СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ щокIуэкI. «Ди адэхэм я щIыналъэ» зи фIэщыгъэ зэIущIэм утыку къыщихьащ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Москва щиIэ и къудамэм хэт Анаев Мурат и IэдакъэщIэкI сурэтхэр. ЖыпIэ хъунущ ар абы и ныб- жьыр илъэс щэщIрэ тхурэ щрикъу фокIадэ мазэм ирихьэлIэу къызэригъэпэщауэ.
Пэшым узэрыщIыхьэу нэм къыIуидзэр нэхъыбэу лэч гъуабжэлъабжэкIэ лэжьыгъэхэр зэрыщIарщ. АрщхьэкIэ абы иплъагъуэхэм апхуэдизкIэ уи гур ягъэхуабэ, уи псэр дахьэхри, плъэмыкIыу упагъэгуфIыкI, дэтхэнэм и дежи укъыщызэтрагъэувыIэри дакъикъэ бжыгъэкIэ узэтраIыгъэ. Сыт и уасэ гущэр щIэзыупскIэ анэшхуэм и нэгу угъурлыр, хьэмэрэ упщIэ зыгъапцIэ бзылъхугъэхэр зыпэрыт Iуэхум зэрыдихьэхыщар? Пхъэщхьэмыщхьэр къызыщхьэпрыщэщ кумбыгъэр зи дамэм тет цIыхубзым и теплъэ дахэр! Жыжьэрыплъэу, лъэпкъ фащэ щыгъыу губгъуэм ит щIалэщIэм и уардагъэр! Щыгъын тIорысэ зыщыгъ цIыхубзым и лэдэххэм псалъэншэу къыбжаIэ къомыр! Куэд мэхъу ахэр, языхэзми зы гурыщIэ щэху гуэр ехъумэ, зы гугъэ къызэрымыкIуэ уегъэщI, зы хуабагъэ-гуапагъэ къыпкърокI… Абыхэм иджы япэу дрихьэлIэу аракъым, ауэ апхуэдизкIэ щIэщыгъуэу, езым зэрилъагъум хуэдэу сурэтыщIым «къыджеIэж».
КъэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщIаху дагъэр къигъэсэбэпурэ сурэт ещI Мурат, жыпIэнурамэ нэхъапэм щыIа лэжьэкIэ жыпхъэращ зытетыр. Авангард гъэлъэгъуэныгъэхэм дыкъыщыщыхута иужькIэ куэдрэ къохъу лэжьыгъэхэр сыту пIэрэ зытеухуар, абыкIэ художникым жиIэну зы-хуеяр жытIэу дыщызэупщIыж. Мурат и IэдакъэщIэкIхэр IупщIщ, аращ къызэрыгуэкIыу щIэтеплъафIэри. Къуршхэм, мывэхэм, псыхэм, удзхэмрэ уэсымрэ, нэгъуэщIхэми блэкIа да-хэм, куэд щIауэ цIыхупсэр зыхуэзэша Iуэхугъуэхэм ухуашэж, зэрыщыт дыдэм хуэдэу иджы япэу тлъагъуми ярейщ ахэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм къигъэуш гурыщIэхэр ебгъапщэ хъунущ бгырыс къуажэ жыжьэ гуэрым ущыIэм. ЦIыхухъум и еплъыкIэщ цIыхухъуIэм ищIа лэжьыгъэхэр. КъызэрыгуэкIщ, ауэ гупсысэшхуэ зыщIэлъщ, гъуабжэлъабжэщ, ауэ къапкърыкI гурыщIэкIэ щхъуэкIэплъыкIэщ абы и IэрыкIхэр.
ЗэIущIэм гуапэу къыщыпсэлъахэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ, СурэтыщIхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Додуевэ Iэсият, «Эльбрусойд» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Анаев Марат сымэ. Абыхэм псоми къыхагъэщащ, и IэдакъэщIэкIхэм тепщIыхьмэ, къэралым и къалащхьэр псэупIэ хуэхъуами, гукIи псэкIи и адэжь лъапсэм зэрепхар, зэрыжаIэу абы и гъурми и цIынэми зэрыщыгъуазэр, и тхыдэр фIыуэ зэрищIэр, и нэхъыжьхэм я IуэхущIафэр, я дунейр зэрыщымыгъупщар, къызыхэкIа лъэпкъым зэрыхуэфащэр. Мурат и гъэлъэгъуэныгъэ Москва щекIуэкIащ, ХудожествэхэмкIэ Урысей академиемрэ ди сурэтыщIхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэмрэ илъэс етхуанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм зыбжанэрэ щытекIуащ. Тхылъ тедзапIэми къыщыдэкI тхылъ зыбжанэ игъэщIэрэщIащи, абы и ныбжьым апхуэдэ зэфIэкI зэриIэр умыгъэщIагъуэу къанэркъым.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуа псоми (СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, СурэтыщIхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм я лэжьакIуэхэм), абы кърихьэлIахэми, псалъэ гуапэ къыхужызыIахэми фIыщIэ яхуищIащ езы Мурэт. И лэжьыгъэхэр цIыху нэхъыбэм ялъагъумэ, абыхэмкIэ жиIэну зыхуейр къагурыIуэмэ зэрыгуапэр къыхигъэщащи, гупыж зыщI псори музейм фрагъэблагъэ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.