«Спартак-Налшыкым» и гугъапIэхэр.

«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур зыгъэсэныгъэхэр ирегъэкIуэкI. Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яухри, «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ унафэщIхэмрэ тхьэмахуитI ипэкIэ къызэхуэсыжащ. Абы ирихьэлIэу командэм и тренер нэхъыщхьэри ягъэуващ – ар иужь илъэсхэм гупым и тренер нэхъыжьу лэжьа КIэбышэ Заурщ. Ди щIалэхэм ерыщу зыхуагъэхьэзыр мазитI дэкIмэ щIэзыдзэжыну 2019-2020 гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэм. ДяпэкIэ зыщыгугъ ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэр, дауи, я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкI топхэращ - армырауэ текIуэныгъэхэр щыIэнукъым. АбыкIэ гупым и гугъапIэ нэхъыщхьэщ екIуэкI зэпеуэм пщIэнейрэ къыщыхэжаныкIауэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм гъуащхьауэхэм я зэныкъуэкъуныгъэм щыпашэхэм ящыщ Бацэ Къантемыр.
ЗэрыфщIэжщи, Урысей Федерацэм футболымкIэ етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ нэгъабэ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 3-м 0:8-уэ «Спартак-Налшыкыр» «Алания»-м Владикавказ къыщыхагъэщIа иужькIэ, ди командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта Трубицин Сергей трагъэкIри, абы и къалэну щытахэр пIалъэкIэ и пщэ иралъхьащ КIэбышэ Заур.
- Тренер нэхъыщхьэм и къулыкъум дгъэувыну щIалэ зыбжанэм дахэплъащ, - къыджиIащ «Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн. - Дэтхэнэми зыхуэдгъэзащ, гупсэхуу депсэлъащ. ЗэдгъэщIащ я мурадхэр, тэмэму лэжьэн папщIэ зыхуеинухэр. А псом иужькIэ КIэбышэ Заур дыкъытеувыIащ. Ар илъэс куэдкIэ ди командэм щыджэгуащ, гупым и щIалэгъуалэр игъэсащ. Иужь илъэсхэм «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыжьу лэжьащ икIи и IэщIагъэм фIыуэ хещIыкI. Абы иджы дэIэпыкъунущ Битокъу Тимуррэ Къумыкъу Артуррэ.
«Спартак-Налшыкым» и унафэщIыщIэхэм къалэн щащIащ иджыпсту зыхэт 2019 - 2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэр командэ нэхъыфIитхум ящыщу кърахьэлIэну. ЗэкIэ ар епщыкIузанэщ. Къэнэжа джэгугъуэ пщыкIутIым ди щIалэхэм хуабжьу гугъу зрагъэхьын хуейщ етхуанэ увыпIэр нэхъ мыхъуми зыIэрагъэхьэн папщIэ, иджыпсту абы очкоуэ 8-кIэ зэрыпэжыжьэр къэплъытэмэ. АрщхьэкIэ яхузэфIэмыкIын Iуэхум хэлъкъым.
Медицинэ къэпщытэныгъэхэр зэфIагъэкIри, щIышылэм и 20-м щыщIэдзауэ «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм зыхуэгъэсэн ди республикэм и къалащхьэм щыщIидзащ. Махуэм «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым, пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионым зыщагъэсащ а мазэр иухыхукIэ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щызэхэт зэхьэзэхуэм гъатхэпэм щыщIэзыдзэжыну «Спартак-Налшыкым» мы илъэсым и япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр щIышылэ мазэм и кIэух махуэм иригъэкIуэкIащ. Ди къалащхьэм и Сабий стадионым абы щыхигъэщIащ Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ» командэр.
Зыгъэсэныгъэм и япэ Iыхьэр, «Спартак-Налшыкым» зэрихабзэу, зэхуищIыжащ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэкIэ. Абы щагъэбелджылащ иджыри къэс къайхъулIахэмрэ адэкIэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.
Ди щIалэхэм мы гъэм япэу ныкъуэкъуэгъу къахуэхъуа Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-р Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къадыхэтщ икIи очкоитхукIэ къащхьэщыкIауэ ебгъуанэ увыпIэм щыту зэхьэзэхуэр зэпагъэуащ. «Спартак-Налшыкыр» турнир таблицэм иджыпстукIэ щыепщыкIузанэщ, джэгугъуэ пщыкIуийм яужькIэ очко пщыкIубгъу зыIэригъэхьауэ.
Абыхэм я зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр нэхъыбэу зыфIэхьэлэмэтыр я тренерхэрат. Дэтхэнэми Iэмал иIащ я футболистхэм я нобэрей щытыкIэр зригъэлъагъуну, зыхагъэхьэну зыкIэлъыплъхэр ягъэунэхуну. Апхуэдэу щыт пэтми, гуапэщ «Спартак-Налшыкыр» мы гъэм и япэ зэIущIэм зырыщытекIуар. Бжыгъэр 2:1-уэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжащ. ХьэщIэхэм япэу бжыгъэр къызэIуаха пэтми, налшыкдэсхэм абы и жэуапу топитI иратыжащ.
Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм иужькIэ, загъэпсэхуну ди щIалэхэр махуищкIэ зэбграгъэкIыжащ. Мазаем и 4-м, ахэр Нартсанэ (Кисловодск) ежьащ, тхьэмахуитIкIэ щыIэну. Абы я зыгъэсэныгъэм щыпащэну я мурадщ. Дауи, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зыбжани ирагъэкIуэкIынущ, ауэ хьэрхуэрэгъу яхуэхъунухэр зэкIэ яубзыхуакъым.
«Спартак-Налшыкым» иджыри къэс хэтахэм ядэщIыгъуу етIуанэ зэхуэсыгъуэм здашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол школхэм я гъэсэн щIалэщIэ зыбжанэ. Абыхэм Iэмал хъарзынэ ягъуэтынущ ди командэм и тренерхэм гу зылърагъэтэну.
Гъуащхьауэ Бацэ Къантемыр ящыщщ КIэбышэ Заур къызэригъэпэщ командэщIэм лъабжьэ быдэ яхуэхъунухэм. ЖыпIэну ирикъунщ, 2019 - 2020 гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIа топ 18-м ящыщу 10-р зейр зэрыарар. А Iуэхугъуэр къэдгъэсэбэпри, упщIэ зыбжанэкIэ Къантемыр зыхуэдгъэзащ.
-Сэ сыкъыщалъхуари, топ джэгуным зыщыхуезгъэсари Налшыкщ, - къыщIидзащ абы и псалъэмакъыр. - Курыт еджапIэ №5-м топ къыщехуэкIын щезгъэжьащ. Ебланэ классым сынэсауэ школ №31-м сагъэкIуащ, топджэгум щыхуагъасэт абыи. Си япэ гъэсакIуэу щытар Налшык и «Спартак»-м и футболист, тренер цIэрыIуэу щыта Хьэнцэ Аслъэнбэчщ. Аращ зыкъомкIэ зи фIыгъэр си гъащIэр топджэгум зэреспхар.
-АдэкIэ даурэ уи Iуэхухэр екIуэкIа? - жытIэу дыщеупщIым къыпищащ:
-ЕпщыкIузанэ классым сыщIэсу Налшык и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым и унафэщIхэм гу къыслъатащ. Сахыхьэри, зыгъэсэныгъэхэм ерыщу сыхэтащ. 2011 гъэм гуп нэхъыжьым сыкъащтащ икIи япэ профессиональнэ контрактым Iэ щIэздзащ. Си жагъуэ зэрыхъущи, абы щыгъуэм куэдрэ сагъэджэгуакъым. И Iуэхухэр зэIыхьэри, «Спартак-Налшыкыр» япэщIыкIэ премьер-лигэм, итIанэ япэ дивизионми къыхагъэкIащ. Командэр фIызэтрихьа щIыхуэм щIигъэнати, зыри къыдэлIэлIэщакъым икIи щхьэж и Iуэху зэрыхъум хуэдэу дызэбгрыкIащ. Тренер цIэрыIуэ Стукалов Борис щылажьэ «Биолог-Новокубанск»-м апхуэдэ щIыкIэкIэ бэджэнду сратащ. Абы куэдым сыхуигъэсащ икIи фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ. Илъэс ныкъуэ дэкIри, Налшык къэзгъэзэжащ, арщхьэкIэ мыгувэу аргуэру бэджэнду сатащ. Иджы - мейкъуапэ и «Дружба»-м. Абы и тренер нэхъыщхьэт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI Шумахуэр. Илъэс дэкIыу къыщызгъэзэжам, ди зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр иухакIэт. Сэр-сэру командэщIэ къэслъыхъуэн хуей хъуащ. Къырымым и Севастополь, Феодосие, Керчь къалэхэм я гупхэм сыщыджэгуащ икIи, Iэмал зэрызгъуэту, 2017 гъэм и етIуанэ Iыхьэм, «Спартак-Налшыкым» къэзгъэзэжауэ сыхэтщ. ЗэрыслъэкIкIэ сэбэп сызэрыхуэхъунум сыхущIокъу.
Бацэ Къантемыр щIыпIэ куэд къызэхикIухьами, зыщIэхъуэпсыр щалъхуа, топджэгум зыщыхуигъэса щIыналъэм и пщIэр ихъумэнырт, ар иIэтынырт. Абы и зэфIэкIхэм хигъахъуэ зэпытщ. Къапщтэмэ, 2017-2018 гъэхэм щыIа зэпеуэм зэрыхэта джэгугъуибгъум зы топ щыдигъэкIамэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым ар хуэдиплIкIэ игъэбэгъуащ. Нэгъабэрей зэхьэзэхуэр абы фIы дыдэу къехъулIащ икIи зэIущIэ пщыкIублым пщIэ къыщыхэжаныкIащ. Зэпеуэр иухыным иджыри джэгугъуэ пщыкIутI иIэжщ икIи Къантемыр и топ бжыгъэхэм зэрыхигъэхъуэнум шэч хэлъкъым.
-Фи хьэрхуэрэгъухэм яхудэбгъэкIа топхэм ящыщу дэтхэнэра нэхъ уфIэдахэр? - жытIэу дыщеупщIым абы къыджиIащ:
-ДэзгъэкIа топ псори си дежкIэ дахэщ. Уеблэмэ метр пщыкIузым и деж сыщыту ар къызэхъулIами. Дэтхэнэри си быным хуэдэщи, зыр япэ изгъэщу адрейр иужь къизнэфынукъым.
Бацэ Къантемыр и зэпIэзэрытагъымрэ гупым щиIэ пщIэмрэ я щыхьэтщ, зэIущIэр щекIуэкIым и деж командэм къилэжьа пенальтим еуэну дзыхь зэрырагъэзыр. ИкIи ар абы егъэпэж. Щапхъэу урикъунщ нэгъабэ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м щыдэджэгуар. Ди гупыр къыхагъащIэу, судьям джэгум къыщIигъуа дакъикъэхэр щиух дыдэм, налшыкдэсхэм пенальти къалэжьащ. Ар дагъэкIмэ, зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухынут. Къантемыр, зэрихабзэу, тегушхуэныгъэ ин хэлъу топыр къищтащ икIи метр пщыкIузым и деж тригъэтIысхьэри, бжыгъэр зэхуэдэ ищIащ.
Абы дигъэкIа топхэм текIуэныгъэ куэд къыхуихьащ «Спартак-Налшыкым». Аращ гъэр щиухым топджэгум тетхыхь журналистхэм ирагъэкIуэкI щIэупщIэныгъэм ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIхэм ящыщ зыуэ 2019 гъэм къыщIалъытар. Япэ къищар гупым и капитан Щоджэн Борис и закъуэщ. И топхэм ящыщу тIу зэуэ нэхъыфIу къащыхъуащ.
Зи ныбжьыр илъэс тIощIрэ хы фIэкIа мыхъуа Бацэ Къантемыр и къару илъыгъуэ дыдэщ. Командэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыджэгуу ар зэIущIи 105-м хэтащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топ 28-рэ щахудигъэкIащ. Ахэр ехъулIэныгъэшхуэщ, ауэ абы и дежкIэ гъунапкъэкъым.
Гъатхэпэм и 14-м «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм щыщIидзэжынущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм. Япэ дыдэ джэгугъуэм абы къригъэблэгъэнущ зэпеуэм бжьыпэр куэд щIауэ щызыIыгъ икIи щыкIуам 6:0-у къытекIуа Астрахань и «Волгарь»-р. Абы ди щIалэхэм ерыщу икIи гужьгъэжь яIэу зэрызыхуагъэхьэзырым шэч хэлъкъым. ПIалъитIкIэ налшыкдэсхэм Нартсанэ зыщагъэсэнущ икIи иджыпсту ягъэтIылъ лъабжьэм елъытащ адэкIэ яIэну ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэнур.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.