Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэр иужьрей гъуэгуанэм щытрагъэувэжа фэеплъ пэкIум. Ди республикэм и УнафэщIыр зи пашэ гупым хэтащ КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ, УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ Советым хэт Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и пашэм и къуэдзэ Сыжажэ Алим сымэ. Фэеплъ пэкIум къыщыпсэлъащ КIуэкIуэ Казбек. Абы и псалъэм къыхигъэщащ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным МэшбащIэ Исхьэкъ хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIар, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я деж абы пщIэшхуэ къызэрыщилэжьар.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










