ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ. «КРСТ» къэрал программэм тету, УФ-мрэ КъБР-мрэ Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэхэм къызэрагъэпэща «Урысейм и шхыныгъуэ гурыхьхэр» фестивалым жыджэру хэтащ икIи къыщIагъэкI ерыскъыхэкIхэр щагъэлъэгъуащ къэралым и щIыналъэ 40-м щIигъум. КъыжыIапхъэщ, мы зэхыхьэр япэу Кавказ Ищхъэрэм зэрыщекIуэкIыр.
Фестивалыр къызэIуахащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м мэкъу­мэш хозяйствэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Шевёлкинэ Ксениерэ. ЗэгурыIуэныгъэм и утым къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэхэм ахэр еплъа нэужь, къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэкIэ зыхуагъэзащ.
- УФ-м мэкъумэш хозяйст­вэмкIэ и министр Лут Оксанэ фIыщIэ ин хузощI жылагъуэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мыпхуэдэ зэхыхьэ гъэ­щIэ­гъуэныр Къэбэрдей-Балъ­къэрым щедгъэкIуэкIыну Iэмал къызэрыдитам папщIэ. Иджыпсту къэралым щагъэзащIэ мэкъумэшым и лэжьакIуэхэм ядэIэпыкъуным, агропромышленнэ комплексым зегъэужьыным теухуа Iуэху­хэр. Абы и фIыгъэкIэ къуа­жэдэсхэм Iэмал яIэщ къыщIагъэкI шхыныгъуэхэр ирагъэ­фIэкIуэну, иджырей Iэмэ­псы­мэхэр къагъэсэбэпыну. Ар щхьэпэщ фIагърэ щIэупщIэрэ зиIэ, нэгъуэщIхэм ефIэкI ерыс­къыхэкIхэр къыщIагъэ­кIынымкIэ. Нэхъыщхьэращи, ахэр нэгъуэщIхэм иращэныр къэралым и дежкIэ шына­гъуэншэу щытынущ. Фестивалыр къызэзыгъэпэщахэм­рэ абы хэтхэмрэ фIыщIэ яхуэфащэщ,- жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэ­лъагъуэ мэкъумэшым и лэжьакIуэхэм зэрадэIэпы­къум, къуажэхэм зэрызау­жьым и щапхъэ. Республикэм и щIыналъэ псори жы­джэру хэтщ жылэхэм я Iэгъуэ­благъэхэм зегъэужьы­ным теухуа къэрал программэм. Абы щыщ Iыхьэщ «Урысейм и шхыныгъуэ гурыхьхэр». Фигу къэзгъэкIыжынщи, ар нэгъабэ Тэтэрста­нымрэ Смоленскэ облас­тым­рэ щедгъэ­жьащ. Иджы Къэбэрдей-­Балъ­къэ­рым щыпыдощэ, - жиIащ Шевёлкинэ Ксение. - МахуитIым къриу­быдэу Налшык и утым щызэ­блэкIынущ къэралым и щIыналъэхэм щыIэ ерыскъы­хэкIхэмрэ шхы­ны­гъуэхэмрэ я лIэужьыгъуэм­рэ IэфIагъымрэ кIэлъы­плъы­ну цIыху мин 40-м щIигъу.
Фестивалыр къызэIуаха нэужь, республикэм и Iэтащхьэмрэ Урысейм и лIы­кIуэ­хэмрэ гъэлъэгъуэныгъэр ще­кIуэкI утыкум зыщаплъыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм хьэщIэхэр ирагъэплъащ я шхыныгъуэ гурыхьхэм, Iэп­щIэлъапщIэхэм я ехъулIэныгъэхэм, нэхъри заужьыным теухуауэ яIэ мурадхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­псэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ махуитIым къриубыдэу зыхагъэгъуэзащ Урысейм и хэгъэгухэм я ерыскъыхэкI, шхыныгъуэ минхэм (гъэшхэкI, лы­хэкI, бдзэжьейхэкI, фо лIэу­жьы­гъуэхэм, пхъэ­щхьэмыщ-­
хьэ­хэм, хъыршын, лэкъум, хьэлыуэ, нэгъуэщI лъэпкъ шхыныгъуэхэм, IэфIыкIэхэм, фIэIугъэхэм, шей, псыIэфI жыпIэми. Апхуэдэу кIэлъы­плъащ хьэщIэхэм къадекIуэкI хабзэхэми. Дэтхэнэ зы щIыналъэми игъэлъэгъуащ лIэщIыгъуэкIэрэ къыщIагъэкI ерыскъыхэкIхэмрэ абыхэм я гъэ­хьэ­зырыкIэм щIэблэр зэрыщагъэгъуазэхэмрэ. 
Къэралым и цIыху мин бжыгъэхэм, зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу­хэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм елэжь хьэрычэты­щIэ­хэм я ­гуащIэ укIэлъыплъыну гухэ­хъуэт. Псалъэм папщIэ, ягъэ­хьэзырат Урысейм нэхъ ин дыдэу къыщалъыта адыгэ хьэлыуэр. Тэрч щIыналъэм хыхьэ ХьэпцIей къуажэм и пщафIэхэм ящIа, килограмм 260-рэ зи хьэлъагъ, зи хъуреягъыр метритIым щIигъу мы шхыныгъуэр къэралым и рекорду къалъытащ. Пхъэщхьэ­мыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ къыхэщIыкIа теплъэгъуэхэр псоми ягу дыхьащ. Аниматорхэмрэ Урысейм и щIыналъэ­хэм щыпсэу лъэпкъхэм я ­фащэхэмкIэ зызыхуэпа артистхэмрэ фестивалым зы­къ­ре­зы­гъэхьэлIахэм я нэгу зра­­гъэу­жьащ. 
Зэраубзыхуам тету, утым сабийхэмрэ балигъхэмрэ яхуэ­гъэза творческэ мастер-классхэр махуитIми ятащ. Апхуэдэт хьэпIацIэщыгъэ блэ­ныр, удз гъэгъахэр Iэрамэу зэхэгъэувэныр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэр, зэрыджэгу хьэп­шып­хэр гъэхьэзырыныр, гип­сым къыхэщIыкIа скульпту­-
­рэ­хэм, пхъэ значок­хэм сурэт тещIыхьыныр, открыткэхэр щIыныр, гъукIэ IэщIагъэм зыхэгъэгъуэзэныр, нэгъуэщIхэри. Нэхъ цIыкIу дыдэхэм ­папщIэ аквагрим Iуэхур къыхалъхьащ. Сурэтхэр щызыт­ра­гъэх плIанэпэхэ­ри утым щагъэуват.

Къызэхуэсахэр яфIэгъэщIэгъуэну кIэ­лъыплъащ Кавказым и лъэпкъ шхы­ныгъуэхэр зыгъэхьэзыр пщафIэ Iэзэ, «Чабан» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Чеченов Бисо ита мастер-классхэм. Абы игъэ­лъэгъуащ балъкъэр хъыршы­ным­рэ адыгэ лыгъур лыбжьэмрэ я гъэхьэ­зырыкIэхэм я щэхухэр. ЦIыхухэр дихьэхыу еплъащ «Каббалкптица» IуэхущIапIэм и пщафIэм адыгэ джэдлыбжьэ зэрищIым, «Велес-агро» фабрикэм и лэжьакIуэм лыхэкI зэрапщэфIым триухуа и мастер-классым.
ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым исхэм дахагъэр зыхалъхьэ щы­мы­Iэу ­къогъуэгурыкIуэ. IэпщIэлъапщIэ­хэм ягъэлъэгъуащ фэм, абджым, гъуап­лъэм, фарфорым, ятIэ гъэжьам, пхъэм къыхащIыкIа я IэрыкI гъэщIэгъуэнхэр, хьэпIацIэщыгъэкIэ бла Iэпщэхъухэр, мывэ лъапIэхэмкIэ гъэщIэрэщIа хьэп­шыпхэр, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэмрэ абыхэм ящIыгъу пкъыгъуэхэмрэ. 
Утым къыщызэрагъэпэща концертыр махуитIми ягъэдэхащ Кавказ Ищхъэ­рэр зэрыгушхуэ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ нэхъыфIхэм. Фермерхэм къызэ­рагъэпэща насыпырыхь джэгу-зэпеуэ­хэми хэтащ къызэхуэсахэр. Пщы­хьэ­щхьэм утыкур ягъэдэхащ уэрэд­жы­Iа­-
кIуэ цIэрыIуэхэу Хьэжырокъуэ Сулъ­тIанрэ ЕлъэщIыIэ Ислъамрэ.
Фестивалыр унагъуэхэм я зыгъэ­псэ­хупIэ хъуауэ жыпIэ хъунущ, сабии балигъи абы зэрызэхуишэсар къэплъытэмэ. 
Урысейм и шхыныгъуэ гурыхь лIэу­жьыгъуэхэм, ерыскъыхэкIхэм я IэфIагъыр зыхуэдэм цIыхухэм зыщагъэгъуэза къудей мыхъуу, зыхуейр къащэхунуи Iэмал яIащ. Ар хуэунэтIащ Урысейм къыщыщIагъэкI ерыскъыхэкIхэр зы­хуэдэм цIыху нэхъыбэ щагъэгъуэзэ­ным, я щIэупщIэм хэгъэхъуэным, IуэхущIапIэ цIыкIухэм гулъытэ хуащIыным, абыхэм зрагъэужьыным. Урысейм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и илъэ­сым мыр ерыскъыхэкIхэм я махуэ­шхуэм и мызакъуэу, щIыналъэхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъри зыгъэбыдэ, хьэ­щIагъэ хабзэр щызэрахьэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ щызэдэгуашэ зэхы­хьэ гуапэ хъуащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.