Сабийхэм я гум гуапагъэ иралъхьэ![]() Налшык Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модель библиотекэм щекIуэкIащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм траухуа зэIущIэ дахэ. Кърагъэблэгъат библиотекэм екIуалIэ цIыкIухэр. Сабийхэр хэтащ «Любовь на века» зыфIаща мастер-классым. ЩIалэ, хъыджэбз цIыкIухэм щIыуэпсым и теплъэр, лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэхэр сурэту ящIащ. НыбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщат тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуи, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм, хабзэхэм, псэукIэм, тхыдэм теухуауэ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









