Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

Концертыр ирагъэжьащ усэрэ макъамэкIэ. Абы хыхьэу зыкъэзыгъэлъэгъуа артистхэм я фэилъхьэгъуэхэм ­хаухуэнат ди республикэр къызэрацIыху щIыналъэм и псыежэххэр, бгы­щхьэ хужьхэр, уафэ къабзэр зи дамыгъэ хъуа лъэпкъ ныпым и плъыфэхэр. 
Утыкум псалъэ гуапэхэр щыIурт, къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэми хуэдэу, зи бзэкIэ, щэнхабзэкIэ, зэрыт динкIэ зэщхьэщыкI лъэпкъ зэмылIэу­жьыгъуэхэм щыщхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгурыIуэрэ зэныбжьэгъугъэрэ яку дэлъу зэрыщыпсэур, зэрызэдэла­жьэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яхуэгъэза хъуэхъухэр экранымкIэ къатащ щIыналъэм исхэр зэрыгушхуэ спортсмен цIэрыIуэхэм, щIалэгъуалэ жыджэрхэм, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къабгъэдэкIыу.
Лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр къызы­щыпс, республикэм и къэфакIуэ гупхэр утыкум нэхъри щызэкъуагъэуват «Псы», «Жьы», «ЩIы» къафэ теплъэгъуэхэм. КъБР-м и Музыкэ театрым и хорым и уэрэджыIакIуэхэм, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм, ГъуазджэхэмкIэ школхэм я гъэсэнхэм зэдагъэзэщIащ «Родина» уэрэдыр. Iэгуауэ мыухыж ­хуаIэтащ «Къафэ»-р зыгъэзэщIа дызэ­рыгушхуэ, дуней псом къыщацIыхуа «Кабардинка» ансамблым.
Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Москва щылажьэ Хардай Мухъутар, ди республикэм и уэрэд­жыIакIуэхэу Хьэжырокъуэ СулътIан, ДыщэкI Артур, Текуев Амур, Жаникаев Эльдар, Даут Сусанэ (Адыгэ Республикэ), Думэныщ Лианэ (Къэрэшей-Шэрджэс), Царикаевэ Аланэ (Осетие Ищхъэрэ-Алание), Ахмадовэ Хавэ (Шэшэн Республикэ), Ингушетием къикIахэу Алиевэ Айнэрэ уэрэдымрэ къафэмкIэ «Магас» къэрал ансамблымрэ, уэрэ­дымрэ къафэмкIэ «Тэрч къэзакъхэр» гупым, «Балкария», «Намыс», «Амра», «Эльбрус», «Нирвана» ансамблхэм. 
Пшыхьыр зэхуащIыжащ хорым хэтхэмрэ концертыр зыгъэдэха уэрэд­жыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ зэдагъэзэщIа уэрэдымкIэ. Утыкум щыхъуэхъуащ республикэм мамырыгъэ, зыу­жьыныгъэ иIэну, ефIэкIуэну, лIэ­­щIы­-
­гъуэкIэрэ лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэ дахэхэр яхъумэну.
«СигукIи си псэкIи къызбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI ди ­къуэш щIыналъэхэм - Адыгэ, Дагъыстэн, Ингуш, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Шэшэн республикэхэм - къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и артистхэм я гъу­сэу ди гуфIэгъуэр къыддэзыгъэдэха, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэшхуэм теухуа концертыр гуапэу къыддэзыIыгъа уэрэд­жыIакIуэхэмрэ къэфакIуэ­хэмрэ. Махуэшхуэр къызэзыгъэпэщахэми фIы­щIэ фхуэфащэщ. Ар къызэ­рывэ­хъулIам, щIыналъэм исхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ я гукъыдэжым абы зэрыхигъэхъуам шэч хэлъкъым», - щитхащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Максым щиIэ напэкIуэцIым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:13

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.