Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIалэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теухуа зэIущIэхэр. Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща Iуэхур щыIащ Дзэлыкъуэкъуажэрэ Сэрмакърэ щэнхабзэмкIэ я унэхэм.
ЗэIущIэхэм хэтащ къулыкъущIэхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр, психологхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, ныбжьыщIэхэр. Дзэлыкъуэкъуажэ щекIуэкIа Iуэхум еблэгъащ «КиберПатруль» клубым и унафэщI Кушбокъуэ Тамерлан, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, психолог Хьэмыз Аслъэн, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ КIэрэф Жамболэт, Урысейм и МВД-м и щIыналъэ къудамэм Дзэлыкъуэ районым щыIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балэ Феликс, дзэ Iуэху хэхам щыIа, физикэмкIэ егъэджакIуэ Къалэжьокъуэ Аслъэн, районым щэнхабзэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ щыIэ къудамэм и унафэщI КIурашын Iэсият, щIыналъэм и администрацэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и къудамэм и унафэщI Гугъуэт Астемыр.
Сэрмакъ щекIуэкIа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и щIалэгъуалэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Маргъущ Залым, КъБР-м и Парламентым и депутат, дзэ Iуэху хэхам и ветеран Шевчук Герман, балигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспектор Къалэ Мурат, Дзэлыкъуэ районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI КIэмыргуей Лидэ, щIыналъэм и нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Урысмамбэт Шафихь, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и модератор Мамсыр Руслан.
Iуэху щхьэпэм хэтахэр тепсэлъыхьащ щIэпхъаджагъэм пэщIэтынымкIэ, ныбжьыщIэхэр абы щыхъумэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, курыт еджапIэм щIэсхэм щIэх-щIэхыурэ ядегъэкIуэкIын хуей псалъэмакъхэмрэ ахэр IуэхуфIхэм дегъэхьэхыным папщIэ щапхъэхэмрэ. Къыхагъэщащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэм, динкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм ныбжьыщIэхэм я IуэхухэмкIэ я къудамэхэм я лIыкIуэхэр къытеувыIащ хабзэм ебакъуэхэм, щIэпхъаджагъэ зыщIэхэм яхуэгъэзауэ щыIэ тезырхэм, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр щIалэгъуалэм ядэгуэшащ я нэгу щIэкIахэмкIэ, тепсэлъыхьащ лIыгъэм, Хэку лъагъуныгъэм, жэуаплыныгъэм. Районым щыщ нэхъыжьыфI Урысмамбэт Шафихь ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ чэнджэщрэ ущиекIэ. Нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, адэ-анэр лъытэныр, дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэм уи Iэр хуэпшииныр, хабзэм тетыныр, ныбжьэгъур гъэпэжыныр зэрыхьэл дахэр ягуригъэIуащ.
ЗэIущIэхэм щагъэлъэгъуащ щIэп- хъаджагъэм зыдемыгъэхьэхыным, абы зыщыхъумэным укъыхуезыджэ видеотеплъэгъуэхэр. НыбжьыщIэхэм Iэмал ягъуэтащ къызэхуэсахэм езыхэр зыгъэпIейтей упщIэхэр иратыну. Нэхъыжьхэм абыхэм жэуап ира-тащ.
ГУГЪУЭТ Заремэ.