Республикэр хуэхьэзырщ хэхыныгъэхэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и япэ бжьы­хьэ зэIущIэр. Абы хэтащ Урысей Федерацэм и сенатор, КъБР-м и Парламентым и лIы­кIуэу ФедерацэмкIэ Советым щыIэ, Бюджетым­рэ финанс рынокхэмкIэ комитетым и уна­фэщIым и япэ къуэдзэ Ульбашев Мухьэрбий.
«Комитетым и сыхьэтыр» траухуащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэмрэ ЩIыпIэ са­моуправленэм и депутатхэмрэ хэхы­ным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къалэным зэрыхуэхьэзырым.
Егоровэ Татьянэ зэIущIэр къыщызэIуихым къы­хигъэщащ бжьыхьэ сессиер кIэщIу, ауэ Iуэ­ху­гъуэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ зэры­щы­ты­нур икIи къа­лэн нэхъыщхьэхэр къигъэлъэгъуащ.
- Гъатхэ сессием и кIэм дубзыхуа Iуэхугъуэхэр жы­джэру гъащIэм хэтпщэнущ. Дызыхэплъэну къытпэщылъ дэфтэр нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм и финанс дэфтэр нэхъыщхьэр - «2027 гъэмрэ 2028 - 2029 гъэхэм тещIыхьа республикэ бюджетым и IуэхукIэ» КъБР-м и законыр. КъищынэмыщIауэ, къэпщытэныгъэ Iуэ­ху­гъуэ куэд дубзыхуащ, ахэр лIэужьыгъуэ 30-м щIегъу. Комитетхэм, Парламентым и Президиумым я зэIущIэхэр щI­ы­пIэхэм жы­джэру зэрыщедгъэкIуэкIым иджыри къы­пыт­щэ­нущ, - къыхигъэщащ Егоровэм. - Урысейм и лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым ­КъБР-м и Парламентым гулъытэ хэха хуищIынущ парламент зэхуаку зэдэлэжьэныгъэр гъэбыдэным.
Егоровэ Татьянэ хэхауэ къыхигъэщхьэхукIащ ­УФ-м и ФС-м и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэ­хуэ­сыгъуэм и депутатхэмрэ щIыпIэ самоуправ­ленэм и де­путатхэм­рэ къапэщылъ хэхыныгъэ­хэм зэры­зы­хуагъэ­хьэзырыр, ахэр къэралым къыпэщылъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр.
«Комитетым и сыхьэтым» хыхьэу КъБР-м и Пар­ла­ментым и Президиумым и зэIущIэм уб­гъуауэ къы­щыпсэлъащ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и уна­фэщI Джэш Вячеслав.
Хэхыныгъэхэр фокIадэм и 18-20-хэм къызэгъэ­пэ­щынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ республикэр хуэ­хьэ­зырщ, абы цIыху минищым нэблагъэ щы­лэжьэнущ.
Урысейм и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм (ЦИК) къищтащ политикэ партипщIым я кандидатхэм я федеральнэ спискэхэр. Iэ щаIэт махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм муниципальнэ хэхакIуэ кампаниеу 122-рэ щекIуэкIынущ. Республикэм и щIыналъэ хэхакIуэ комиссэхэм дзэ Iуэху хэхам хэта цIыху 69-рэ кандидату щатхащ.
Джэшыр тепсэлъыхьащ хэхакIуэхэм хъыбар егъэ­щIэнымкIэ ягъэзащIэ «ИнформУИК» проектыр зэрызэфIагъэкIар, фэтэр, унэ къэс къакIухьурэ цIыхухэм хъыбарыр зэрыIэрагъэхьар. А лэжьыгъэ иным цIыху 1400-м щIигъу хэтащ, проценти 100-кIэ унэхэр къызэхакIухьащ, хэхакIуэхэм я процент 95-м хъыбар ирагъэщIащ. Абы ипкъ иткIэ къахутащ цIыху мин 18-м щIигъум унэм къыщIэмыкIыу Iэ яIэ­тыну гукъыдэж зэращIар.
Апхуэдэу хэхыныгъэхэм къыщагъэсэбэпынущ «Мобильнэ хэхакIуэ» системэр. А механизмым Iэмал къует къэралым и сыт хуэдэ хэхыпIэ участкэр нэхъ уфIэтыншми, Iэ щыпIэтыну, зэпымыууэ е пIалъэкIэ зыщрагъэтха щIыпIэм и мызакъуэу. ЗдэщыIэ щIыпIэм Iэ щаIэтыну лъэIу тхылъхэр ятхакIэщ цIыху минрэ ныкъуэм щIигъум.
Джэш Вячеслав къыхигъэщащ хэхакIуэ бюллетенхэр гъэхьэзырыныр къызыхуэтыншэу зэрызэ­фIа­гъэкIар. ФокIадэм и 7-м щегъэжьауэ ахэр республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ ок­ругхэмрэ ирагъэхь, фокIадэм и 11-м зэфIэкIынущ.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ хэхыныгъэ Iуэхур зэIухауэ, нахуэу, шынагъуэншэу къызэгъэпэщыным хуэунэтIа лэжьыгъэми.
- ХэхакIуэ кампаниер пIалъэм тету йокIуэкI. Хэ­хыпIэ псори ягъэхьэзыращ икIи зыхуеину технологие IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. КъБР-м и Хэ­хакIуэ комиссэр хуэхьэзырщ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и депутатхэмрэ я хэхыныгъэхэр егъэкIуэкIыным, - жиIащ Джэ­шым. 
Парламент фракцэхэм я унафэщIхэу Кебеков Владимиррэ («Захуагъэ здэщыIэ Урысей») Пащты Борисрэ (КПРФ) КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм фIы­щIэ хуащIащ, IуэхущIапIэм политикэ партхэм я щIы­налъэ къудамэхэм сыт щыгъуи зыхуэныкъуэ къы­зэгъэпэщыныгъэ-методикэ дэIэпыкъуныгъэ зэ­рыритым папщIэ.
Республикэм и Парламентым Законодательст­вэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и лэжьыгъэр къэралым щынэхъыфIхэм ящыщу къилъытащ. 
ЕкIуэкIа псалъэмакъым кърикIуахэм, къыхалъ­хьа жэрдэмхэм япкъ иткIэ, КъБР-м и Парламентым и Президиумым унафэ къищтащ.
ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ хабзэ зыбжанэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным. Парламентархэр тепсэлъыхьащ федеральнэ законхэм я проектхэм, къэралым и щIыналъэхэм къикIа хабзэубзыху жэрдэмхэм, щэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, УФ-м судья зэгухьэныгъэм и органхэм, УФ-м и турист лэжьыгъэм и лъабжьэхэм ятеухуауэ зэрызыкъыхуагъэзахэм, административнэ хабзэхэр къы­зэпызыудхэм ятеухуауэ Урысей Федерацэм и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным, нэгъуэщI­хэми.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.