуэдэ пшыхь­хэм зыкъыщагъэлъагъуэкIэ. Ноби Тэрч щIыналъэм адрей республикэхэр и хьэщIэ хъуащи, фIы къытхудэкIуэну ди ­гуапэщ, - жиIащ Бейтыгъуэн Iэуес.
Пшыхьыр зыгъэдаха къэфакIуэ гупхэм уахэплъэныр гухэхъуэт. Утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ Тэрч районым   и «Дуней», «Болэтей», «Нур», «Шабзэ» ансамблхэм, «Альмаст» (Налшык), «Выше гор» (Осетие Ищхъэрэ-Алание) гупхэм, «Кавказ», «Лашын­къей», «Фортанга» (Шэшэн Республикэ) уэрэджыIакIуэ ансамблхэм. Я уэрэдхэмкIэ цIыхум я дэрэжэгъуэр къаIэтащ КъБР-м и цIыхубэ артист Зеущэ Iэуес, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэрэгъун Марианнэ, КъБР-мрэ Осетие Ип­щэмрэ щIыхь зиIэ я артисткэ Мамбэт Мадинэ, Абазэхэ ФатIимэ, КъБР-м и Къэрал филармонием и артисткэ Тхьэ­зэплъ Залинэ, Шэшэн Рес­пуб­ликэм и цIыхубэ артист Ясаев Магомед, Цагъуэ Арсен, Бэлэтокъуэ Светланэ, Шэрхъ Любовь, Осетие Ищхъэ­рэ - Аланием къикIахэу Хабитов Вячеслав, Гудиевхэ Аслъэнрэ Маринэрэ сымэ. Апхуэдэуи я усэхэм драгъэдэIуащ Нэгъуей Радимэрэ Iэтэбай  Русланрэ. 
Бейтыгъуэн Iэуес пшыхьым щIэсхэм хъыбар яригъэщIащ фестивалым къыкIэлъыкIуэ  и зэхыхьэр иригъэкIуэкIыну Мэздэгу районым пщэрылъ зэрыщащIыр. Iуэхугъуэр къы­зэрыхуагъэфэщар зэрагуа­пэр, икIи егугъуу ар къы­зэ­рызэрагъэпэщынум зэрыхуэ­хьэ­зырыр жаIащ  а щIыналъэм и лIыкIуэхэм. 
 Зэхыхьэм и кIэухым да­мыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэр къагъэнэIуащ. Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум зэ- р­ытелажьэр къыхагъэщу, ­Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъымрэ дамы-гъэм­рэ Жылау Арсен ира-тащ. Урысейм и лъэпкъхэм я Ассамблеем и ФIыщIэр хуа­гъэфэщащ Уэдыхь Тимур, Сатибал Казбек («Дуней» ­къэ­­факIуэ гупым и уна­фэ­щIым). Дунейпсо Арт комитетым и фIыщIэ тхылъыр иратащ Муцаев Мамий, Факъуэ Руслан, Сэхъурокъуэ Хьэу-тий, Тугановэ Иринэ, Гуцаев Фридон, Шинкаревэ Ната-лье, «Терек-1» газетым и редактор нэхъыщхьэ Дадэ ­Аслъэн, Тэрч районым и ­  щIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ   и   къудамэм и уна­фэщI Накуэ Сослъэн сымэ.
Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым екIуэкIа мы зэхыхьэр Хэкум ис псори зэзышалIэ Iуэху зэ­рыхъуам шэч хэлъкъым.
Тхыгъэри сурэтхэри
БАГЪЭТЫР  Луизэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.