ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ. Абы ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылажьэу е цIыху къызэрыгуэкIыу щIэпхъаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэр.

Зэхыхьэм хэтащ Бахъсэн районым и администрацэм и лIыкIуэхэр, къуажэм дэт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэр, хэкIуэдахэм я Iыхьлы­хэмрэ благъэхэмрэ, школакIуэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ.
ЗэIущIэм хэтахэр зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ лIы­хъужьхэм. А махуэм зи цIэр фIыкIэ къраIуахэм, зи хахуа­гъэр щIалэгъуалэм щапхъэу хуагъэлъэгъуахэм ящыщщ ЛIыгъэм и орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща, милицэм и капитан Хьэндэхъу Заур, милицэм и подполков­ник, юридическэ щIэныгъэ­хэмкIэ кандидат Бичэ Джульбер, полицэм и капитан ­Асанов Аслъэн, КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и лэжьакIуэ Си­дакъ Азрэт-Алий, къэрал кIуэцI къулыкъум и лэжьа­кIуэхэу Жанджэрий Дусэ, Хьэндэхъу Заретэ, Сэбаншы Хьэсен сымэ.
КъекIуэлIахэм защыхуигъа­зэм, Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къуэдзэ ­Тохъутэмыщ Мухьэмэд къыхигъэщхьэхукIащ:
- Терроризмэмрэ хабзэншагъэмрэ япэщIэтыным зи псэр щIэзыта ди лъахэгъухэм я фэеплъыр Бахъсэн щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэми дежкIэ лъапIэщ. А щIалэхэр я псэ емыблэжу тхьэрыIуэм, къалэным, лъэпкъым, хэкум яхуэпэжащ. Дэ псоми ди пщэрылъщ дыпсэуху абы­хэм я цIэхэр пщIэ пылъу къитIуэну, я фэеплъыр къытщIэхъуэ щIэблэм я деж нэтхьэ­сыну. Ди щIыналъэм мамыр гъащIэр щытхъумэфын, апхуэдэ гузэвэгъуэхэм зэи къытримыгъэзэжын щхьэкIэ зэкъуэ­тыныгъэм дыхуэсакъын, лIыхъужьыгъэ нахуэм и щапхъэхэмкIэ щIалэгъуалэр дгъэ­сэн хуейщ.
А пшыхьым щагъэлъэ­гъуащ Зэгъэщтокъуэ Людэ и усэхэм къытращIыкIа «Гъы­бзэ» теплъэгъуэр, Бахъсэн райо­ным и творческэ гупхэм лъэпкъ уэрэдхэр жаIащ. 
ХэкIуэда ди лъахэгъухэм я фэеплъыр мыкIуэдыжыным, щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэ­сэным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэм хыхьэу футболымкIэ фэеплъ зэхьэзэхуэ зэрырагъэкIуэкIынур жаIащ къызэгъэпэща­кIуэхэм. Районым и командиплIыр 2026 гъэм фокIадэм и 19-м сыхьэти 10-м щIидзэу Бахъсэнёнкэ къуажэм щызэ­дэджэгунущ.

Тхыгъэри  сурэтри
ШэрIужь  Даянэ  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.