Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ. Абы щызэпеуащ инджылыз шы лъэпкъыфIхэр икIи къе­жэкIыгъуэ 11-м хиубыдэу къызэпачащ метр 1200 - 2800-рэ зи кIыхьагъ гъуэ­гуанэхэр. Зэхьэзэхуэм щагъэ­джэгуащ ахъшэ саугъэту псори зэхэту сом мелуани 3,5-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и саугъэт сом мелуаным щIэбэнахэм я деж щынэхъ псынщIащ икIи метр 2000 зи кIы­хьагъ гъуэгуанэр псом япэу зэпичащ шууей ­Албэрды Анзор, «Гефест Дрим» шымкIэ. ТекIуа щIалэр КIуэкIуэ Казбек езым игъэпажащ. Абы псалъэ гуапэкIэ за­хуигъэзащ гуфIэгъуэ зэхуэсым хэтахэм.
«КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща мы махуэшхуэм кърихьэлIа псоми фIэхъус гуапэ фызох. Шыгъажэр икъукIэ гукъинэж хъуащ. Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхуэсщIыну сы­хуейщ мы зэпеуэр республикэм щыпсэухэми абы и хьэщIэхэми я дежкIэ мыпхуэдэу дахэу, ­нэгузыужьу къызэзыгъэпэщахэм», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. 
А махуэм саугъэт нэхъыщхьэу ягъэджэгуа «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» саугъэтым шууеибл щIэбэнащ икIи псом япэу къэсащ Гусейнов Гусейн, «Эридан» шымкIэ. ЩIалэми ахъшэ саугъэту сом мелуан иратащ. 
«Росипподром» АО-м и унафэщI Орловэ Наталье журналистхэм щаIущIам жиIащ 2026 гъэм и шыгъэжэгъуэр Налшык къалэ зэрыщызэхуащIыжыр. «Абы и къызэгъэпэщакIуэ сэ схужыIэнущ гъэр икъукIэ къыдэ­хъулIауэ. ТIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу Урысейпсо дербир телъыджэу едгъэкIуэкIащ. Шыгъэжэгъуэ махуэу 9 диIати, сом мелуан 20-м щIигъу абы щыдгъэджэгуащ, зэхьэзэхуэм щызэпеуащ ди къэралым и шууей Iэзэхэри щIэзыдзагъащIэхэри, шы нэхъ лъэщхэри ­къагъэжащ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, шыгъажэхэм цIыху нэхъыбэ къыщыкIуар ар къыщызэIуах накъыгъэ мазэрщ. Апхуэдэуи, шым дихьэх куэд къокIуалIэ Урысейпсо дербим, КъБР-м и дербим, Iуащхьэмахуэм и Кубокым», - къыхигъэщащ Орловэ Наталье.
Шыгъажэ махуэр ягъэдэхащ икIи ягъэбжьыфIащ республикэм и къэфакIуэ, уэрэд­жыIакIуэ пажэхэм.
БЭЛЭТОКЪУЭ  Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.