Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий фокIадэм и 4-м Правительствэм и Унэм щыIущIащ Урысейм бгы лыжэмрэ сноубордымкIэ и федерацэм и президент Мельников Леонид.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ гупхэм, сабийхэм, апхуэдэуи Урысейм и командэ къыхэхам хэтхэм я зыгъэсапIэ нэхъыщхьэ Терскол къуажэм къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ щыIэ Iэмалхэм, абы спорт, узыншагъэм щыкIэлъагъэплъ, зыщагъэхъуж, щеджэ-зыщагъасэ иджырей унэхэр щыухуэным пыщIа Iуэхухэм.
Мельников Леонид Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм фIыщIэ къахуищIащ бгы лыжэ спортым гулъытэшхуэ зэрыхуащIым, «Iуащхьэмахуэ и уэсхэр» Урысейпсо гъэмахуэ зэхьэзэхуэхэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр сыткIи зыхуей хуэзауэ егъэкIуэкIынымрэ хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIым папщIэ. «Япэ дыдэу сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуауэ щытащ 1975 гъэм икIи мы щIыпIэр си псэм хэпщIауэ сыкъогъуэгурыкIуэ абы лъандэрэ, нэхъыфI дыдэу слъагъухэми яхузогъадэ», - къыхигъэщащ Урысейм бгы лыжэмрэ сноубордымкIэ и федерацэм и унафэщIым.
«Ди республикэм щыпсэухэм яцIыхуж уи адэ, бгым лыжэкIэ къежэхыным хуэIэзэ дыдэу щыта, СССР-м и чемпион мызэ-мытIэу хъуа, Олимпиадэ зыбжанэмрэ дунейм и чемпионатхэмрэ хэта Мельников Василий. Уэри а IуэхумкIэ икъукIэ уцIэрыIуэщ - совет тхыдэм щыяпэу, ныбжьыщIэхэм я деж бгы лыжэ спортымкIэ дунейпсо чемпион ухъуауэ щытащ уэ. Ди дежкIэ иджыпсту мыхьэнэшхуэ иIэщ щIалэгъуалэр спортым, щIэныгъэм, творчествэм дегъэхьэхыным, а IэнатIэхэм ехъулIэныгъэхэр къыщахьыным. ИкIи абы папщIэ дэ, шэч хэмылъу, сыткIи щIэгъэкъуэн дыхъунущ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Ю. А.