Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъапсэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ. Адыгэ жьэгур, абы щыфIэдза лъахъшыр, ятIэ лъэгур, ятIагъуэкIэ яйуэ сэху хужь зратыжа блынхэр, адыгэ шхыныгъуэхэр зытет Iэнэ лъакъуищхэр, тетIысхьэпIэхэм телъ мэлыфэ щабэхэр, бзылъхугъэ, цIыхухъу фащэхэр - мыхэр псори адыгэ дунейм, ди тхыдэм, адэжьхэм уезыгъэгупсысщ. ЩIыбым ущыIуощIэ пхъэ къутапIэм, чы унэхэм, шы Iэпслъэпс фIэдзапIэм… ПщIантIэм дэтщ къуажэм и нэхъыжьхэр, адыгэ фащэкIэ хуэпа щIалэхэр, пщэфIапIэмкIэ я макъ къыщIоIукI щхьэлъащIэхэм, адыгэ уэрэдыжьхэр, макъамэ щабэр хьэуам хозэрыхь… Адыгэ гъащIэм ухэтщ, блэкIар уи гупэ къиту!
Адыгэ унэм и бжэр зэIуахащ хьэщIэщым и хабзэ дахэхэр нэIурыт къащIу. Къызэхуэсащ къуажэдэсхэр, хьэщIэхэр. Абыхэм теплъэгъуэу ирагъэлъэгъуащ адыгэм къыдекIуэкIыу щыта зы хабзэжь: Ингушым къикIа щIалэхэр хьэщIэщым къеблэгъащ, бысымым къану иратыну щIалэ цIыкIур ящIыгъуу. Ахэр пщIантIэм къыдашэ, асыхьэту къаузэда Iэнэ лъакъуищым пэрагъэтIысхьэри, бысымым и гъунэгъуу псэу ныбжьэгъу щIалэхэм къоджэ. Къаныр иджы къуэш хуэхъуахэм бгъэдашэри ирагъэцIыху, гъуэгу зэпызычахэмрэ къыздекIуэлIахэмрэ зэщIоупщIэ - псори ирагъэкIуэкI пасэрейм яIа псэукIэм, хабзэхэм, хьэщIэ къегъэблэгъэкIэм, зыIыгъыкIэм укIэлъагъэхъуэпсэжу.
Къеблэгъахэм захуигъэзащ бысымым - хьэщIэщыр зыухуа Слъон Алим.
- Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм и бжэр хузэIухащ хьэщIэм. Адыгэ бысымым деж хьэщIэр зыхуей щыхуэзэрт, хъума щыхъурт, гулъытэрэ пщIэрэ щигъуэтырт. Нобэ зи бжэр зэIутха хьэщIэщыр къыщIызэдгъэпэщами и щхьэусыгъуэщ ди нэхъыжьхэм яхэлъа хабзэ-нэмысым фыкIэлъыдгъэплъыжыну, блэкIам, щыIа псэукIэм хэлъа хъугъуэфIыгъуэхэм федгъэгупсысыну. Иджыпстурей теплъэгъуэм зэрыхъукIэ къыщыдгъэлъэгъуащ ди нэхъыжьхэм яхэ-лъа хабзэхэм ящыщ. А зэманым Кавказым къыщекIуэкIа хьэщIагъэм фыкIэ- лъыдгъэплъыжынырщ дызыхэтар. Нобэ ди хьэщIэщым и бжэр зэIутхащи, дапщэщи фыкъеблагъэ, фыдигуапэщ! - жиIащ абы.
- ХьэщIэ лъапIэхэ! 19-нэ лIэщIыгъуэм щыIа адыгэ унэм и ухуэкIэу щытам тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу къыщызэIуаха «Дыгъужьыкъуей» хьэщIэщым и бжэр зэIухащ. Мы Iуэхум и щхьэусыгъуэ дахэщ адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ къэIэтыжыныр, тхыдэм и лъагъуэм гупсэхуу дриплъэжыныр. Ар сэбэп хъунущ щIыналъэм къеблагъэхэр адыгэм яIа щыIэкIэ-псэукIэм щыгъэгъуэзэнымкIи, ди адыгэ щIэблэр лъэпкъ гупсысэм ешэлIэнымкIи. ДяпэкIэ хьэщIэщым щекIуэкIынущ Iуэхугъуэ дахэхэр: гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, нэгузегъэужь пшыхьхэр. ХьэщIэщым и пщалъэщ зыгъэпсэхуныр, узыншагъэр егъэфIэкIуэныр, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр! - жиIащ Iуэхур езыгъэкIуэкIа «Астра-Сфера» щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ институтым гъэсэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и унафэщI Къэбарт Астемыр. АдэкIэ абы я цIэ къриIуащ лъапсэр ухуэныр гукъэкI зыщIахэм, дэIэпыкъуэгъу хъуахэм. Iуэхур яублащ хьэщIэщым и бысым Слъон Алимрэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор «Астра-Сфера» институтым щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректор Умэт Муратрэ. Iуэхум я гуащIэрэ гулъытэрэ халъхьащ къулыкъущIэхэм, къуажэ администрацэм, хьэрычэтыщIэхэм, артистхэм, щIалэхэм я ныбжьэгъухэм. ФыщIэшхуэ яхудощI Iуэхур ублэнымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуа Къанокъуэ Арсен - КъБР-м и лIыкIуэу ФедерацэмкIэ Советым хэтым, «Астра-Сфера» щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ институтым и ректор Щоджэн Эдуард сымэ.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Слъон лъэпкъым я нэхъыжь Валерэ. Абы жиIащ мы Iуэхум лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ди адэжьхэм я псэукIар, зэрахьа хабзэр, ягъэлъэгъуа лIыгъэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм хуащIу къекIуэкIа пщIэр къэгъэлъэгъуэн Iуэхум пэрыува щIа- лэр я лъэпкъым къызэрыхэкIам папщIэ зэрыгушхуэр къыхигъэщащ, чэнджэщкIэ, гулъытэкIэ, мылъкукIэ абы къыдэIэпыкъуахэми фIыщIэ яхуищIащ, хьэщIэ зэрагуапэр къыхигъэщащ.
- Алим мурад дахэхэр иIэщ. ЩIалэгъуалэр хабзэм хуигъэсэну, адыгэм къадекIуэкI IэпщIэлъапщIагъэр къаригъэщIэжыну, игъэгушхуэну и гугъэщи, Тхьэм къыхузэпи-щэ! - жиIащ абы.
- Ди къуажэгъухэ, хьэщIэ лъапIэхэ, ди гуапэщ нобэ мыпхуэдэ Iуэху дахэм дыщызэIущIэныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Аушыджэр къуажэм дежкIэ мы Iуэхур куэд и уасэщ. Зэман кIэщIым къриубыдэу мы лъапсэ да- хэр къызэгъэпэщыным тегушхуа икIи а гурылъыр екIуу къызэхъулIа Слъон Алим фIыщIэ хузощI. Шэч къытесхьэркъым мы щIалэм Iуэхур адэкIэ зэригъэкIуэтэнум, лъэпкъым хуэщхьэпэн куэд мыбдеж зэрыщилэжьынум, - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым и ректор, юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэгъэпсо Заурбий.
АдэкIэ псалъэ иратащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «Астра-Сфера» институтым хирургиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Щоджэн Ахьмэд. Абы къыхигъэщащ мы адыгэ хьэщIэщыр дяпэкIэ зэхуэсыпIэ дахэу зэрыщытынур, гъунэгъу республикэхэм, къалэшхуэхэм къикI зыплъыхьакIуэхэм ди щIыналъэм къыщIытрагъэзэжын щхьэусыгъуэ дахэ ар зэрыхъунур.
- Ди дуней тетыкIэр, цIыху хэтыкIэр, гупсысэкIэр, акъылыр, пщIэр быдэу епхащ лъабжьэ тхуэхъуам, дыкъыщы-хъуа унэм. Мы адыгэ унэр Iуэху дахэ куэдым щIэдзапIэ яхуэхъуну сохъуапсэ. Си гугъэщ, мы хьэщIэщыр и щхьэусыгъуэ дахэу Аушыджэр къуажэм и цIэр фIыкIэ къраIуэ зэпыту екIуэкIыну, - жиIащ Ахьмэд.
АдэкIэ къэпсэлъащ Ингуш Республикэм къикIа хьэщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Нальгиев Хъусен.
- Си ныбжьэгъуфI Слъон Алим адыгэ хьэщIэщ екIу зэрищIам срогушхуэ. Сыщыгъуазэщ мы щIалэм дапхуэдиз гуащIэ мы ухуэныгъэм ирихьэлIами. А псом нэхъыщхьэжращи - и псэм щыщ хэлъщ ухуэныгъэм, и IэкIэ елэжьащ, апщIондэхункIи куэдым зыщигъуазэурэ. Нэхъыбэ дыдэу дызыщыгуфIыкIри?! Мы унэр щIалэ-гъуалэм кIуапIэ яхуэхъунущ, мыбдеж хабзэм зыщыхуагъэсэнущ, Iуэху зехьэкIэм щыкIэлъыплъынущ, зыщаужьынущ. Мы Iуэху дахэм но-бэ дызэрыхэтри, абы папщIэ гъуэгу къызэрызэпытчари дэркIэ щIыхьщ, - жиIащ хьэщIэм.
Умэт Мурат жиIащ КъБКъУ-м, «Астра-Сфера» институтым, «Призвание» еджапIэм къабгъэдэкIыу зэхыхьэм къызэрыщыпсалъэр, Слъон Алим щIыгъуу адыгэ унэр ухуэным зэрелэжьам зэрыригушхуэр. «Астра-Сфера» медицинэ институтым и ректор Щоджэн Эдуард къыбгъэдэкIыуи унэр зыухуахэм, аушыджэрдэсхэм ехъуэхъуащ, къекIуэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ.
- Адыгэ хьэщIэщым мы- хьэнэшхуэ щигъэзэщIэнущ адыгэ дунейм. Псом хуэмыдэу ар ехьэлIащ ди щIэблэм я гъэсэныгъэм, щэнхабзэм, тхыдэ щIэныгъэм. Къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, зи блэкIар зыщыгъупщэ лъэпкъым къэкIуэн иIэкъым. Дунейм зыщыпхъумэжынумэ, уи бзэр, хабзэр, щэнхабзэр пхъумэн хуейщ. Астемыр зэрыжиIащи, мы адыгэ унэм игъэзэщIэну къалэнхэм ящыщщ зыгъэпсэхуныр, узыншагъэр хъумэныр, щIэныгъэр. «Узыншагъэр хъума хъуным сыткIэ тещIыхьа хьэщIэщыр?» - жызыIэни щыIэу къыщIэкIынущ. ЦIыхур и лъэпкъ щэнхабзэм тетмэ, фащэ зыщигъагъмэ, адыгэ шхыныгъуэхэр, ерыскъы узыншэр къыхихмэ, апхуэдэм и узыншагъэр зэрефIэкIуэнум шэч хэлъкъым. А мардэхэм тет цIыхухъухэр нэхъ Iэчлъэчуи щытынущ, я псэри псыхьа хъунущ.
Аушыджэр къуажэр, республикэр, Урысейр Тхьэм иригъэфIакIуэ! - жиIащ Умэтым.
- Сыту гухэхъуэ ди нэхъыжьхэм махуэ къэс я IуэхущIафэу щытам, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэу зэрахьам улъэIэсыну! Мис апхуэдэ Iэмал дызэриIэм нэхъри лъапIэ ещI нобэрей махуэр. Нобэ адыгэ унэм кърихьэлIа дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхищIауэ къыщIэкIынущ уадыгэным гупсэхугъуэу хэлъыр. ХьэщIэщым и хабзэхэм ух имыIэу утепсэлъыхьыфынущ. Нобэ дэ мы унэм и жьэгу дыкъыдыхьауэ аращи, дяпэкIэ ар хуабэу щытыну, мы лъапсэм IуэхуфI куэд щекIуэкIыну ди гуапэщ! - жиIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд.
Псалъэ иратащ Слъон Алим и ныбжьэгъу, Шэджэм щыщ Тэмазэ Руслан. Ар Алим ехъуэхъуащ и гурылъыфIхэм щхьэкIэ.
- Мы хьэщIэщыр цIыху кIуапIэ хъуну, гуфIэгъуэ дауэдапщэ куэд щекIуэкIыну Тхьэм жиIэ! Бысымымрэ сэрэ дызэныбжьэгъуфIщ, ди гупсысэр зэтохуэ, дызытеуэршэрыхьын диIэщ. КъекIуэлIахэр Тхьэм иузэщI! - жиIащ абы.
Къэпсэлъащ КъБР-м и цIыхубэ артист Лосэн Тимур.
- Алимрэ Муратрэ зрапщытащ икIи ирагъэжьащ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ, зи мыхьэнэр къызэрымыкIуэ Iуэхум. «Лъапсэ къахухьащ, унэ иращIыхьащ» - мыращ зы псалъэухам къибгъэзэгъэну иужь уихьэмэ зэрыхъур. Ауэ пасэрей адыгэ лъапсэ ухуэным къепщIэкIыжа лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр- щэ! Пасэрей адыгэ IэщIагъэхэр мы щIалэхэм къызэрагъэIурыщIэжам дыкIэлъыплъащ мы ухуэныгъэр яухыху. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, чы зэрахур. Алим чы ихун папщIэ, абы теухуауэ щIэныгъэ зиIэ нэхъыжьхэм ечэнджэщащ, зигъэсащ, нэхъыфIыжращи, къуажэдэс ныбжьыщIэхэри а Iуэхум къыхишащ. Ахьей, къуажэдэс щIалэ цIыкIухэм чы зэрахур, унэ зэрызэрахьэр, блын зэрайр къащIэжа, «щIыхьэху» жыхуэтIэм и мыхьэнэр зыхащIа! Мыбы дэс ныбжьыщIэхэм къагурыIуащ зым ад-рейм пщIэ (уасэ) иримыту зэкъуажэгъухэр зэрызэдэIэпыкъум зыкIи пхуэмыхъуэжын гурыфIыгъуэ къызэрыхэ-кIыр. Адыгэ IэщIагъэжьым дихьэха щIалэ цIыкIухэм я лъэпкъ гудзакъэр нэхъри къызэщIегъэушэ абы. Нобэ дэри ди гум хъуапсэ къыщыушащ, дыхуейщ ди къуажэхэм мыпхуэдэ унэ дэтыну! Адыгэ къуажэ къэс - адыгэ лъапсэжь!
Пэжым ухуеймэ, адыгэ лъапсэ ипэжыпIэкIэ ди нэ зэрилъэгъуар куэд и уасэщ. Пэжщ, тхыдэ напэкIуэцIхэм, тхыгъэхэм дыкъыщеджащ, сурэткIэ тлъэгъуащ, ауэ дыщIыхьэу дыщIэс хъууэ ди щыпэлъагъущ. Унэм къытхуищIэри?! Ди блэкIар тегъэщIапIэ тщIыуэ, къэкIуэнумкIэ зыдгъэзэну гъуэтыгъуэ дрегъахуэ. Слъон Алим, Умэт Мурат хуэдэ щIалэхэр лъэпкъым диIэти, мыпхуэдэ гуфIэгъуэ тлъэгъуащ, - жиIащ Тимур.
АдэкIэ хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ къаузэда Iэнэм. Алим и анэ Светэ и IэщIагъэкIэ пщафIэщ, абы шхыны- гъуэхэм я пщэфIыкIэм я гугъу къытхуищIащ. Светэ тедгъэпсэлъыхьащ бын гъэсэныгъэм хэлъ щэхуми, абы теухуауэ езыр зыхуекIуа Iэмалхэми. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъ гупсысэ иIэу, Iуэхушхуэхэм зрипщыту, адыгагъэ хэлъу, ныбжьэгъугъэр игъэпэжу щIалэ бгъэсэныр гугъущ.
- Псори къыщежьар адэшхуэм дежщ. Алим и адэшхуэм щIыгъуну, и хъыбархэм щIэдэIуну, къригъэлъагъур ищIэжыну, упщIэхэр иритыну, зызригъасэхэмкIэ зыхуигъэщIэгъуэну фIэфIт.
Адыгэ хьэщIэщ ищIыну жиIэу и гупсысэ къыщызихьэлIам, хуэзгъэдэхащ, дэсIыгъащ. Ауэ, пэжым ухуеймэ, мыпхуэдэу кърищIэкIынуи си гугъакъым, зыхуей хуэгъэзауэ зы унэ цIыкIуу иухуэн къысфIэщIат. Ауэ къыщIидза нэужь езыри зыIэпишащ, мыбы ирищIылIа дэтхэнэ Iуэхуми и гур хуэмызэгъауэ игъэтIылъакъым. Куэд къыдэIэпыкъуащ, ныбжьэгъухэм, къуажэгъухэм трагъэгушхуащ. Умэт Мурат мы Iуэхум теухуауэ щIалэ гъусэу иIэти, хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ, - жиIащ Светэ.
- Республикэм япэу мыпхуэдэ Iуэху къыщрахьэжьащи, абы ущымыгуфIыкIыу, ар умыгъэщIагъуэу къанэркъым. Адыгэ унэм IуэхуфI- хэр щекIуэкIынущ, дяпэкIэ мыр сэбэп хъунущ щIалэгъуалэр гъэсэнымкIэ, адыгэбзэр къагъэIурыгъэIэфIэжынымкIэ. Алимрэ Муратрэ курыт еджапIэхэм щеджэхэр къашэурэ хьэщIэщым зыщрагъэплъыхьынущ, шым ягъэшэсынущ, хьэщIэщым щекIуэкI хабзэхэр ирагъэлъагъунущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ узыншэу дыщытыным щхьэпэ хуэхъунущ мы Iуэхур, - жиIащ Къэбарт Астемыр.
Къеблэгъахэр хьэщIэщым щIаша нэужь, Слъон Алим тепсэлъыхьащ лъапсэр ухуэным зэрытегушхуам, абы папщIэ нэхъыжьхэм зэречэнджэщам, адыгэ IэпщIэлъапщIагъэм зэрызыхуигъэсам, къыкъуэувахэм и къарур и фIэщ зэращIыжам, мурад дахэхэр зэриIэм. ГъэщIэгъуэн тщыхъуащ адыгэ хьэщIэ- щыр зращIыхьа щIы кIапэм псынэ къыщIэжыпIэу пщы-кIуз хуэдиз къызэрыщагъуэтари. ХьэщIэщым щIэт адыгэ жьэгур Алим езым ищIыжащ. НэхъапэIуэкIэ жьэгу ящIу илъэгъуагъэххэтэкъым, абы и щIыкIэми къыхутепсэлъыхьаIатэкъым, атIэ сурэткIэ илъэгъуахэр къигъэсэбэпурэ елэжьри и гурыгъуазэм щигъэуакъым. ЗэрыжиIэмкIэ, адыгэм зэращIу щытам темыхуэу ищIынIа хуей хъуами, ар къикъутэжурэ, щIэрыщIэу зэригъэзэхуэжащ. Езым къызэрыхигъэщамкIэ, адыгэ жьэгум и хабзэ дыдэм тету зэмыпэщауэ, жьэгур къэтIасхъакъым. Жьэгур зыхуей хуигъэзэху куэдым зыхуигъэсащ, зэрыжиIэмкIэ. КъищIащ хьэщIэщым и инагъым жьэгум и щIыкIэр зэрелъытари, чыр зэраху щIыкIэри, унэр ятIагъуэкIэ зэрайри, абы сэху ептыжыныр уемылIалIэу къызэромыхъулIэри, адыгэ унэр ятIэ лъэгуу щIыщытари.
- ДощIри дощI, хуиту дызэхэтIысхьэу дыщызэхэсын хуэдэу Iэхуитлъэхуиту сщIащ унэр. Жьэгур адыгэ унэм и джэлэсщ. Аращ мы жьэгур дэщIеиным къызэрымыкIуэу дыщIегугъуари. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт лъахъшым фIэлъ шыуанми. Мыр 16-нэ лIэщIыгъуэм къыхэкIащ, Умэт Мурат и тыгъэщ, Щоджэнхэ зэрахьэу щыта шыуаныжь дыдэщ, гъуаплъэм къыхэщIыкIащ. Дэп хъуаскIэ зытIущ жьэгум дэлъмэ, абы пхъэ тызолъхьэри, езыр къызэщIостыж. Бжэр щыIупхкIэ, жьэгум и зыщIыкIэр, абы Iугъуэр зэрыщызекIуэр гъэщIэгъуэнщ. Жьэгум и бгъуитIымкIэ нал теплъэр зиIэ теIэтыкIыпIэхэр зэриIэр фолъагъуххэ - мис абы зэтриублащ Iугъуэм и кIуэкIэ тэмэмыр. Жьэгум и Iугъуэ икIыпIэр зэрыщытын хуейри?! Зы щIалэ ес тыншу икIыфу! Махуэ ебгъуанэ хъуауэ нэху сыкъыщокI хьэщIэщым - унэм и хьэлым зытызогъахуэ. Ди адэжьхэм сыт хуэдэ Iуэху ящIэми, акъыл халъхьэрт. Сэ, псалъэм папщIэ, си гугъащ мы хьэщIэщыр цементкIэ къизгъэжыкIыу, иджырей зэманым и Iэмалхэм ящыщ къэзгъэсэбэпыну, къизгъэжыкIащ икIи. Ауэ къистхъыжу, ятIэ лъэгу сымыщIыжауэ, лъэгур изэгъакъым. Чы зэрахум и Iэмалри къэзгъэIурыщIащ. Нэхъыжьхэм селъэIуащ сыщагъэгъуэзэну, сагъэлъагъуну. Ди адэшхуэм зэрихуу щыта Iэмалрат сызыхуейри, апхуэдэу схуащ чыхэр. ЗэпыхукIыпIэ къэс дапхуэдиз кIыхьагъыу дэлъыр жыпIэмэ, уи лъакъуэ лъэдакъэм къыщыщIэдзауэ, лъапэмкIэ узытеувэм нэс къыбопщри, ар зы пычыгъуэщ. Апхуэдэ защIэурэ схуащ унэ блыным кIэрыупсеяхэри, лъапсэр къызэрыхухьари.
ЩIапIэр гектарищ мэхъу. ГъэщIэгъуэнракъэ, мы щIым псынэ пщыкIуз щыIэу къэтхутащ. Къамыл щокI екIуэкIыу, атIэ къамылыр щыкIым псы щыIэкъэ! Псынэм и жагъуэ дымыщIыу, дыхуэсакъыпэу деIусэу аращ, «Iэ дэтлъэу» жыхуаIэм хуэдэу.
ХьэщIэщт си хъуэпсапIэри, зы пасэрей адыгэ лъапсэ сщIащ. Иджы схузэфIэкIмэ, зы адыгэ къуажэ сыухуэныр си хъуэпсапIэщ, - жиIащ Алим.
ХьэщIэщым къеблэгъащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
- Алим и адэшхуэ Слъон Жэмалдинрэ си адэ Щхьэгъэпсо Хьэсэнбийрэ зэдэлъхузэшыпхъум я бынщ. Мы Iуэхур Алим къызэрырихьэжьэрэ илъэс зыщыплI мэхъу. Абы гуащIэу хэплъхьам, уи IэкIэ уигу хуэбгъэзагъэу узэрелэжьам сыщыгъуазэщи, Тхьэм адэкIи уи мурадхэр къыпхузэпищэ. - зыхуигъэзащ абы Алим. - Куэд къыбдэIэпыкъуащи, дэтхэнэми фIыгъуэр къыхуищIэ. УщIалэфIщ, ущхьэхыркъым, гукъэкI уиIэщ. Мыпхуэдэ лъапсэжь щIы нэщIым ипщIыхьыну уигу къэкIыныр адыгэлIым и хьэлщ. Лъэпкъым щхьэкIэ гудзакъэ узэриIэм и щыхьэтщ уи IуэхущIафэхэр, - жиIащ Щхьэгъэпсом. Адыгэ хьэщIэщым тхылъ щIэлъын хуейуэ къилъытати, адыгэ тхыдэм, бзэм, лъэпкъым теухуа тхылъ зыбжанэ тыгъэ хуищIащ Алим.
Адыгэ Iуэхур макъамэкIэ, къафэкIэ, уэршэркIэ зэхуащIыжащ. ДяпэкIэ лъапсэм Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр зэрыщрагъэкIуэкIынур, къуажэдэс щIалэгъуалэр гъэгушхуэным тещIыхьа зэIущIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщынур, адыгэ зэхуэсыпIэ зэращIынур жаIащ. «Дыгъужьыкъуей» хьэщIэщыр цIыху кIуапIэ хъуну ди гуа-пэщ.
Тхыгъэри сурэтхэри ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ.